ТхакIуэхэм я щIэнIуатэ![]() Грознэ къалэм къыщызэIуахащ Кавказ Ищхъэрэм, Урысей Ипщэм, Кърымым я лъэпкъ литературэхэм хухаха щIэнIуатэ. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. ЩIыналъэ 12-м я лIыкIуэхэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ литературэхэм, тхэн щIэзыдзагъащIэхэм хуащI гулъытэм, щIыналъэхэм я лъэпкъыбзэхэр литуратурэм зэрехъулIэм, щIэджыкIакIуэхэр нэхъ зыдихьэххэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. ЩIэнIуатэм и пэублэ зэIущIэр къызэIуихащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм жэуап зыхь и секретарь Иванов Николай. Абы ягу къигъэкIыжащ 1976 гъэм екIуэкIауэ щыта литературэ зэIущIэшхуэм тхакIуэ Исмаилов Абу щыжиIауэ щытахэр: «Тхыдэ пэжыр зэрызэфIагъэувэр зэныкъуэкъу къудейуэкъым, атIэ абы къару щиIэщ псалъэм».
Поделиться:
Читать также:
27.09.2026 - 10:00 →
Адыгэ фащэр зи IэщIагъэ
13.09.2026 - 13:29 →
И адэм и щIэинхэмкIэ музейм хуоупсэ
30.08.2026 - 12:03 →
И лъабжьэщ IуэрыIуатэр
13.07.2026 - 19:17 →
Бай Галинэ и лэжьыгъэхэр
05.07.2026 - 13:00 →
Театр сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр
| ||





