Хьэлыншагъым и сурэт зэмыфэгъухэр«Ансар» тхылъ тедзапIэм 2025 гъэм къыщыдэкIауэ щытащ щIэх-щIэхыу зи цIэ къитIуэ муслъымэн щIэныгъэлIышхуэ Гъэзэлий Iэбу Хьэмид «ФIэщхъуныгъэм епха щIэныгъэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр» зыфIища и тхылъ цIэрыIуэм и ещанэ томыр. «Хьэл мыгъуэхэр» псалъащхьэм щIэту, томитхуу зэхэт ещанэ тхылъыр топсэлъыхь цIыхум хэлъыну хуэмыфащэ хьэлхэм: губжьым, фыгъуэм, бзаджагъэм, нэпсеягъэм, быдагъэм, къызыфIэщIыжыным, зыкъэгъэпцIэжыным, къинэмыщIхэм. А псоми уазэрыIэщIэкIыну щIыкIэм ухуеущий Гъэзэлий, дэтхэнэ зыри къыздикIымрэ зытетыпхъэ мардэмрэ къыбгуригъаIуэу. Псалъэм папщIэ, хьэлэлагъыр быдэнымрэ мылъкур икъухьынымрэ я зэхуакум дэтщ. ЦIыхур къэгубжьыфу къыщIигъэщIауэ жыхуиIэр а хьэлыр хахуагъым хуэкIуэу, бийм е езым и хьэл мыгъуэхэм пэщIэувэжыфын папщIэщ. КъурIэн лъапIэр зыщытхъу «цIыху зэпIэзэрытыр» зэрыщытыр дапхуэдэу? Щабагъыр, Iэсагъыр зи хьэлым щытепщэхэр зэи къэмыгубжьыр пэж? Залымыгъэм зыщыпхъумэфынымрэ уи щхьэ пщIэ хуэпщIыжынымрэ я зэпэшачэри къэбгъуэтыну тыншкъым. А псоми Гъэзэлий, «егъэхын фIэкIа хуэмейуэ», гурыIуэгъуэу тотхыхь. Тхылъыр урысыбзэкIэ зэзыдзэкIахэм Iуэхур къемыхъулIауэ пхужыIэнукъым. «Губжьым, бзаджагъэм, фыгъуэм къадэкIуэ мыхъумыщIагъэм теухуа» Iыхьэм Гъэзэлий къыщехь зи гугъу ищI хьэл мыгъуэхэм уигу ящызыгъэкI жыIэгъуэу КъурIэн лъапIэм, хьэдисхэм къыхэщхэр, цIыху Iущхэм къащIэна Iущыгъэ куухэр. «Хэт фэ фщыщу псом нэхърэ нэхъ лъэщу къэфлъытэр?» - еупщIащ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар махуэ гуэрым щэхьабэхэм. «НэгъуэщI зы цIыхухъуи къарукIэ зытемыкIуэр», - жаIащ. «Хьэуэ, - къажриIащ. - ИпэжыпIэкIэ хэт нэхъри нэхъ лъэщыр къэгубжьа нэужь, зызэтезыIыгъэфырщ». «Губжьым фIэщхъуныгъэр зэIегъэхьэ, фор дыджым зэрызэIигъэхьэм хуэдэу», - нэгъуэщI щIыпIэ деж щыжиIащ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам. «Акъылыншагъэм тэмакъкIэщIыным деж къыщыщIедзэ, губжьыр абы и унафэщIщ. ЩIэныгъэншэу къанэми зыдэм зыри дремычых. ЗэпIэзэрытыгъэр дахэщ икIи щхьэпэщ. ЩIэныгъэншагъэр – напэтехщ икIи зэранщ. Акъылыншэм жэуап иумытыжыныр абы ептыжыну жэуапхэм я нэхъыфIщ», - къехь Гъэзэлий ансар гуэрым и псалъэ. Хьэйсамэ къыбгъэдэкIауэ: «ШейтIаным жеIэ: «Дауэ сэ Iэдэм и быныр (цIыхур) къызэрыстекIуэнур? Ар щыарэзым деж, сокIуэри и гум сотIысхьэ. ЩыгубжькIэ, сыдолъэтейри и щхьэ куцIым гъуэ щызощI». Муджахьид къиIуэта Iиблис и псалъэхэри къыдегъащIэ щIэныгъэлIым: «Iэдэм и бынхэр щытыкIищым къыщыспэлъэщынукъым. Япэрауэ, языхэзым фадэ Iухуауэ чэфмэ, IумпIэ пщIэхыдолъхьэри, дызыхуеймкIэ дошэ, дигу къихьэ псори идогъащIэ. ЕтIуанэрауэ, къыщыгубжьам деж, жиIэр езым ищIэжыркъыми, иужькIэ зыхущIегъуэжын защIэщ IэщIэщIэр. Ещанэрауэ, мылъку иIэмкIэ быдэ дощI, зэи имылъагъунумкIэ къыдогъэгугъэ». НэгъуэщI Iущ гуэрми жиIащ: «Укъэгубжьыным хуэсакъ, абы къыпхуагъэгъуну ущылъэIуэжын щхьэ пудыныгъэм уриукIэнущ». «Псэм удэмылажьэ», - жаIэри, Къэзанокъуэ Жэбагъы патхэу псалъэ шэрыуэ гуэр хэтщ ди щэнхабзэм. Мыбы зи гугъу ищIыр КъурIэн лъапIэм къыхэщ, «цIыхур Iейм тезыгъэгушхуэ псэ» жыхуиIэращ. Зи хьилагъым упэмылъэщ, цIыхум и щхьэзыфIэфIагъыр къыдэзыIыгъ, гъэсэныгъэм хуэхей, зи занщIэр зи гъуэгу псэ жьгъейр. Абы удэмылэжьэн папщIэщ Гъэзэлий зытепсэлъыхь хьэл мыгъуэхэр зыхыумынэу щIэмыхъунур. Псэ жьгъейм зыдэбгъэшыху, гъащIэми, фIэщхъуныгъэми я IэфIыр пIэщIокIри, ущIэпсэуари умыщIэжу, утыкум IэнэщIу укъонэ.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
11.08.2026 - 10:13 →
Уи щхьэ пщIэ хуэщIыж
30.07.2026 - 10:27 →
Ди хъуреягъкIэ щызэхэтххэр
21.07.2026 - 16:23 →
Бзищ зыщIэр къахощ
21.07.2026 - 14:33 →
Сабийм къыпхуищI дзыхьыр хъумапхъэщ
15.07.2026 - 11:42 →
ЛIыгъэр лIэныгъэм токIуэ
| ||




