УсакIуэ, тхакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн и «Гурылъ темыпыIэхэм» гурыщIэ IэфIхэмрэ гур хэзыгъахъуэ дахагъэмрэ лъабжьэ яхуищIащ. Теплъэгъуэ кIэщIурэ зэхэлъ а тхыгъэ цIыкIухэм къызэрыгуэкI махуэхэм гу зылъыдмытэ Iэджэм ди гупсысэхэр хуагъакIуэ.
* * *
- Сыт апхуэдизу къэплъыхъуэр? Махуэ псом умыувыIэу удз гъэгъахэр щIыбопщытыкI, уи нэм дунейр зи инагъыр къеплъыхь, жэщ хъуамэ, вагъуэхэм фIэкIа Iуэху уиIэкъым, «Мыбы нэхърэ мор нэхъ дахэжщ», - жыпIэу. Сыт апхуэдизу къэплъыхъуэр?
- ЦIыхум и гум нэхърэ нэхъ дахэж къэслъыхъуэу аращ сэ махуэ блэкIам апхуэдизу сыщIыкIэлъыплъыжыр, жэщ къэблагъэм схуэмышэчыжу сыщIежьэр.
- АтIэ уэ узылъыхъуэр къэбгъуэтрэ?
- Плъагъукъэ, солъыхъуэ. А лъыхъуэныгъэм къысхуихь гуфIэгъуэм къыхызощыпыкI зы кIэух дахагъэрэ а кIэухым и пэщIэдзэ дахагъэмри, тIури зэпызогъэувэжри, махуэм и пэщIэдзэмрэ жэщым и кIэухымрэ изогъапщэ. А псоми я кIэух дахагъэр цIыхум и гум щызэхуэхьэсауэ щытмэ, цIыхум игури а дахагъэм пызыщэщ. Аращ щIэмычэу щIыгури уэгури щIыщIэспщытыкIыр.
***
- Сыт фэ уэздыгъэ нэхум фыщIэлъатэр, хьэндырабгъуэ цIыкIухэ, а нурым фызэрисынур фщIэркъэ?!
- ДощIэ псори фIы дыдэу, ауэ кIыфIыгъэр апхуэдизу къыттехьэлъащи, нурым напIэдзыгъуэм ухисхьэми нэхъыфIщ, кIыфIыгъэм ухэту илъэсищэ къэбгъащIэ нэхърэ.
***
- Укэсыжащ, сыту фIыт. Щхьэ укъаплъэу утет а бжэщхьэIум? КъытекI, къыщIыхьэж, ныжэбэрей жэщым сыножьэурэ сезэшащ. Щхьэ укъыщIэмыхьэжрэ? Куэд щIащ сэ узэрызмылъагъурэ. Сыпхуэзэшащ, си гур ныпхуэпабгъэу сыкъэнащ. КъакIуэ, къызбгъэдыхьэ, сигу зэщIэушам и Iущащэ макъым уезгъэдэIуэнщ гъащIэ уэрэду. КъакIуэ, къакIуэ, си псэ, къытекI а бжэщхьэIуми къыщIыхьэж, си гупсысэ хъыринэхэм уезгъэщIэнщ, мылIэжын макъамэу уи псэм сыхыхьэнщ.
- Сошынэ.
- Сэра узыщышынэр? Сыт щхьэкIэ?
- Гъуэгуншэу сыкъанэмэ-щэ, мылIэжын макъамэу си псэм укъыхыхьэрэ?
- АтIэ уэрэдыншэу дауэ утетыну мы ди гъащIэ гъуэгу гугъум?
***
«Мо псым узэпрысыкIыфын?» - жаIати, - «СызэпрысыкIыфынщ, адрей лъэныкъуэмкIэ си гъащIэм и къэкIуэнур къыщызэжьэмэ», - жысIэри жэуап естыжат, узэпрысыкIын папщIэ псым гугъуехьу къыщыспэщылъым семыгупсысу…
Кхъуафэжьейм сису сесурэ, толъкъунхэм я дахагъэм, я джэгукIэм сыдихьэхри сыкъэувыIащ, зызгъэнщIыху сахэплъэнщ, жысIэри. Сытым хуэдэу зэман телъыджэт сэ сыкъыщыувыIар! Дыгъэпсыр къызытепщIыпщIыкI толъкъунхэр зыр зым жьэхэуэрти, ткIуэпс цIыкIухэр лъейуэ зэбгрыжхэрт, адэкIи дыщафэ бдзэжьейхэр псы гущIыIум къыдэлъейхэрти дыгъэпсым дэджэгу хуэдэ, толъкъун цIыкIухэм «щIаIубэ» пщIыпщIхэм кIэлъыхэлъэжхэрт.
А дахагъэм ситхьэкъуауэ сыкъэувыIауэ сыщытт, а къомыр къызэзнэкIыу сызэпрысыкIын хуейуэ къызэрысщIэлъыр сщыгъупщэжауэ.
***
- Дэнэ апхуэдизу уздэжэр? КъэувыIэ! СызылъэщIэгъэхьэ! Уэ суригъусэну сыхуейт.
- Сэ дэнэ сыжэми пщIэрэ уэ?
- Хьэуэ.
- АтIэ сыт уныщIэжэнур, уздэжэр умыщIэу?
- Дэнэми содэ, уэ суригъусэмэ.
- АтIэ, нажэ, мо мэзым и тхьэмпэ пылъэлъыжхэр жьым зэбгримых щIыкIэ зэщIэтщыпэжынщ.
- Сыт а тхьэмпэ гъужахэр зэрыпщIынур?
- Ахэр си лъагъуныгъэм и фэеплъщ…
- Щхьэ уэ апхуэдэу псынщIэу ущIэпхъуа-тIэ?! БлэкIам кIэлъыжэркъым. Апхуэдэу щытмэ, сэ а къомыр мафIэм хезгъэсхьэнщи…
- Хьэуэ, хьэуэ. Ахэр си япэ лъагъуныгъэм и фэеплъщ!
- Лъагъуныгъэр блэкIам и гъэру щIыщытын щыIэкъым! Ар щIалэгъуэм и нур узыIэпызышэщ.
***
Щхьэ мыпхуэдэу плъыжь укъэхъуа? Си плъэгъуэм уигу зэшыр къызэщIигъэстауэ ара? Сэ сыныщIоплъар узгъэукIытэну аратэкъым! Сэ си гугъащ си гуфIэгъуэ плъэкIэм уэри уригуфIэну. Сыт апхуэдизу псэ къабзэм ешыкъылIар? Сыт мы си нитIым къыбжаIар, абыхэм къыщIэбджыкIар?
Сэ сыныщIоплъар, си гур щэхуу къодэхэщIати, си псэр гурыщIэ абрагъуэкIэ къыпхуэхъуапсэти аращ.
***
Сэ вагъуэхэм сащеплъкIэ, ахэр погуфIыкI: «Сыт, цIыху, укъыщIыдэплъыр?» - жаIэри. Ахэр нурыбэу гуфIэн ирикъуа нэужь, сэ щэхуу яжызоIэ: «Ари» фэ фэщхьщи аращ». Ахэр зэуэ нэщхъей мэхъужри зоупщIыжхэр: «ЩIыми дэ тхуэдэ щыIэ-тIэ?» - жаIэри.
Абы и жэуап вагъуэхэм щамыгъуэткIэ, сэ аргуэру абыхэм яжызоIэ: «Ар» апхуэдизкIэ дахэщи, фэ псори фофыгъуэкI «Абы».
***
Хэту пIэрэ пщыхьэщхьэ къэс уэрэд гуапащэр къизышыр? Си гур абы егъэпIейтей! Сэ сщIэркъым ар хэтми, сиплъакъым и нэгуи, ауэ пщыхьэщхьэ къэс къриш уэрэдым си псэр ехьэху. Сэ щхьэгъубжэр Iусхынурэ абы сеплъынут, ауэ сошынэ – гъэмахуэ пщыхьэщхьэр псэм йодэхащIэ, щIалэгъуэр егъэжыIэщIэ, зыгуэркIэ сегуауэрэ макъамэр хьэуам хэкIуэдэжмэ, сытым игъэбэяужыну мы си гур?
Дэнэ укъикIа, сытым укъысхуихьа, си гум и хьэщIэ… СыныщIэжынут, укъэслъыхъуэнут, ауэ сщIэркъым, гупсысэ гуэрым сегъэнэщхъей: пщыхьэщхьэ къэс уэ уэрэд къипш къудейуэ аращ. Ухэт Уэ, уэрэдкIэ сэ къызэджэ хьэщIэ? Сэ укъысхуэпIащIэрэ, хьэмэрэ ублэкI къудейуэ ара?
***
Сэ си гуфIэгъуэ псори уи деж щызэхуэхьэсащ. Уэ абыхэм уахуосакъ, емызэшыж хъумакIуэу уащхьэщытщ ди гъащIэр зэзыпхыну удз гъэгъам пэпщIу. Ауэ а епэрыр пIащIэркъым. Ар хуэму къокI. Уэри ар уогъафIэ уеIущащэу, уедэхащIэу. Илъэс мин гъащIэхэм я къуэпсым пызыщэ а удз гъэгъам уэ пщэдджыжь къэс псы щIыбокIэ ди гъащIэр зэрызэрипхынум щхьэкIэ, итIани ар пIащIэркъым, уэри уимыгъэпIащIэу уздегъэбакъуэ.
Сэ си гуфIэгъуэ псори уи деж щызэхуэхьэсащ. Сэ сыхуэдэщ пщэдджыжьым зыкъызэIузыха удз гъэгъам ар къэгъагъэу гум дыхьэу щытыну сыту зэман мащIэ иIэр!... ЩIалэгъуэр, дахэгъуэр напIэзыпIэщ, бетэмалу ужьыхыжынкIэ мэхъу. Уэ пщэдджыжь къэскIэ псы зыщIэпкIэ удз гъэгъам ди насыпыр и жылэ цIыкIущи, дыгъэпсым зыкIэрищIэурэ щIылъэр къызэхеплъыхь, щыбэгъуэн къилъыхъуэу.
***
Си гум щизакъуэ дакъикъэм, гукъэкIыж, гъатхэм и жэнэт бзууэ си пащхьэм укъохутэ, си нэгум псэм и хьэндырабгъуэу къыщыплъэтыхьу. Абдежым си гум узоубыдэри, си псэм и уэрэд щэхухэмкIэ си дунейм ухызошэри ущызогъафIэ.
***
Уэ уи гур иджыри мэжей, уи фIэщ хъуркъым бжесIахэр зэрыпэжыр. Лъагъуныгъэм и тхьэгъуш макъыр зэхегъэх мы уи гум, зыхегъащIэ уи псэм… Уэ зэхыумых хуэдэщ а макъыр, ар къызэролъэIур, узэригъафIэр, си деж узэрыриджэр. ИтIани, уи гур мэжей, къыфIэмыIуэхуу хьэщыкъ сызэрищIар, куэд щIауэ си псэр гъэр зэрищIар. Мэжей илъагъуу пщIыхь.
Сэ а пщIыхь куум укъыхэсшыну сынокIуэ, гущIэм къыщIэсха псалъэхэр налкъут щыгъэ пхуэсщIыну пхуэзблэурэ; си гъащIэм укърихэсшэну гум и дыгъэпс нурхэмкIэ гу хъуэпскI лъэмыж зэщIэпщIыпщIэ пхузэIусщэурэ. Си гумрэ си псэмрэ елIэлIапэурэ, лъагъуныгъэр шынагъуэншэу зытетын гъуэгу яухуащи, уэ къэуши къежьэ иджы. КъакIуэ. Сэ сыппоплъэ. Ди къэкIуэнум и насыпри къыппоплъэ.
***
Уи гум и дыхьэпIэр мыл куэбжэкIэ хуэщIамэ, сэ гъатхэ щIэращIэм дыгъэпс уэзджынэ къеIысхынщи, абыкIэ зы дакъикъэм къэзгъэвыжынщ. Сэ щхьэ закъуэ зэшыгъуэ къыстеуэу аракъым, Уи мыл куэбжэ дыхьэпIэм деж сынакIуэу, дыгъэпс уэзджынэкIэ ар щIэзгъэвыжынур, атIэ Уэ мыл щIыIэ зэпытым укъыхэсшу зэ закъуэ псэм и хъуэпсапIэ гъатхэм укъыхэсшэн жызоIэри аращ. Уэ, дауи, пщIэркъым лъагъуныгъэ жылэр къыщыкIыр гъатхэм и губгъуэр зэрыарар.
Гъатхэращ лъагъуныгъэр. Лъагъуныгъэри гъатхэ мыухыжщ.