Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Адмиистрацэм къэрал кIуэцI политикэмрэ щIыIэ унафэр зегъэкIуэным пыщIа IуэхухэмкIэ и управленэм теухуа Положенэр къэщтэным теухуауэ
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI политикэмрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и управленэм теухуа Положенэр къэщтэн мы Указым и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
2. Къару ямыIэжу къэлъытэн:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм щIыпIэ унафэр зегъэкIуэным пыщIа IуэхухэмкIэ и управленэм теухуа Положенэр къэщтэным и IуэхукIэ» 20I5 гъэм накъыгъэм и 5-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къыдигъэкIа Указ №63-УГ;
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI политикэмкIэ и управленэм теухуа Положенэр къэщтэным и IуэхукIэ» 20I6 гъэм мэкъуауэгъуэм и 23-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къыдигъэкIа Указ №75-УГ-м.
3. Мы Указым къару Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 17-м
№121-УГ

Поделиться: