«Урысей Федерацэм и цIыхуу дзэ къалэныр зыбгъэдэхуэхэм ящыщ Iыхьэ пыухыкIар мобилизацэм ипкъ иткIэ дзэм зэрыраджэм теухуауэ» Указ

Къэралым и Iэтащхьэм Iэ щIидзащ «Урысей Федерацэм и цIыхуу дзэ къалэныр зыбгъэдэхуэхэм ящыщ Iыхьэр пыухыкIар мобилизацэм ипкъ иткIэ дзэм зэрыраджэм теухуауэ» Указым.

  1. гъэм фокIадэм и 21-м.
  2. Федеральнэ законхэу «Зыхъумэжыныгъэм и IуэхукIэ» №61-ФЗ-м щIэту 1996 гъэм накъыгъэм и 3I-м къащтам, «Урысей  Федерацэм моблизацэм зыщыхуэгъэхьэзырынымрэ мобилизацэр щегъэкIуэкIынымрэ я IуэхукIэ» №31-ФЗ-м щIэту 1997 гъэм мазаем и 26-м къащтам, «Дзэм къулыкъу щыщIэнымкIэ къалэнымрэ дзэ къулыкъумрэ я IуэхукIэ» №53-ФЗ-м щIэту 1998 гъэм гъатхэпэм и 28-м къащтам япкъ иткIэ унафэ  сощI:

1.Урысей Федерацэм и цIыхуу дзэ къалэныр зыбгъэдэхуэхэм ящыщ Iыхьэ пыухыкIар дзэм гъэкIуэныр 2022 гъэм фокIадэм и 21-м щIэдзэн.

2.Урысей Федерацэм и цIыхухэр мобилизацэм ипкъ иткIэ Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм дзэ къулыкъур щагъэзэщIэн папщIэ гъэкIуэныр къызэгъэпэщын.

3.Урысей Федерацэм и цIыхуу мобилизацэм ипкъ иткIэ Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм къулыкъу щащIэну ираджахэм яIэщ Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм контракткIэ дзэ къулыкъур щезыхьэкI дзэ къулыкъущIэхэм я статус.

3.Урысей Федерацэм и цIыхуу мобилизацэм ипкъ иткIэ Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм къулыкъу щащIэну ираджахэм ират Урысей Федерацэм  IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм контракткIэ дзэ къулыкъур щезыхьэкI дзэ къулыкъущIэхэм я улахухэм хуэдиз.

4. Мы Указым щыубзыхуа  щхьэусыгъуэхэм япкъ иткIэ дзэ къулыкъущIэр дзэм къыщыхагъэкIыжам нэмыщI, адрейхэм деж дзэм къулыкъу щыщIэным теухуауэ дзэ къулыкъущIэхэм иращIылIа контрактхэм къару яIэщ мобилизацэм ипкъ иткIэ дзэ къалэныр зыбгъэдэхуэхэм ящыщ Iыхьэ пыухыкIар дзэм зэрагъакIуэ пIалъэр иухыху.

5.Дзэ къалэныр зыбгъэдэхуэхэм ящыщ Iыхьэ пыухыкIар дзэм зэрагъакIуэ пIалъэм къриубыдэу  контракткIэ дзэм къулыкъу щызыщIэхэр, апхуэдэу Урысей Федерацэм и цIыхуу мобилизацэм  ипкъ иткIэ Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм ираджахэр дзэм къыхэгъэкIыжынымкIэ щхьэусыгъуэу къэлъытэн  мы къыкIэлъыкIуэхэр:

а) я ныбжьыр- дзэм щыхэт хъуну ныбжьыр зэрикIар;

б)я узыншагъэр-ахэр дзэм хэт мыхъужыну дзэ-дохутыр комиссэм къызэрилъытар, апхуэдэ дзэ къулыкъущIэхэм ящыщу езыхэм яхузэфIэкIын IэнатIэхэм Iуту дзэ къулыкъум пызыщIэну хуейхэм нэмыщI;

в) зэрагъэтIысам теухуауэ судым къищта унафэм къару зэригъуэтам къыхэкIыу.

6.Урысей Федерацэм и Правительствэм  хуэгъэувын:

а) дзэ къалэныр зыбгъэдэхуэхэм ящыщ Iыхьэ пыухыкIар мобилизацэм ипкъ иткIэ дзэм гъэкIуэным пыщIа Iуэхухэр финансхэмкIэ къызэригъэпэщыну;

б) дзэ къалэныр зыбгъэдэхуэхэм ящыщ Iыхьэ пыухыкIар мобилизацэм ипкъ иткIэ дзэм зэрагъакIуэ пIалъэм къриубыдэу Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр, адрей дзэ лIэужьыгъуэхэр, дзэ гупхэмрэ органхэмрэ зыхуей псомкIи къызэригъэпэщыну.

8.Урысей Федерацэм и  субъектхэм я къулыкъущIэ нэхъыщхьэхэм къалэн ящыщIын мобилизацэм ипкъ иткIэ цIыхухэр Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда  и   Къарухэм гъэкIуэныр Урысей Федерацэм и дэтхэнэ субъектми хуэгъэзауэ Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм иубзыху бжыгъэхэмрэ пIалъэхэмрэ тету къызэрагъэпэщыну.

9.Урысей Федерацэм и цIыхухэу зыхъумэжыныгъэ промышленностымкIэ комплексым и IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм хуитыныгъэ етын мобилизацэм ипкъ иткIэ ахэр дзэм щагъэкIуэн хуей пIалъэхэр хуагъэIэпхъуэну (а IуэхущIапIэхэм  щылэжьэху). Урысей Федерацэм и цIыхуу дзэм щагъэкIуэнур хуагъэIэпхъуэнымкIэ хуитыныгъэ зиIэхэмрэ апхуэдэ хабзэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэмрэ Урысей Федерацэм и Правительствэм еубзыху.

10. Мы Указым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.

 

 

 

           

Поделиться: