Тхыбзэм и къарур хэзыгъахъуэ интернетым дэмыгъуэгурыкIуэф бзэм и зэфIэкIыр кIэрыхуну къудейкъым, гупкIэм укъыпыхупэныр шынагъуэщ. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэр а щытыкIэм къикIауэ пхужыIэнущ.
Нэхъ пасэу дытепсэлъыхьащ дэ дызэрыпсалъэ бзэ къудамэр Урысейм нэхъ зыщызыужьаи 10-м язу къызэралъытам. Иджы аргуэру зы хъыбарыфI къытIэрыхьащ. Адыгэ республикэм щызекIуэ тхыбзэ къудамэри «Яндекс-зэдзэкIакIуэ» платформэм кърагъэщтащ. Зыуэ щыт адыгэбзэм и къудамитIыр нэхъ быдэу зэрызэрыубыдынум нэмыщI, езы анэдэлъхубзэми IэмалыщIэхэр къыхузэIукIынущ.
Лъэпкъ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм (ФАДН) и нэIэ щIэту, Лъэпкъхэм я унэмрэ Яндексымрэ накъыгъэм и 20-22-хэм Мэзкуу щызэхашащ «ИнформацэмкIэ Iэмэпсымэхэмрэ Урысей лъэпкъыбзэхэмрэ» зэхуэсыр. Дызэрыт гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я илъэсу зэрагъэувам хыхьэу къызэрагъэпэща III зэIущIэм ди анэдэлъхубзэм и адыгей къудамэри «Яндекс-зэдзэкIакIуэ» программэм зэрыхагъэхьар хэIущIыIу щащIащ.
«Дэ къыдгуроIуэ бзэр дэтхэнэ лъэпкъми зэрызицIыхуж Iэмэпсымэу зэрыщытыр, - жиIащ зэхуэсыр къыщызэIуихым Агентствэм и унафэщI Баринов Игорь. – Хабзэри, лъэпкъ хьэлри, щэнхабзэри къызэтенэн папщIэ, ахэр умыхъумэу хъунукъым, сыту жыпIэмэ, бзэр зэрыкIуэду, абы епха псори глобализацэм и архъуанэм ирехьэри мэкIуэдыж. Бзэхэр къызэтенэн папщIэ, ар телефонхэми, смартфонхэми, интернет губгъуэми итын хуейщ. Иджы ещанэ зэIущIэр идогъэкIуэкIри, ди плъапIэхэм дызэрытеIэбэр нэрылъагъущ. Нобэ щыщIэдзауэ «Яндекс-зэдзэкIакIуэм» 14-нэ бзэ къыхохьэ, ар адыгеибзэрщ. Шэч къытесхьэркъым ди лэжьыгъэм къыпытщэмэ, абдежми дыкъызэрыщымыувыIэнум».
Къэрал унафэр зезыгъакIуэ къулыкъущIэхэр, компьютерым бзэр щызыгъэлажьэ IэщIагъэлI нэхъыфIхэр, къэухь IэрыщIым хуэIэзэхэр, Урысей лъэпкъыбзэхэм елэжьхэр зэхуишэсат мы зэIущIэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу, абы хэтащ «Яндекс-зэдзэкIакIуэм» къэбэрдей-шэрджэсыбзэр игъэзэгъэныр зэфIэзыгъэкIахэм яз, «Шэрджэс Ренессанс» зэгухьэныгъэм и унафэщI Жылэгъащтэ Хьэчим.
Сабийхэр нэхъ дэзыхьэх теплъэгъуэхэр анэдэлъхубзэкIэ зэдзэкIыным Адыгейм щелэжь «Черкесская медиаплатформа» гупым и унафэщI ЛIыхъукI Айдемыррэ Къэрал IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ Яндексым и унафэщI Болховитянов Александррэ мы зэхуэсым зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIащ.
Сыт фейдэуэ къыздихьынур «Яндекс-зэдзэкIакIуэ» программэм иджыри зы адыгэбзэ къудамэ къызэрыхэхъуам? Япэрауэ, абы сыт хуэдэбзэми ирипсалъэ хэхэс адыгэр и хэкубзэм пищIэжыфынущ. ЕтIуанэрауэ, езым хуэдэхэм къакIэрымыху бзэр нэхъ лъэ быдэкIэ мэув, ар интернетым щыщызекIуэм деж, ираплъ фэми зехъуэж. Адыгэбзэр зэманым зэрыдекIур, адрейхэм къагъэщхьэпэ Iэмалхэм ари зэрыхуэщIар къегъэлъагъуэ мы къэхъуами, ар сыт и лъэныкъуэкIи ипэкIэ ча хъуа лъэбакъуэщ.
ХъыбарыщIэр занщIэу хэIущIыIу ищIащ Адыгэ республикэм и лIыщхьэ КъумпIыл Мурат. «Хъыбар гуапэ къысIэрыхьамкIэ сывдэгуэшэну сопIащIэ, - иритхащ и напэкIуэцIым Адыгэ республикэм и лIыщхьэм. - Адыгэбзэр (зи гугъу ищIыр Адыгейм щызекIуэ къудамэрщ - Ч. М.) хабзэкIэ «Яндекс-зэдзэкIакIуэ» сервисым кърагъэщтащ. Ар нобэ къыщагъэнэIуащ Мэзкуу щекIуэкIа, «ИнформацэмкIэ Iэмэпсымэхэмрэ Урысей лъэпкъыбзэхэмрэ» зэхуэсым. Иджы а программэр къэзыгъэщхьэпэхэм ди бзэкIэ ятха тхыгъэхэр бзи 100-м щIигъукIэ зэрадзэкIыфынущ, а бзэхэми кърахыурэ ди бзэм кърагъэзэгъэфынущ. ЗэдзэкIыгъэхэр къигъэсэбэпурэ, хэт хуейуэ щытми, адыгэбзэр зригъэщIэфынущ, ди тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр яджыфынущ, адыгэхэм я щэнхабзэ бейр зрагъэцIыхуфынущ».
Зэхуэсым видео IэмалкIэ зыпищIат Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм и лIыщхьэ Меняйлэ Сергей. Осетиныбзэр «Яндекс-зэдзэкIакIуэм» япэу кърагъэщтахэм язщ. Ар игу къигъэкIыжу, Меняйлэ жиIащ: «Дэтхэнэ лъэпкъми лъабжьэ хуохъу и тхыдэр, лIэщIыгъуэ куэд къызэзынэкIа и хабзэхэр, лъэпкъ хьэлыр, дауэдапщэхэр. Ауэ а псори къызэщIэзыубыдэжыр бзэрщ. Бзэр пхъумэху, тхыдэри, хабзэри, лъэпкъ хьэлри уохъумэ. Осетием щыпсэухэм я мызакъуэу, осетиныбзэр дунейм тет псоми ялъэIэсу дымыщIмэ, ди бзэр хуэмурэ кIуэдыжунущ».
Болховитянов Александр зэрыжиIэмкIэ, Яндексым нобэкIэ Iэмал къует газетыжьхэм Урысейм и лъэпкъыбзэхэмкIэ укъеджэну. Иджы лъэпкъыбзэхэмкIэ къэухь IэрыщIыр къагъэщхьэпэу зэращIынум иужь итхэщ.