Шынэн зэрыщигъэту, гъуэгум тогъуэщыкI

      Мисрий Зуннун и цIэу дин щIэныгъэлIышхуэ псэуащ, телъыджэ куэд далъэгъуауэ, псалъэ шэрыуэхэр къызэринэкIауэ.

     Дунеягъэм уи щIыб хуэбгъазэу, Алыхьталэм зептыным сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуар, жаIэри еупщIат Зуннун. Жэуап къаритащ: «Гъуэгу сытету сыкIуэрэ пэт, сешри зызгъэпсэхуну сытIысати, сыIурихащ махуэ гуэрым. Си нэр къыщызэтесхым, спэмыжыжьэу и абгъуэм къихуа бзу цIыкIу къэслъэгъуащ. Еплъын сымыухыурэ, асыхьэтым бзу цIыкIум и бгъум деж щIыр щызэгуэкIри, шейщIэт цIыкIуитI къэхутащ. Зым кунжут жылэ илът, адрейм  псы итт. Бзу цIыкIум жылэхэр ишхри, псыи трифыхьыжащ. Абы иужькIэ Алыхьталэм фIэкIа, зыри къысфIэIуэхужакъым». 

      ЦIыхум и ахърэт гъуэгур зылъахъэ щхьэусыгъуэхэр хы мэхъу, - жиIэрт Зуннун. 1) Псапэ щIэным зэремылIалIэр. 2) ШейтIаным и чэнджэщхэм зэредаIуэр. 3) ЛIэныгъэр цIыхум и лъэмбым зэримыкIыр зэрыщыгъупщэр. 4) Псэ зыIут псори арэзы ищIкIэрэ Алыхьыр арэзы зыхуищIыным зэрелъэпауэр. 5) Бегъымбар лъапIэу щэлатрэ сэламымрэ зэхамрэ абы и щэхьабэхэмрэ зытета гъуэгум техьарэ пэт, и хъуэпсапIэхэр къытекIуэу абы зэрытегъуэщIыкIыжыр. 6) Хьэлимышхуэхэм фIыуэ ядилъэгъуар зыщигъэгъупщэу, езыр зэрыщхьэхынэр абыхэм зэратрилъхьэр. 

   Зуннун жиIахэм щыщ:

- Тобэ къэпхьыжар пэжмэ, гуэныхьым пэIэщIэ зыпщIыпхъэщ. 

- Iэпкълъэпкъыр зэрымыузыншэр зыгуэр къызэреузым къегъэлъагъуэ. Алыхьыр фIыуэ зылъагъур Абы цIыху псоми яхиIэтыкIа Бегъымбар лъапIэу щэлатрэ сэламымрэ зэхам щэнкIи, IуэхущIафэкIи, унафэкIи дэплъеймэщ жиIэр уи фIэщ щыхъунур. 

- ФIэщхъуныгъэ нэс зыбгъэдэлъым Алыхьталэм нэмыщI гъусэ къилъыхъуэркъым, Ар псэлъэгъуу ирокъу.  

- ЦIыхур шынэхущ диным зэрелIалIэр. Шынэн зэрыщигъэту, гъуэгум тогъуэщыкI. 

- ШхынкIэ куда лъатэм акъылыр ихьэнукъым. Си ныбэ изу сышхэху, гуэныхь гуэрым сыхохуэ е сщIэну сытогушхуэ. 

   Зуннун дунейм щехыжам щыгъуэ, кхъэм яхь и хьэдэм абы ипэкIэ зыщIыпIи щамылъэгъуа бзу удзыфэхэр щхьэщылъэтауэ жаIэж.  

                                                                    ЧЭРИМ Марианнэ.  

 

 

Поделиться: