Лъэпкъ гупсысэ зиIэ

 «Адыгэхэм пасэм я псэукIэу, щыIэкIэу щытар си нэкIэ слъэгъуащэрэт, а зэманхэм сыкъыщыхутэу», жаIэу щызэхэпх къохъу. Я IэщIагъэ емылъытауэ, лъэпкъ Iуэхухэм, щэнхабзэм дихьэхыу, ахэр къызэраIэтыжыным хущIэкъуу щIалэгъуалэ куэд дызэриIэрщ зи гугъу тщIыр. Слъон Алим и хьэрычэт Iуэхур зэпхар туризмэмрэ мэкъумэш IэнатIэмрэщ. Ауэ и лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, адыгэхэм я лъэпкъ хуэIухуэщIэхэр зэзыгъэпэщыж, шыхэр, тхылъхэр, спортыр фIыуэ зылъагъухэми ящыщщ.
УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым КъБР-м къыбгъэдэкIыу щыIэ сенатор Къанокъуэ Арсен и нэIэм щIэту, 2021 гъэм и кIэм хьэрычэт IуэхухэмкIэ щIалэгъуалэм защIэгъэкъуэным тещIыхьауэ къызэрагъэпэща «Start up 5642» зэхьэзэхуэм Слъоныр хэтат икIи текIуэныгъэ къыщихьат. Абы къыщыхуагъэфэща ахъшэ саугъэтыр Алим зытриухуар XIX лIэщIыгъуэм адыгэхэм яIа лъапсэхэм тещIыкIа иухуэнырщ. Абы къегъэлъагъуэ щIалэр къызыхэкIам и тхыдэм зэрыдихьэхыр, абы къыщымынэу, пщIэ зэрыхуищIыр.
- Ди лъэпкъ хабзэхэм сызэрысабийрэ сыдахьэх. Къапщтэмэ, апхуэдэ фIылъагъуныгъэ ди щэнхабзэм хуэсщIыныр унагъуэм къыщежьащ. Псом хуэмыдэу, ар си адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ я фIыщIэщ, Iущыгъэ куэд абыхэм жаIэу зэхэсхащ, - жеIэ Алим. - Дунейр, зэманыр гугъу зэрыхъуам къыхэкIыу, зыми емыщхь ди хабзэ дахэхэр хъума хъуну дыхуеймэ, лъэпкъ гупсысэр зы щIэблэм адрей къыщIэхъуэм иритурэ зэIэпытхыу декIуэкIын хуейщ. А зэпыщIэныгъэр зы закъуэм и деж къыщызэпыудмэ, лъэпкъыр кIуэдауэ убж хъунущ. Сыт хуэдэ лъэпкъри аращ - и щэнхабзэр бгъэдэмылъыжмэ, нэгъуэщIхэм къахэзыгъэщынур сыт? Адыгэм я пасэрей псэукIэр цIыхухэм нэрылъагъу ящысщIыну сыт щыгъуи сыщIэхъуэпсу щытащ. Абы теухуауэ япэ дыдэу си гупсысэхэр зыхуэсIуэтар профессор икIи си ныбжьэгъу Iумэт Муратт. А Iуэхур къыздиIыгъащ икIи сытригъэгушхуащ. Лъапсэм и архитекторыр Хъуран Валерэщ. Нобэхэми а тIум фIыщIэшхуэ яхузощI, я IэщIагъэм и хъер Тхьэм яригъэлъагъу!
Адыгэ лъапсэр и ухуэкIэкIи, зэрагъэдахэу щытахэмкIи XIX лIэщIыгъуэм ящIу щытахэм къазэрыщхьэщыкI щымыIэу иухуэну Алим къалэну зэрызыхугъэувыжар къехъулIэн щхьэкIэ, Iуэхум ехьэлIа тхылъ куэд щIиджыкIыжащ, архивхэм хэплъэу, нэхъыжьхэм захуигъазэурэ. Алим езыр къыщалъхуа Аушыджэр (Дыгъужьыкъуей) къуажэрщ щIыпIэкIэ къыхихари. Лъапсэм хьэщIэщ (зэрыхабзэу, щхьэхуэу), кIыщ, щIакхъуэ гъэжьапIэ, джэдэщ, шэщ, лэгъунлей, нэгъуэщI ухуэныгъэхэри дэту иубзыхуащ, бжыхькIэ къэхухьауэ.
- Адыгэ лъапсэр къызэрыбгъэсэбэп хъунум теухуауэ мурад куэд диIэщ. Ди республикэм щыпсэухэми хьэщIэхэми ар яфIэгъэщIэгъуэн хъуным къыщымынэу, дыхуейщ ди адэжьхэм яIа псэукIэм, зэрахьа хабзэ дахэхэм, псом хуэмыдэу хьэщIэм пщIэшхуэ зэрыхуащIу щытам, псори хэдгъэгъуэзэну. Уеблэмэ ар укъыщыувыIэ хъу щIыпIэ тщIыну ди мурадщ, - пещэ Слъоным. - Къапщтэмэ, абдеж ди лъэпкъ IэщIагъэхэм, шхыныгъуэхэм я дерси щыпт хъунущ. «Лъэпщ» - пщIантIэм фIэщыгъэу естар аращ. Сэ Слъонхэ сащыщщ, ауэ сыкъызытехъукIар Лъэпщхэщи, ди адэжьхэм зэрахьа унэцIэр естмэ сфIэкъабылт. Ди лъэпкъ хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ зэрытхъумэным гугъуехь зэрыпылъым гулъытэ хуейщ. Проектым ехъулIэныгъэ зэриIар и фIыщIэу къызолъытэ чэнджэщкIэ, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ зыкъысщIэзыгъэкъуа си къуажэгъухэмрэ си ныбжьэгъухэмрэ зы гупу абы дызэрелэжьам», - къыхегъэщ щIалэм.
Слъон Алим щIохъуэпс ди щэнхабзэ туризмэм зригъэужьыну, адыгэ лъэпкъым и къуэпсхэр къыщежьэм къыдэкIуэтей щIэблэр дригъэхьэхыну. Ди гуапэщ и мурадыфIхэр къехъулIэну.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: