Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал къулыкъухэр зыIыгъ цIыхухэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм я лэжьакIуэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан IэнатIэм химыубыдэ къулыкъухэр зыIыгъхэр, къинэмыщI лэжьакIуэ гуп щхьэхуэхэм ящыщхэр Донецкэ ЦIыхубэ Республикэм, Луганскэ ЦIыхубэ Республикэм, Запорожскэ областым, Херсон областым я щIыналъэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ гъэкIуэным пыщIа къыхэщхьэхукIыныгъэхэм ятеухуауэ
«Урысей Федерацэм и къэрал къулыкъухэр зыIыгъ цIыхухэр, федеральнэ къэрал граждан къулыкъущIэхэр, федеральнэ къэрал органхэм я лэжьакIуэхэу федеральнэ къэрал граждан IэнатIэм химыубыдэ къулыкъухэр зыIыгъхэр Донецкэ ЦIыхубэ Республикэм, Луганскэ ЦIыхубэ Республикэм, Запорожскэ областым, Херсон областым я щIыналъэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ гъэкIуэным пыщIа къыхэщхьэхукIыныгъэхэм ятеухуауэ» Урысей Федерацэм и Президентым 2022 гъэм жэпуэгъуэм и I7-м къыдигъэкIа Указ №752-м и 4-нэ пунктым тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал къулыкъухэр зыIыгъ цIыхухэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм я лэжьакIуэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан IэнатIэм и къулыкъухэм химыубыдэхэр зыIыгъхэм, къинэмыщI лэжьакIуэ гупхэм ящыщхэм папщIэ ягъэува социальнэ дэIэпыкъуныгъэм хэгъэхъуэн мурадкIэ унафэ сощI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал къулыкъухэр зыIыгъ цIыхухэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм я лэжьакIуэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан IэнатIэм химыубыдэ къулыкъухэр зыIыгъхэм, ахэр Донецкэ ЦIыхубэ Республикэм, Луганскэ ЦIыхубэ Республикэм, Запорожскэ областым, Херсон областым я щIыналъэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыщыIэ зэманым: 
а) я лэжьапщIэр (улахуэр) тIуащIэу ират;
б) езыхэр зэпымыууэ щыпсэу щIыпIэм зэрыщымыIэжым къыхэкIыу лейуэ ягъэкIуэд ахъшэр (суткэ къэс тещIыхьауэ) лэжьыгъэ IуэхукIэ къызэрыт дэтхэнэ зы махуэми хуэзэу сом 8480-рэ хъууэ хуапшын;
в) лэжьыгъэ IуэхукIэ зэрырагъэжьам пыщIауэ лейуэ яфIэкIуэд ахъшэр хуапшыныжын папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм абыхэм хухах хъунущ отчет щIамыщIыж ахъшэ бжыгъэ хэха.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм хуэгъэувын:
а) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм я унафэм щIэт организацэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я лэжьакIуэхэм папщIэ мы Указым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр ахэр лэжьыгъэкIэ щрагъажьэ зэманым тещIыхьауэ къахузэригъэпэщыну;
б) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я хабзэ мардэхэр махуэ I4-м къриубыдэу мы Указым егъэзэгъыжыным хуэгъэза лэжьыгъэхэр къызэригъэпэщыну, «Урысей Федерацэм и къэрал къулыкъухэр зыIыгъ цIыхухэр, федеральнэ къэрал граждан къулыкъущIэхэр, федеральнэ къэрал органхэм я лэжьакIуэхэу федеральнэ къэрал граждан IэнатIэм химыубыдэ къулыкъухэр зыIыгъхэр Донецкэ ЦIыхубэ Республикэм, Луганскэ ЦIыхубэ Республикэм, Запорожскэ областым, Херсон областым я щIыналъэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ гъэкIуэным пыщIа къыхэщхьэхукIыныгъэхэм ятеухуауэ» Урысей Федерацэм и Президентым 2022 гъэм жэпуэгъуэм и I7-м къыдигъэкIа Указ №752-м и 4-нэ пунктыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и адрей органхэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыныр зэтригъэувэну.
3. Мы Указыр гъэзэщIэным пыщIауэ зыхуеину ахъшэр къызэрагъэпэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зыхуэфащэ и къэрал органхэм папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым щыхухах финансхэм я хьэкъкIэ.
4. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэр лэжьыгъэ IуэхукIэ зэрырагъажьэ хабзэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къэрал къулыкъущIэхэр лэжьыгъэ IуэхукIэ зэрырагъаджэ щIыкIэмрэ хабзэхэмрэ ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2007 гъэм мазаем и 6-м къыдигъэкIа Указ №6-УП-мкIэ къищтам, и I5-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн икIи абы дэщIыгъужын «, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и указым абы и лъэныкъуэкIэ нэгъуэщI къыщымыгъэлъэгъуамэ» жиIэу.
5. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал къулыкъухэр зыIыгъ цIыхухэр лэжьыгъэ IуэхукIэ зэрырагъажьэм теухуа хабзэмрэ щIыкIэмрэ, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал къулыкъухэр зыIыгъ цIыхухэр лэжьыгъэ IуэхукIэ зэрырагъажьэ хабзэмрэ щIыкIэмрэ ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 20II гъэм гъатхэпэм и 23-м къыдигъэкIа Указ №34-УП-мкIэ къищтахэм, я I3-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн икIи абы дэщIыгъужын «,Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и указым абы и лъэныкъуэкIэ нэгъуэщI къыщымыгъэлъэгъуамэ» жиIэу.
6. Мы Указым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ икIи абы и къарур ятохуэ 2022 гъэм фокIадэм и 30-м щыщIэдзауэ зэтеува хабзэ зэхущытыкIэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 3-м
№116-УГ
Поделиться: