Шахэпэдэс Тхьэрыкъуахъуэ Руслан

Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ щIалиплIыр дыкъыщежьэри, Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ иужьрей дыдэу къыдэс Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIум дынэсащ. Фэху Iэхуитлъэхуит цIыкIуу къуажэкIэм зыщызыуфэбгъуам нэху дыкъыщекIащ.
Къэунэхуа махуэщIэм и пщэдджыжьыпэм тIащIэ бгъуфIэшхуэм дыкъыдэкIри, жэщитху-махуитхум и кIуэцIкIэ лъэс лъагъуэ защIэкIэ бгыхэм дыщызэхэзекIуащ. ЗекIуэ гъуэгуанэ зэдытетхэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэр зыгъэбжьыфIэ Фыщт Iуащхьэжьым и лъабжьэм дыщIэкIщ, щхьэдэхыпIэ зыбжанэм дыщхьэдэхри, къущхьэщIыб Iуащхьэжьхэр зи къежьапIэ Шахэ и псыхъуащхьэм дынэсащ.
    Бгы нэкIу езыгъэзыхым лъэхъу-лъэущу зы сыхьэт хуэдизкIэ деущэхауэ, Сочэ къыдэкIа щакIуэхэмрэ ахэр къуршым къыдэзышея щIалэхэмрэ дахуэзащ. КъыдихьэлIахэм, гъуэгур къытщагъэпсынщIэн мурадыр яIэу, хы псыIу ехыж машинэм «дагъэкIэсащ».
АптIэхъуэхэм (убыххэм) я бзэм къытехъукIыжа цIэхэр зезыхьэ, бгынэжаифэ зэтплъа къуажэ цIыкIу зыбжанэм даблэжри, асфальт зытелъ гъуэгу бгъузэ нашэкъашэм дытехьащ. Куэд дэмыкIыу дынэсащ зэпэгъунэгъуу щыт Хъырцыз Езанэ, Хъырцыз ЕтIуанэ жылэхэм. Зи гупкIэ дис щIалэхэм адэкIэ ДыгъэмыскIэт здаунэтIынури, гублащхьэдэсым «гъущIыгур» къедгъэгъэувыIащ. ГъуэгупщIэ тIахын зымыда щIалэхэм иджыри зэ фIыщIэ яхуэтщIыжри, ахэр я гъуэгу техьэжащ, дэри абдежым гъунэгъубзэу блэж Шахэ и тIуащIэр хуиту дэзыгъэлъагъу бжьэпэм дытехьащ.
Машинэм дису хы псыIум нэс тыншу зыщIредмыгъэшэхар къызгурымыIуэща ныбжьыщIитIым (зэдежьахэм ящыщу тIум) зэрызагъэгусэм гу лъыттэри, Хьэбасрэ дэрэ гъунэгъуу щыт тыкуэным дыщIыхьащ. ЩIалэ цIыкIухэм дэнэ къэна, нэхъыжьитIми щIэщыгъуэ тщыхъуат абы къыщытщэхуа IэфIыкIэхэмрэ морожнэмрэ. Сыту жыпIэмэ, къурш адрыщI къыщыдна Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIум дызыщрихьэлIа ерыскъы щапIэхэм къищынэмыщIа, жэщитху-махуитху гъуэгуанэм зыгуэр къыщыпщэху хъун тыкуэн дыщыхуэзатэкъым.
Шхын щIэщыгъуэмкIэ тIэкIу дызэIурыури, гуп цIыкIур псыхъуэм дыдыхьащ. Махуэр уэфIт икIи дыгъафIэт. КIейм мыбдежым зыщеубгъу, тепхъэ дахэ куэд зэриIэр хуэмыгъэпщкIуу. Мэзыр гъунэгъубзэу ныджэм къыщхьэщохьэ, абы къыхэкIыуи, хьэлъэзешэ машинэхэр зэрызэхэзекIуэ «псы щхьэфэ гъуэгум» хуэдэ мыбдежми щыболъагъу. Ауэ а махуэм Шахэ и тIуащIэм псым и даущ макъ фIэкIа зыри щызэхэтхатэкъым. Апхуэдэу къызэрыщIэкIари псыхъуэм и «гумащIагъэ» мыухыжым хуэтхьат.
Ди гъусэ щIалэ цIыкIухэр зыкъызэкъуэзых теплъэгъуэм апхуэдизкIэ дихьэхыщати, машинэкIэ Дыгъэмыс нэс зэремыхам и гукъеуэр ящыгъупщэжами ярейт. Абыхэм я мызакъуэу, дэри псэгъэтыншыгъуэ гуэрым дызэщIищтати, гукъыдэж зиIэ бзу цIыкIум сабэ пщтырым зэрызыхикухьым ещхьу, дыгъафIэ псыхъуэм зыдэзыпхъа пшахъуэ-мывалъэм зызэпыдгъазэу дыхэлът. Дыгъэм дыкъигъэплъмэ - псыр ди кIуапIэу, дыпIыщIэмэ - щIым дыкъытеукIуриежу.
Къытпэщылъ гъуэгум хэдгъэщIмэ зэрынэхъыфIыр къыдгурыIуэжри, зыкъэтIэтыжащ. Лъэр зэрыщIэкIым дыщыгуфIыкIыу, зэран дызэхуэмыхъуу, лъапэрыт бгъуфIэм хуиту зедукъуэдиихащ. Хы Iуфэм хуэпIащIэ псым и чэнжыпIэхэм лъагъуэм дыхишэрти, адрыщIымкIэ дыкъыщыхишыжырт. Дызыхыхьэ псыри, къыдэдэхащIэ фIэкIа умыщIэну, хуабэт, упхыплъыфуи къабзэт. Апхуэдэ зекIуэкIэм пкъыри псэри дихьэхынтэкъэ?!
Километр зыбжанэкIэ лъэхъу-лъэущу дызэреущэхауэ, нэгъуазэм къыхуэубыд Iэгъуэблагъэм дэ, щIалиплIым, фIэкIа нэгъуэщI зы цIыхуи зэридмылъагъуэм зы лъэныкъуэкIэ дыщыгуфIыкIащ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къуакIэбгыкIэхэм апхуэдиз зэман щызыгъэкIуахэр куэд дэмыкIыу цIыху Iув дахыхьэнут. ИкIи абы ипэ къихуэу, зыри къыщытлъэмыIэс псыхъуэ убзэрабзэм зы махуэ нэхъ мыхъуми дызэрыдэсыжар дэркIэ тхъэгъуэт.
Нэр теплъызэу мыпхуэдизу тепхъэ дахэ куэд зиIэ псыхъуэ абы япэкIэ срихьэлIауэ си щхьэкIэ къысхуэгубзыгъыжыртэкъым. Мэзыр гъунэгъубзэу псыхъуэм къыщхьэщыхьэрти, быныр анэм и кIэдахъуэм зэрыщIигъапщкIуэм хуэдэу, езым къытепщIыкIауэ абы дэт чыцэ гуэрэнхэм защхьэщиукъуэдиерт.
ТIуащIэр языныкъуэхэм и деж ибгъухэмкIэ щызэгуэзырти, мэз зэкIэщIэкIуэтым псы бгъунж цIыкIухэр «гуфIэжурэ» къыдэжырт. Абыхэм ящыщ зыр адрейхэм нэхърэ зэрынэхъ иным гу лъыстащ. Гупым япэ сафIищауэ сыздэкIуэм, пситI щызэхэлъадэм сыкъыщыувыIащ. Гъуэгугъуэлъагъуэ картэм срогъуазэри, Шахэ хэхуэж псыр зэры-КIыщейм щыхьэт сытохъуэ.
- Мы къуэладжэм къыдэж псым зэреджэр пщIэрэ уэ, Хьэбас? – сегуоуащ, ныбжьыщIэхэм закъыщхьэщичауэ си яужь иту къакIуэ си ныбжьэгъум.
- КъыджепIэмэ, зэдгъэщIэнкъэ? – къызитыжащ абы жэуап, зэгуэсха картэр кIуэрыкIуэм тету къыщилъагъум.
- АтIэ, КIыщейщ, - къыпызощэ сэри. - Аракъэ дызыхуэкIуэ къуажэм урысыбзэкIэ зэреджэр?
Дыкъемыжьэ ипэ дытепсэлъыхьат дыздэкIуэм ШахэкIеишхуэ (Большой Кичмай), кIэлъыкIуэу Ахынтам, итIанэ хы псыIум Iус Шахэпэ (Головинкэ) шапсыгъ къуажэхэм дазэрырихьэлIэнум.
Жэщ-махуитхум и кIуэцIкIэ къуршым дыщитам, ди жып телефонхэр Iутчын хуей хъуат, ахэр Iуащхьэжь зэхуакухэм къыщыпхуэгъэсэбэпынутэкъыми. Ауэ иджы, цIыху щыпсэу щIыпIэхэм гъунэгъу дыкъызэрыхуэхъужу, зи гугъу тщIы Iэмэпсымэхэр «къэпсэужати», дызыхуейхэм запытщIэ хъунут. Дауи, псом япэ дызэпсэлъэну тфIэигъуэхэм ящыщт дыкъыщыщIидза псыхъуэм бысым щытхуэхъункIэ дызыщыгугъ, си благъэм и Iыхьлы, шахэпэдэс Тхьэрыкъуахъуэ Руслан.
Ауэ… махуэр и кIэм нэблэгъат. Дыгъэри къухьэжыну пIащIэрт. Дэри, апхуэдэу гувауэ бысымым дахыхьэ нэхърэ, иджыри зы жэщ щIыуэпсым дыхэсыжмэ нэхъыфIу къэтлъытати, пшапэр зэхэмыуэ щIыкIэ жытIэри, жэщхэс щытщIын «мэчанэ» щхьэкIэ зытплъыхьу щIэддзащ. АпщIондэхукIэ къухьэпIэм нэблэгъэпа дыгъэри, игу дыпымыкIыу къызэтеувыIэжа нэхъей, и иужьрей бзий гуапэхэмкIэ «дэхэщIэжырт».
Абы хэту тIуащIэ дызыдэтым и сэмэгу лъэныкъуэмкIэ, дэ тхуагъэхьэзыра фIэкIа умыщIэну, уэншэкум хуэдэу удзыпцIэ Iувым щIигъэнарэ чыцэ гуэрэнхэмкIэ къэухъуреихьыжауэ, псыIум щхьэщыIэтыкIа лъагапIэ тIэкIур къэтлъэгъуащ.
- Сыт и лажьэ мыбдежым ныжэбэ дыщыхэсынкIэ? – жытIэри, Хьэбасрэ сэрэ дызэгурыIуащ, ди гъусэ щIалэщIэхэми ар къыддаIыгъащ.
Сыхьэт зыбжанэ хъуауэ лъэсу дыздехам, зыдгъэпскIарэт жытIэу псышхуэм ди нэ къыхуикIати, хьэпшыпхэр зэредгъэтIылъэхыу, дызыщхьэщыхута бжьэпэ цIыкIум дытемыпыIэжу зедгъэщэтэхри, псори псым дыхэпкIащ. ТепхъэмкIэ дыкъыпекIуэкIым, кууупIэм зыхэддзэ-дерсыхыурэ псым дрикъуху дыхэса иужь, тафэм дыкъытехьэжащ. Иджы жэщ хэсыным зыхуэтщIми хъунути, щхьэж илэжь хабзэ Iуэхухэм яужь дихьэжащ: хэт пхъэ къехьри мафIэ ещI, хэти хьэпшыпхэр и пIэ ирегъэзагъэ. НэхъыжьитIыр допщафIэ.
Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ дыкъызэрыдэкIрэ, а зы пщыхьэщхьэм фIэкIа чэтэн пщыIэ цIыкIухэр дымыухуэу къэдгъэнатэкъым. Ар икIи гурыIуэгъуэщ: Кавказ шытхышхуэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ жэщыр щынэхъ щIыIэтыIэщ. Ауэ хы псыIумкIэ гъэза мэз кIуэцIхэм, апхуэдэуи абыкIэ ежэх псыхэм хуабэр хэпщIыкIыу нэхъ щаIыгъщ. Абы къыхэкIыу, дызэрыпщхьэ «дзыуэхэр» (къэпхэр) удзыпцIэ Iувым арыххэу хэдубгъуэри, абыкIэ зэфIэдгъэкIащ.
Ауэ мы пщыхьэщхьэми дэ, сытым щыгъуи хуэдэу, тIэкIу дыщымысыжауэ дыгъуэлъыжакъым. Пшапэр зэхэуами, ди нэхэр зэтепщIэху мафIэм дыбгъэдэсыжри, ди ныбэ изрэ дызыхуэарэзыжу дызэбгрыкIыжащ.
Пщэдджыжьым нэху ща хужыпIэну, нэхъыжьитIыр дыкъызэщыури жэщым къэдгъэна хьэкъущыкъу тIэкIури ттхьэщIыжащ, шхын хьэзырри дгъэхуэбэжащ.
Апхуэдэ щIыкIэм тету зы сыхьэт нэгъунэ дыпэщэщауэ, «хъункъэ иджы» щыжытIэм, иджыри къыздэсым зыкъамыгъэхъеяуэ пщэдджыжь жей IэфIыр «тхъэжу» езыхьэкI ныбжьыщIитIым дегуоуащ:
- Ей, щIалэфIхэ! Фытэджи, зыфтхьэщI! Шхынри хьэзырщ, махуэщIэри къыфпоплъэ! - жытIэри.
Ди пщэдджыжьышхэр щызэфIэкIым, ШахэкIеишхуэ дэс Тхьэрыкъуахъуэ Руслан зекIуэ гупыр гъунэгъу дыкъызэрыхуэхъуамкIэ хъыбар езгъэщIащ.
Iуэхур зыIутыр къыщыгурыIуэм, къытпежьэн мурад иIэу, асыхьэтым и машинэмкIэ гъуэгу къызэрытехьэр къыджиIащ. Телефоным къиIукI макъ жьгъырум зыхызигъэщIащ щыкъу щIалэр къызэрыдэжьари бгым дыкъыщхьэдэхыу, и «хэщIапIэм» гъунэгъу дыкъызэрыхуэхъуам зэрыщыгуфIыкIри…

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: