Лъэхъэнэжьым и фэеплъ къалэхэр

ЦIыхур къызэригъэщIрэ ­щIы­­уэп­сыр къегъэсэбэп бгъуэн­щIагъхэм, бгыщхьэхэм, жыг щхьэкIэхэм, къумым, псыщ-хьэм псэуалъэхэр щаухуэу. ЩIыуэпсми, зэрылъэкIкIэ, зэ­ры­­зихъумэжыным яужь итщ, цIыхум иригъэлей зэрымыхъунур игу къигъэкIыж хуэдэурэ зыкърегъащIэ. Къапщтэмэ, Iуэ­рыIуатэм нобэ къихьэсащ мы­зэ-мытIэу псыдзэм илъэса, къэбэкъауэм (вулканым) ири­жьыкIа, щIыхъейм ихьа па­сэрей къэралы­гъуэ телъы­джэ­хэм я хъыбар.
Апхуэдэщ мы тхыгъэмкIэ фэд­­гъэцIыхуну дызыхуей, па­сэ­рей адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ щызэхэзекIуэу щыта къалэжь­хэу Киммерик, Акрэ, ДиоскIурей жыхуиIэхэр.
 
Киммерик

Мыр алыдж къалэ-къэралу щытащ. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ псэуа философхэмрэ тха­кIуэ­хэм­рэ  зэхуэдэу щыхьэт зэрыте­хъуэмкIэ, Киммерикыр Мэуэтейрщ здэщыIар, Керч хы тIуа­щIэм деж къыщыщIэдзауэ, МыутI гуэлым (Iузэв) и Iуфэм зыщиукъуэдияуэ кIэрысу. ЩIэныгъэлIхэмрэ археологхэмрэ къы­щIатIыкIыжыну я мураду лIэ­щIыгъуэ зыбжанэкIэ лъыхъуащ къалэжьым, ауэ ягъуэтакъым. Абы къыдэкIуэу гу лъытапхъэщ ди лъэхъэнэм ипэкIэ 600 гъэ- хэм, алыджхэр хы ФIыцIэмрэ МыутI гуэлымрэ я Iуфэр щау­быдам, Киммерикыр боспор пщыжь­­хэм яухуауэ IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжым.
Пэжу, пасэрей Кърымри, Те­мэнри, Къафэри нобэ зэрыт­цIы­хум хуэдэу щытакъым. Сыту жыпIэмэ,  Керч  хы  тIуащIэм ­шууэ удэкIыфу хы ФIыцIэр метри ­4 - 5-кIэ (нэхъ мащIэ дыдэу) нэхъ чэнжу щытащ. Абы щыхьэт то­хъуэ Кавказ Ищхъэрэм къы­щыщIэдзауэ Кърымым нэс километр 18-кIэ кIуэцIрыкI пшахъуэ лъагъуэр. Аращи, псы Iуфэмрэ тIуащIэмрэ  я теплъэм илъэс къэс зэрызихъуэжыр къэп­лъытэмэ, Киммерикыр здэщы-тар къэпхутэнуи ар къэптIэ­щIыжынуи гугъущ. Ауэ пасэрей философхэм зэратхыжамкIэ, ар тIуащIэм укъызэрикIыу, Темэн и гъунапкъэ дыдэм деж щытащ, мывэ къалэкIэ къещIэкIауэ, ­хьэкхъуафэ дэтIыкIарэ Iуащхьэ IэрыщIхэмкIэ псым щыхъумауэ. Аращи, тIуащIэм и щIыпIэ нэхъ Iузэ дыдэм а къалэм ущылъы­хъуэну щхьэпэт.
Пэжу, 18-нэ лIэщIыгъуэ пщIондэ тхыдэтххэм я гугъащ Киммерикыр къуэкIыпIэмкIэ, кавказ Iуфэм Iусауэ.  Сыту жыпIэмэ, МыутI гуэлым Iуса лъэпкъыжь-хэм тIуащIэм къыхэпIиикI мы­вэшхуэхэр къыхахыурэ псэуа­лъэхэр яухуэу къэгъуэгурыкIуащ. Псым къыхахыу щыта а мывэ-    хэр пасэрей къалэжьым и къутахуэу хуагъэфащэу арат археолог­хэм. Ауэ, иужьыIуэкIэ ирагъэ­кIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэ­рагъэлъэгъуамкIэ, тIуащIэм дэкI пшахъуэ лъагъуэм нэхъыбэжу къыщыбогъуэтыж къалэжьхэм я лъэужь, уеблэмэ мрамор щIэ­гъэкъуэн нэгъунэ къыхопIиикI. Киммерикым ущылъыхъуэн ­хуейри абдежщ.

Акрэ

Кърымым нэхъ и гъунэгъуу щыта мы къалэм щхьэкIэ «лъэхъэнэжьым и щэху» жаIэ. Абы тет­хыхьащ Страбон, Плиний Нэхъыжьыр, нэгъуэщIхэри. Акрэ здэщытауэ зыхуагъэфащэ щIы­пIэ дыдэм деж щыIауэ жаIэ ­нэ­гъуэщI пасэрей къалэхэри: Пантикапей, Фанагорие, Китей, Корокондамэ. Ахэр псори лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм щыIащ, язы­хэзыр къагъуэтыну щыгугъыуи, куэдрэ къалъыхъуащ. Къа­гъуэтыжар зы закъуэщ - Акрэр.
18-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм псэуа академик Паллас П. С. хы ФIыцIэмрэ Керч тIуащIэмрэ я зэпылъыпIэм деж пасэрей къалэ гуэр щытауэ хуигъэфащэу картэм дамыгъэ тригъэуват. Ар Кърымым и ипщэ-къуэкIыпIэ ­гъунапкъэрт. ИужьыIуэкIэ, 19-нэ лIэщIыгъуэм и пэхэм, Дюбрюкс Поль а щIыпIэ дыдэм деж къыщигъуэтащ пасэрей къалэжь гуэрым и къутахуэхэр. Дюбрюкс  и къэхутэныгъэр алъандэрэ ­псори зылъыхъуа Акрэр арауэ ­игъэIури, илъэси 100-м щIигъукIэ къекIуэкIащ а хъыбарыр. Ауэ 1918 гъэм а къалэжьым и лъабжьэм щIэлъу бдзэжьеящэхэм къа­гъуэтащ мывэ чырбышышхуэ. Абы тедза тхыгъэр щыхьэт те­хъуащ а къалэр зэрымы-Акрэм. Ар Китей къалэрат…
Страбон итхам тепщIыхьмэ, Акрэр псы лъабжьэм щIэлъщ, «Мэуэтейм и мылхэм гъэр ­ящIауэ». Ар тегъэщIапIэ пщIырэ, Китейр зытет щIыпIэр зэи зэ­рымыщтыр къэплъытэмэ, Ак-рэм ущылъыхъуэн хуейр Керч ­тIуащIэрщ. Сыту жыпIэмэ, ар екIуэкIыу мэщт щIымахуэм. Пэжу, Плиний етх: «Феодосие и ­къуэкIыпIэмкIэ къыщылъщ Китей, Зефирий, Акрэ, Нимфей…». Ауэ щыхъукIэ, Акрэр Зефирийрэ Нимфейрэ я зэхуакум дэлъащ.      А псори зэпашэчу, иджыри зэ ириплъэжа нэужь, щIэныгъэлI­хэм жаIащ Акрэр Яныш гуэлым Iус нобэрей Набережнэ къуа- жэм и лъабжьэм зэрыщIэлъыр. Курыт еджапIэм щIэс Куликов Алексей 1981-1982 гъэхэм а ­къуа­жэм и Iэхэлъахэм пасэрей жь­гъей Iэбжьыб къыщигъуэтауэ щытащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ахэ­р Боспор къэралыгъуэм ди лъэхъэнэм ипэкIэ 375 - 321 гъэхэм щызекIуэу щыта ахъшэт. ЩIалэ цIыкIум щIэныгъэлIхэм яригъэлъэгъуащ ар къыщигъуэта щIыпIэр, икIи 1982 гъэм архео­логхэм Яныш гуэлым и лъабжьэм щIэлъу къагъуэтыжащ пасэрей Акрэ къалэшхуэр.
ЩIэныгъэм къызэрихутамкIэ, Акрэр хуэм-хуэмурэ псым щIилъэфащ. Абы щыпсэуахэр лIэ­щIыгъуэ зыбжанэкIэ пэщIэтащ псым, Iуащхьэхэр иращIэкIыу, къа­гъэувыIэн я гугъэу. Щы­пэ­мылъэщым, а щIыпIэм иIэп­хъу­кIащ.

Къэлъхъейм и вагъуэ

ЩIэныгъэр зэрыщыгъуа-зэмкIэ, Понт Iуфэм Одессэу тIу ­щы­Iащ. Языр псы лъабжьэм щIэлъщ. Акрэуи тIу щыIащ: къалэшхуэрэ псым пикIуэтурэ тIы­сыжауэ щыта къуажэ цIыкIурэ. Боспоруи тIу щIыIащ: Босфоррэ Кимерий Боспорымрэ. Къы-­зэ­рыщIэкIымкIи, Севастополри тIу мэхъу: УФ-м и флотыр здэ­щыIэмрэ Сыхъумрэ… НэгъуэщIу жыпIэмэ, ДиоскIурейрэ. Аращ пасэрей зэманым Сыхъум зэ­реджэу щытар.
Троян зауэм (ди лъэхъэнэм ипэкIэ 1218 гъэм щIидзам) ипэ-кIэ Хьэт къэралыгъуэм къикIри, ДиоскIур зэкъуэшитI (Касторрэ Полидевкрэ) хы ФIыцIэм и Iу-фэм къалэ щаухуащ, Iуэры­Iуа-тэм зэрыжиIэмкIэ. Къалэм зэ­къуэшитIым я лIакъуэцIэр фIащыжащ - ДиоскIурей. Ар нобэ-рей Сыхъумращ зыхуэзэр. Ар­хеологхэм зэрыжаIэмкIэ, псы Iуфэм щIыхъей шынагъуэ къы­щыхъущ, абы псыдзэ къы­кIэ­лъыкIуэжри, къалэр илъэсащ  ар зытета щIыр гуэщэтри, псы ­лъабжьэм щIилъэфэжащ. ЗэрыжаIэмкIэ, нобэр къыздэсым псым къыхопIиикI пасэрей ДиоскIурейм и мывэ блынхэмрэ чэщанэхэмрэ. Нобэр къыздэсым Сыхъум и псы Iуфэм Iутщ быдапIэм и къуэкIыпIэ блынхэр.
 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: