Псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэми - гулъытэКъыздикIар ямыщIэ, щхьэрыутIыпщу дэт хьэхэм, джэдухэм, къинэмыщI псэущхьэхэм гу ялъытэн, гущIэгъу яхуэщIын зэрыхуейр япэ дыдэу къэрал зэхуаку Iуэху щащIар 1992 гъэращ. А зэманырщ, Псэущхьэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэу США-м щызэхэтым и зэфIэкIкIэ, а махуэр дунейпсо махуэгъэпсым щыхагъэхьар. Къыхуеджэныгъэр а хэгъэгум щыдащтащ лъакъуиплIкIэ къэзыкIухь псэущхьэхэм защIэгъэкъуэныр, ядэIэпыкъуныр зи къалэну къэзыбжа цIыхухэм. Куэд мыщIэу, а пэгъуэкIым къинэмыщI къэралхэми зыщаубгъуащ. Абдежым къыщегъэжьауэ, дызытепсэлъыхь IэнатIэм ещхьхэм, хьэл зэрахуэхъуауэ, шыщхьэуIум и ещанэ щэбэтым ирагъэкIуэкI хабзэ дерсхэр, къызэIуах гъэлъэгъуэныгъэхэр, къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэр зытеухуэжар псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэм жылагъуэм я нэIэ трагъэтынырщ, гущIэгъу хуегъэщIынырщ, уеблэмэ я унагъуэхэм ирашэлIэжыным къыхуеджэнырщ. Сыт, атIэ, жэрдэмыр къыхэзылъхьахэм псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэм защIэгъэкъуэныр псапэ зыпылъ Iуэхуу къыщIалъытар? А упщIэм и пэгъуэкIми лъыхъуэгъуейкъым. Сыту жытIэмэ, щхьэрыутIыпщ хъуа хьэхэри, джэдухэри, къинэмыщIхэри, дэ тхуэдэу, мэжэщIалIагъэми узми егъэгулэз, зэшыр къащытеуи, гушхуагъэ къащыпкърыхьи ядыболъагъу. Ауэ щыхъукIи, унагъуэхэм ярыс хьэхэми джэдухэми ещхьу, екIуэлIапIэншэхэри къыпхуэпэжыфынущ, фIыуи укъалъагъуфынущ, ди гъусэныр я «насып» мыхъуами. АтIэми, иужьрей илъэс 15 - 20-м ди къэралым икъукIэ нэхъыбэ щыхъуащ псэущхьэ хьэулейхэм я бжыгъэм. Тхыдэм щыщщ 1695 гъэм, Японием и къалащхьэ Токио пэмыжыжьэу ди планетэм япэ дыдэу къыщызэрагъэпэщат зыми имей хьэхэм папщIэ екIуэлIапIэ. А лъэхъэнэм къызэралъытамкIэ, илъэс 301-рэ ипэкIэ дунейм къытехьа а «тэхъуанэм» зи гугъу тщIы псэущхьэхэм ящыщу мин 50-м нызэрыхьэс щаIыгът. 1880 гъэхэм Британиемрэ США-мрэ XX лIэщIыгъуэм и щIэдзапIэхэм Австралием къыщызэIуахат щхьэрыутIыпщ хъуа псэущхьэхэм папщIэ хэщIапIэхэр. Урысей Федерацэм 1990 гъэм апхуэдэ IыгъыпIэ япэу къыщызэрагъэпэщар Москва къедза и Iэшэлъашэрщ. Псэущхьэ щхьэрыутIыпщхэр гулъытэншагъэмрэ гущIэгъуншагъэмрэ щыхъумэным теухуа къэрал унафэр япэ дыдэу къыщащтар Британиерщ. Ар къыщыхъуар 1822 гъэращ. Ди къэралри а Iуэхум хуэхамэкъым УФ-м псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэм зэрахупыкъукIыпхъэм ехьэлIауэ 2018 гъэм и кIэм къыщащта унафэм къыхощ унагъуэхэм хьэкIэкхъуэкIэхэр (цIыхухэм емысахэр) щызэрахьэ, щапI зэрыщымыхъунур, циркхэмрэ абы хуэдэ нэгузегъэужьыпIэхэмрэ щагъэджэгу псэущхьэхэм я узыншагъэм хуэмыщхьэпэ хущхъуэхэр ирахьэлIэну хуит зэрамыщIыр, нэгъуэщI абы хуэдэхэри. «ЩхьэрыутIыпщ хъуа псэущхьэхэм къащIэхъуи щымыIэу, узыфи къапкърымыхьэн щхьэкIэ, а Iуэхум хуэщхьэпэ мастэхэр яхэлъхьэн, щIэх мыкIуэдыж дамыгъэхэр ятедзэжауи, къыщагъуэта щIыпIэхэм ешэлIэжын» псалъэхэри абы дэщIыгъужу. Урысей Федерацэм 2020 гъэм къыщащта къэрал пщалъэм (ГОСТ) къыщагъэлъэгъуащ зоопаркхэм къыщызэрагъэпэщ хьэкIэкхъуэкIэ IыгъыпIэхэм я инагъ-цIыкIуагъыр зыхуэдэмрэ а псэущхьэхэм еплъыну, я нэгу зыщезыгъэужьыну кIуэхэр хабзэм зэрытетыпхъэмрэ. 2018 гъэм «Добро.Mail.ru» сайтым ди къэралым щригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэнэIуамкIэ, УФ-м исхэм я процент 82-м яфIэтэмэмкъым псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэр зэтеукIэныр е щхъухь ирахьэлIэныр. АтIэми, апхуэдэхэм папщIэ ди къэралым IыгъыпIэу къыщызэIуахар зыхуэдизымрэ ахэр здэщыIэмрэ щыгъуазэр мащIэ дыдэщ, дгъэнаIуэмэ, зэупщIахэм я процент 20 иримыкъущ, ахъшэкIэ ядэIэпыкъур я процент 13-рщ. Ауэ щыхъукIи, УФ-м Псэущхьэхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ «Вита» центрым щылажьэхэм къызэрабжамкIэ, ди къэралым псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэм я бжыгъэр мы лъэхъэнэм мин 720-м щынэсащ. Абы щыгъуэми, Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм ящыщу 60-м зи бзэ мыпсалъэхэр зыхуей щыхуагъазэ екIуэлIапIэ-егъэзыпIэу мызэкIэ къыщызэIуахыфар 480-м нэблагъэщ. БЭРАУ Бышэ.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 13:30 →
ХьэкIэкхъуэкIэхэм - гулъытэ
11.09.2026 - 12:10 →
НОБЭ
10.09.2026 - 09:30 →
НОБЭ
09.09.2026 - 12:51 →
ГъащIэм и пэжыр къэгъэлъэгъуэныр зи пщэрылъхэр
09.09.2026 - 12:28 →
НОБЭ
| ||




