Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Къэрал наградэхэмкIэ щыIэ комиссэм хэтхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2021 гъэм гъатхэпэм и 11-м къыдигъэкIа и Указ №25-УГ-мкIэ къащтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
 

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Къэрал наградэхэмкIэ щыIэ комиссэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и деж Къэрал наградэхэмкIэ щыIэ комиссэм хэтхэр убзыхуным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2021 гъэм гъатхэпэм и 11-м къыдигъэкIа Указ №25-УГ-мкIэ къищтам, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Амщокъуэ Ф.Къ. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюзхэм я федерацэ» зэгухьэныгъэм Союзым и унафэщI» (зэрызэгурыIуам тету)»;
б) Езауэ А.Къ. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр».
2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм гъатхэпэм и 15-м
№23-УГ

 

Поделиться: