Абы и вагъуэр зэи ужьыхынукъым

Шинкубэ Бэгърат япэ дыдэу сыщыхуэзар 1992 гъэрщ, абы щыгъуэм «Республика Абхазия» газетым сыщылажьэрт. Редакцэм къэпсалъэри, къысхуэзэну зэрыхуейр жиIащ. СощIэж а зэIущIэм сыгузавэу сызэрыкIуар. Москва дэт, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым сыщыщIэтIысхьэм, творческэ зэпеуэм сызэрыпхрыкIар Шинкубэ и «Къуршым и пшыналъэ» усэкIэ гъэпса романым щыщ пычыгъуэ зэздзэкIарщ. А махуэм дэ дытепсэлъыхьащ абхъаз литературэм, абы узыщрихьэлIэ гугъуехьхэм, зэдзэкIакIуэ Iуэхум.
Куржы-абхъаз зауэм иужькIэ редакцэм къалэн къысщищIурэ зыбжанэрэ сыхуэзащ Шинкубэ Бэгърат. СощIэж япэ дыдэу и унэм сызэрыкIуар. ГъэщIэгъуэн сщыхъуат пэшым и блынхэм ящыщ зым абхъаз литературэм и фIыпIэу къалъытэ, дунейм щызекIуэ бзэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ зэрадзэкIа «ЖылакIэ» романым и жинтым и теплъэр къызэрыщыгъэлъэгъуар. Ди иужьрей зэхуэзэм, абы щыгъуэм тхакIуэр сымаджэт, сэ абы удз гъэгъа IэплIэ тыгъэ хуэсщIат. Пэжщ, япэщIыкIэ шэч къытесхьэжат апхуэдэ тыгъэр къезэгъыу пIэрэ жысIэри, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ удз гъэгъахэр тыгъэ зыхуащI хабзэр бзылъхугъэхэрщ. АрщхьэкIэ усакIуэр икъукIэ щыгуфIыкIат апхуэдэ тыгъэм.
Нобэ, Шинкубэ Бэгърат щытхэмытыжым, абхъаз литературэм, зэдзэкIын IуэхумкIэ щыIэ гугъуехьхэм ятеухуауэ жиIахэр зэрыпэжыр хьэкъ тщыхъуащ. Ар бэлыхь куэд зыгъэва и лъэпкъым и псэ узыр нэгъэсауэ зыхэзыщIэ, а гурыгъузыр зи тхыгъэхэмкIэ куууэ къэзыгъэлъэгъуэжыфа усакIуэ, тхакIуэ телъыджэт.
Абы дезгъэкIуэкIа псалъэмакъхэм ящыщ зым Бэгърат къызжиIат абхъаз мыIэрысэхэр фIы дыдэу зэрилъагъур. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, гъуэтыгъуей лIэужьыгъуэу ябж а мыIэрысэхэр ди гъащIэм хокIуэдыкIыжыпэ. Абыхэм я закъуэу пIэрэ кIуэдыжыр? Дунейм псынщIэ дыдэу зехъуэж, языныкъуэхэм дежи абы фIыуэ къытхуахьыр мащIэщ. Абхъаз мыIэрысэхэм ещхьу ди хабзэхэр мыкIуэдыжыну дыгугъэнщ, абы фIыуэ хэлъыр яхъумэу, лъэпкъым и къуэпсыр яфIэмыкIуэду щIэблэр псэуну Тхьэм жиIэ.
Си дежкIэ Шинкубэ Бэгърат и цIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ гъатхэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дунейм и щIэрэщIэгъуэ лъэхъэнэм хеубыдэ ар къыщалъхуа махуэр – накъыгъэм и 12-р. Гъатхэм и дахагъэ псор - дунейм щхъуантIагъэкIэ «зыкъызэрихуапэр», щIыуэпсыр «къызэрыушыр» - абы и усэ гуимыхужхэм куэдым лъабжьэ яхуэхъуащ. ТхакIуэ щэджащэм и творчествэм щызэхэунэхуащ щIыуэпсри, цIыхури, абхъаз лъэпкъым и тхыдэри, и гъащIэри.
УсакIуэшхуэм и IэдакъэщIэкIхэм еджэгъуафIэщ, дахагъэм ухуагъэуш, псэкупсэ къару гуэр яхэлъщи, щIэх-щIэхыурэ къэпщтэжурэ щIэбджыкIыжу апхуэдэщ. Шинкубэ и усэ куэдым макъамэ щIалъхьащ, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа абы и уэрэдхэр цIэрыIуэщ. Абхъаз литуратурэм жанрыщIэ - усэкIэ гъэпса роман - къызэрыхыхьар зи фIыщIэр Шинкубэ Бэгъратщ. Апхуэдэхэщ «Си лъэпкъэгъухэр», «Къуршым и пшыналъэ» тхыгъэхэр.
Нэхъыщхьэращи, Шинкубэ и IэдакъэщIэкIхэм яфIэфIу йоджэ сабийхэр. Си сабиищми фIыуэ ялъагъу абы и усэхэр. Зэгуэрым, сабийхэм я гъусэу жыг хадэм къыщыткIухьу Шинкубэ Бэгърат и фэеплъыр здэщытым дыщынэсым, ар абхъаз усакIуэ, тхакIуэ щэджащэу зэрыщытым, убых лъэпкъым я щхьэ кърикIуа гуауэм теухуа «ЖылакIэ» тхылъыр абы зэритхам, нэгъуэщI и ехъулIэныгъэхэм я гугъу яхуэсщIащ. Сабийхэр гупсэхуу къызэдэIуащ, итIанэ абыхэм ящыщ зыр, абы щыгъуэм илъэситху ныбжьым ит Арсен цIыкIу, къызэупщIащ:
- Мамэ, абырэ уэрэ хэт нэхъыфIу тхэр? – жиIэри.
Апхуэдэ упщIэр щызэхэсхым сэ зэуэ Iэнкун сыкъэхъуащ, итIанэ, зыкъэсщIэжри, жэуап естащ:
- Дауи, Шинкубэ Бэгъратщ. Апхуэдэ цIыхухэр илъэсищэм зэ къалъхуу аращ.
Ар икIи пэжщ. Шинкубэ Бэгърат и вагъуэр зэи ужьыхынукъым.
 

ПАЧУЛИЕ Лейлэ, журналист, художественнэ зэдзэкIакIуэ.
Поделиться: