Сыт сабийхэр гущIэгъуншэ зыщIыр?

«Школхэм къыщыхъу мыхъумыщIагъэхэр хъыбарыщIэхэм къыщыгъэлъэгъуэныр хабзэншагъэу къэлъытэн» зыфIаща хабзэм и проект щагъэхьэзыр Къэрал Думэм. Иужьрей зэманым еджапIэхэм къиIукI хъыбар мыхъумыщIэхэрщ абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар.

Хэт зымыщIэр ныбжьыщIэхэр къызыщIэплъэрейуэ зэрыщытыр? Зэман дэкIмэ, бзаджафэ зуплъ сабийхэми ящхьэщыкI хабзэщ я псынщIагъэр. Ауэ псэун щIэзыдзагъащIэхэм гущIэгъуншагъэ щадэплъагъукIэ, «иджы щыIэхэр» нэгъуэщI зыгуэру пIэрэ жыуегъэIэ.

Пермь крайм къыщыхъуа гузэвэгъуэм зэрыкъэралу игъэгужьеящ. Добрянкэ къалэм дэт школ №5-м щIэс, илъэс 17-м ит ныбжьыщIэр урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэм сэкIэ кIуэцIыуэри, цIыхубзыр здаша сымаджэщым дунейм щехыжащ. И псэр пыт къудейуэ жьыхулъатэкIэ реанимацэм яша егъэджакIуэр къахуегъэлакъым. ЩIалэр езыр полицэм кIуэуэ заIэщIилъхьауэ жаIэ. Ауэ зиумысыжа щхьэкIэ, къуаншэу зыкъилъытэжакъым. Хабзэхъумэхэм упщIэхэр къыщратым, ар укIытауи, шынауи, зэIынауи зыми илъэгъуакъым.

Багутэ Олеся илъэс 55-м итт. Иджы къызэрыщIэщымкIэ, щIалэр илъэс ипэкIэ къыхэнэжауэ щIэст урысыбзэмкIэ егъэджакIуэм и классым. Мыгъэрей къэпщытэныгъэр итыну хуит зэримыщIарщ щIэпхъаджащIэм егъэджакIуэр зэригъэкъуаншэр. ЩIалэм цIыхубзыр ищIэр ищIэжу зэриукIам и щыхьэтщ абы чыцэм зыхигъапщкIуэу, мор къэсыху зэрыпэплъар. ИтIанэ я нэр къихуу къеплъ сабий нэхъ цIыкIухэм захуигъазэри: «Дэтхэнэ зыми мыбы и махуэр къыфхуэзгъэкIуэнущ», - яжриIащ.

ЕгъэджакIуэр илъэс 30 хъуауэ щылажьэрт мы школым. «Илъэсым и егъэджакIуэ» текIуэныгъэр я щIыналъэм къыщихьат, зэрыжаIэмкIэ, и еджакIуэхэм фIыуэ къалъагъурт. Ебгъуанэ классым я унафэщIу щытын къалэныр къыщищтам, зыукIыну еджакIуэр абы зэрыщIэсыр дэнэ щищIэнт Багутэ Олеся? Абы и анэри а еджапIэ дыдэм егъэджакIуэу щылэжьащ. Мэзкуу щыпсэууэ къыщIэкIа, илъэс 23-м ит ипхъури филологщ, езым ещхьу. УкъэзыгъэуIэбжьращи, Пермь и Iэхэлъахэм къыщыхъуа гузэвэгъуэм щытепсэлъыхь хъыбарегъэщIапIэхэм щIалэр лIыхъужьым ещхьу къыщагъэлъагъуэ: «Сэ иIыгъыу дерсхэм кIуэуэ щытащ, полицэми психиатрым дежи учётым щытащ, иужькIэ егъэджакIуэр фIигъэжащ».

Добрянкэ къалэм цIыху мин 28-рэ дэсщ. ЩIэпхъаджащIэ хъуа ныбжьыщIэр псоми яцIыхуу щытащ, абы къыхэкIыу, абы теухуауэ хэт сыт ищIэу щытми, утыку кърахьащ мы махуэхэм. Девгъаджэт цIыхухэм ятхым:

 - А щIалэм и акъылыр зэтескъым, учётым щытщ. Директорым ищIэртэкъэ ар? Сыт къыщIыхагъэнэжар?

- СызэрыцIыкIурэ соцIыху Олеся Петровнэ, фIыкIэ фIэкIа сигу къэкIыжыркъым. Си щхьэм схуигъэзагъэркъым а «псэущхьэм» егъэджакIуэм апхуэдэ ирищIэфауэ.

- Ди къалэм хьэл гугъусыгъу зиIэ сабийхэм папщIэ дэта школыр зэхуащIыжащ, арат ар щеджэн хуеяр.

- Илъэс 17-м ит Денис (и цIэр яхъуэжащ) ялъагъу мыхъуу щытакъым, ауэ хамэу къыщалъытэрт классым. Зэрыхьэлыншэм щхьэкIэ псори щышынэрт: и щхьэр блыным ириудэкIыу, еджэным хэмызагъэу, егъэджакIуэхэм ехъуэну апхуэдэт ар.

Олеся Петровнэрэ щIалэмрэ зэрызэпэщIэувэнур куэд щIауэ гурыIуэгъуэ хъуат: егъэджакIуэр абы и хьэлыншагъым пимыкIуэту, дэчых хуимыщIу апхуэдэт. Зэкъым-тIэукъым щIалэр къызэрыхагъэнэжар. Емыджэфым къыщымынэу, абы мыхъумыщIагъэ куэд далъагъуу щытащ, жэуап зыхьхэм къафIэIуэхупхъэу. ЩIалэр адрейхэм зэремыщхьым ищIыIужкIэ, сэ иIыгъыу школым къызэрыкIуэр шынагъуэт, «егъэджакIуэр фIэзгъэжынущ» псалъэхэр зэхэзыха щыIэщ, ауэ ахэр иджы уэшх къешхам кIэлъащтэжа щIакIуэщ.

Нэхъапэм Денис и классэгъу хъыджэбз цIыкIуи игъэшынэри, абы и адэ-анэр полицэм хуэтхьэусыхауэ щытащ. Псоми ящIэрт ныбжьыщIэр учётым зэрыщытыр. Уеблэмэ езы Олеся Петровнэ полицэм екIуэлIат, ныбжьыщIэм егъэджакIуэр «наркоману» зэригъэIуар хъыбарегъэщIапIэхэм иритхауэ къищIа нэужь. АрщхьэкIэ афIэкIа апхуэдэу имыщIэжыну къигъэгугъэри, закъригъэутIыпщыжащ.

ЕтIанэ гъуэгу щIалэм хъыджэбз цIыкIу гуэрым и щхьэцыр пиупщIауэ щытащ. Нэхъ цIыкIухэм яфIэнэху, «уфIэзгъэжынущ» яжриIэрт. КъарууфIэ гуэр къыпэувмэ, икIуэтыжырт, ауэ зэрызихъуэж щыIэтэкъым.

Партэхэм тегъуалъхьэурэ кIийуэ, «ЕгъэджакIуэхэм я пэшым» и щхьэр щIигъэлъадэурэ: «Псори фыфIэзгъэжынущ», - жиIэу щытауэ къаIуэтэж. АрщхьэкIэ щIалэм и анэм и хьэтыркIэ псори къагъэнэжырт. ЯукIа егъэджакIуэм и щхьэгъусэм жиIэжащ ныбжьыщIэр я унэм и хъуреягъкIэ щызекIуэу мызэ-мытIэу илъэгъуауэ. Сытыт абдежым щыпщIэр жаIэри еупщIати, жэуап пыухыкIа къаритакъым. Псэм и узыфэхэр щагъэхъуж къалэ сымаджэщым щIагъэгъуэлъхьэну жаIэурэ, къэнэжащ.

Хэт школым щызекIуэ хабзэ пхэнжхэр, хэт - къулыкъущIэ хуэмыхухэр, хэти – быным гъэсэныгъэ езымыт адэ-анэхэр егъэкъуаншэ. Ауэ езы адэ-анэхэр хэт зыгъэсэжынур? Жылагъуэ лэжьакIуэ, журналист Шевченкэ Максими тепсэлъыхьащ мы Iуэхугъуэм. Ар зэреплъымкIэ, егъэджэныгъэм епха хабзэхэр ныбжьыщIэм цIыхуфI къыхэкIынымкIэ щхьэпэ хъуркъым: «Мыпхуэдэ гузэвэгъуэхэр къагъэлъэгъуэну зэрыхэтыр ныбжьыщIэхэм закъуэтIакъуэххэрэ яIэщIэкIа псынщIагъэущ. Апхуэдэу къэмыхъун папщIэ, лэжьыгъэр зэрыщытыпхъэм зэрынэмысыр щIахъумэ. КъыдэкIуэтей щIэблэм здаунэтIыну лъэныкъуэр ямыщIэу къотэдж иджыпсту, аращ бэлыхьым и лъабжьэр. ХэкIыпIэ зыхуамыгъуэт лъапэ зэвыпIэм итщ кIуапIи жапIи зимыIэ сабийхэр. Бжыгъэр зи лъабжьэ дунейм ираубыдауэ, цIыху хэтыкIи жэуап хьыкIи ирагъащIэркъым. А щытыкIэм балигъхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ нэхъеижитIу зэбгъэдеш. ХэкIыпIэр зымылъагъур къыщимытхъыпIэ иIэкъым. ЕгъэджэкIэмрэ гъэсэкIэмрэ дымыхъуэжу щытмэ, мыпхуэдэ гузэвэгъуэхэр иджыри ди нэгу щIэкIынущ. Ахэр дымылъагъу нэпцI зытщIкIэ тщхьэщыкIынукъым. ЦIыхубэм псори къагурыIуэ хуэдэу фэ зытрагъауэ щхьэкIэ, щIалэгъуалэр кIуэ пэтми зэрытIэщIэкIыр нэрылъагъущ».

А псом къыхэкIыу, Думэм къыщащта унафэм захуагъэу халъагъуэр гурыIуэгъуэщ, ауэ щапхъэ Iейхэр нэхъ мащIэ зыщIын щхьэусыгъуэхэр нэхъыбамэ, нэхъыфIыж. ГъэзэкIуэн хуейр щытыкIэращ, абы зэрытепсэлъыхь псалъэхэм я закъуэкъым.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: