Уэркъ хабзэ

«Псэ хуиткIэ Тхьэшхуэр зэтахэм
Зауэр хабзэм и щхьэу ябжт…», - Лермонтов Михаил.

Адыгэ лIакъуэлIэшхэм деж къыщожьэж уэркъ хабзэр - Хабзэм дахагъэрэ гупсысэ нэхъыщхьэу иIэр щызэхуэхьэса дуней тетыкIэр. Уэркъыгъэм цIыхур къызыхэкIа лIакъуэр, лъэпкъыр къигъэлъагъуэу аратэкъым, атIэ, цIыхум и дуней тетыкIэ дахэр, зэрихьэ хабзэр, хьэл хэлъыр къиIуатэрт. Уэркъыр адыгэлI нэст, щапхъэгъэлагъуэт. Псори уэркъым дэплъейрэ, абы и щыIэкIэ-псэукIэм ехъуапсэу, апхуэдэ гъэсэныгъэм зэрытетыным елIалIэу апхуэдэт. Адыгэ щэнхабзэм къыхэщыж уэркъыгъэм хуэдэ япон самурайхэми яIащ. Абы зэреджэр «бусидо»-щ, «зауэлIым и гъуэгуанэ» къикIыу аращ. Адыгэ щIэныгъэлI Бгъэжьнокъуэ Барэсбий къызэрилъытэмкIэ, уэркъыгъэмрэ бусидомрэ зэфэгъущ, я мыхьэнэкIи зыщ. 
Псалъэм папщIэ, уэркъ хабзэм къызэригъэувым хуэдэу, бусидом и гупсысэ нэхъыщхьэмрэ узыхущIигъэджыкIымрэ – цIыхухъум лIыгъэ, пэжыгъэ хэлъу, гу къабзэ, псэ къабзэу, и щхьэм пщIэ хуищIыжрэ, и щIыхьыр иIыгъыжыфу, езыр цIыху Iущу дунейм тетынырщ. Уэркъ лIакъуэм къыхэкIа щIалэ цIыкIур дунейм къыщытехьам щыщIэдзауэ и псэр хьэршым ихьэжыху уэркъ хабзэм тету псэурт. 
Уэркъ хабзэм къигъэув щытыкIэхэм я щхьэхэм ящыщт цIыхубзым пщIэ хуэщIыныр. ЦIыхубзыр уэркъым зыгуэркIэ елъэIуамэ, псалъэ лей къыхэмыкIыу игъэзэщIапхъэт. Бзылъхугъэ щыту псалъэ мыхъумыщIэ къыжьэдэкIынрэ Iэщэ епхъуэнрэ нэхъ напэтех ищIэнтэкъым уэркъым. 
Уэркъ хабзэм тету псэун папщIэ, цIыхухъум и хьэл, гурыгъу-гурыщIэ куэд щIиуфэу, шынэкъэрабгъэу, псэ махэу зыкъыщыхъужмэ, абы ебэну, зипсыхьу и гъащIэр ихьырт. 
Арауэ къыщIэкIынщ пасэрей адыгэм «Уэркъыгъэр дэгъэзеигъуэ задэщ» щIыжиIар.

«Ныбжьэгъум щхьэкIэ псэр ятынущ, 
Уэ лей епхамэ – укIуэдащ!
ЛъыщIэжыр хабзэщ, пфIэмыкIынырщ,
Я фIыр – тыншыгъуэщ, Iейр – ажалщ…»

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: