Махуэгъэпс

Нобэ

Сурэттехым и дунейпсо махуэщ 
ЦIыхухэр къызэрырашэкI кхъухьлъатэхэм я бортпроводникхэм я дунейпсо махуэщ
Белоруссием и налог IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
1590 гъэм
Саратов къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
1641 гъэм Астрахань хъаныдзэм Балъкъ и деж щригъэкIуэкIа зауэм хэкIуэдащ Къундет зэшхэр – Чэлимэтрэ Елдаррэ.
1783 гъэм Бытырбыху къыщызэIуахащ Театр Иныр, иужькIэ Мариинскэ цIэр зыфIащыжар.

НОБЭ

Арэфэ махуэщ
Аллергие узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я урысейпсо махуэщ
УФ-м и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я ракетэдзэхэм я IэщIагъэлIым и махуэщ
951 гъэм
Франджым и щыхьэр Париж ухуэн щIадзащ.
1796 гъэм США-м и къэрал департаментым и цIыхухэм паспорт яритын щIидзащ.
1918 гъэм Киев къыщызэрагъэпэщащ Украинэм и Къэрал Сенатыр.

Дунейм и щытыкIэнур

Нобэ

Урысейм къыщызэрагъэпэщащ мэзхэр кхъухьлъатэхэр къагъэсэбэпурэ хъумэным хуэщIа IэнатIэ

Осетие Ищхъэрэ - Аланием щагъэлъапIэ Республикэм и махуэр

Японием щагъэлъапIэ Лъагъуныгъэм и махуэр

1687 гъэм Ньютон Исаак къихутащ дунейм зыщIэзышэ къару зэрыхэлъыр.

1918 гъэм Советхэм Екатеринодар (иджырей Краснодар) щрагъэкIуэкIа съездым унафэ къыщащтащ Кавказ Ищхъэрэ республикэ къызэгъэпэщыным теухуауэ.

Нобэ

Къэзахъ Республикэм щагъэлъапIэ я къалащхьэ Астана и махуэр I997 гъэм Къэзахъстаным и парламентым унафэ къищтащ я къалащхьэр Алма-Ата ирахыу Акмола (иджы абы зэреджэр Астанащ) яхьыным теухуауэ.

Нобэ

Лэжьэрейм и дунейпсо махуэщ 
Армением и Конституцэм и махуэщ
Аргентинэм щагъэлъапIэ Сабийхэм я махуэр
Тыркумэным и хеящIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
Венесуэлэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. Америкэ Ипщэм Испанием щиIа колониехэм ящыщу Венесуэлэращ щхьэхуит хъуным и Iуэху япэу зезыхуар икIи I8II гъэм ар абы къехъулIащ.
Брянск, Калугэ, Новгород областхэр къыщызэрагъэпэща махуэщ (1944 гъэм)
1829 гъэм
Урал щIыналъэм и къухьэпIэмкIэ Урысейм щыяпэу налмэс зыщIэлъ щIыпIэ къыщагъуэтауэ щытащ.

Фадэм зыщызыдзейхэм я зэгухьэныгъэт

  Томас Кук - 1808-1892 гъэхэм псэуа инджылыз хьэрычэтыщIэр  - цIэрыIуэ зыщIар ди планетэм турист IуэхущIапIэ япэ дыдэу къызэрыщызэIуихарщ, щIыпIаплъэхэр гупышхуэу зэщIигъэуIуэрэ иришажьэу.  

Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, а лъэхъэнэм хуэзэу, Инджылызым хуабжьу щыхэхъуэрт фадэ зи нэрыгъхэм я бжыгъэм. А зэманым ирихьэлIэу, Кук чыристан диным и зы къудамэу ябж баптист унэтIыныгъэу фадэ ефэныр зыгъэхьэрэмым и телъхьэ хъуати, еш жыхуаIэр имыщIэу, а Iуэху мыдахэм цIыхухэр къызэрыхишыным яужь итт.    

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

США-м и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1776 гъэм Iэ традзащ США-р зыми и унафэ зэрыщIэмытыр щIэзыгъэбыдэ Декларацэм.

Югославием щагъэлъапIэ я щхьэхуитыныгъэм щIэбэнахэм я махуэр

Фашистхэм Латвием щыпсэу журтхэм цIыхугъэншагъэ щыкIэлъызэрахьам хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1941 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м Ригэ нэмыцэхэм щагъэсащ журтхэм я тхьэелъэIупIэхэр, абы екIуэлIахэри зэрыщIэсу.

Нобэ

Урысейм щагъэлъапIэ зауэ зэпэщIэтыныгъэ зэхуэмыдэхэм хэта ветеранхэм я махуэр 
Бурятием егъэлъапIэ езым фIэфIу Урысей къэралыгъуэм щыхыхьа махуэр (I66I гъэм) 
Армением и прокуратурэм и лэжьакIуэм и махуэщ
Тыркум и Дзэ-тенджыз къарухэм я махуэщ
Канадэм и махуэщ 
Инджылызым щагъэлъапIэ ЩIыналъэм и махуэр

1200 гъэм Китайм дунейм щыяпэу щащIащ нэхэр дыгъэм зэрыщахъумэ нэгъуджэ.
1862 гъэм Москва къыщызэIуахащ къэрал библиотекэ.

Нобэ

Астероидым и дунейпсо махуэщ
Парламентаризмэм и дунейпсо махуэщ
УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IуэхущIапIэхэм я хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
Белоруссием щагъэлъапIэ экономистым и махуэр
1845 гъэм
урысей пащтыхь Николай Езанэм унафэ къыдигъэкIащ Новороссийск кхъухь тедзапIэ щыщIыным теухуауэ.
1868 гъэм Самарканд Урысей империем хагъэхьащ.
1894 гъэм къызэIуахащ Лондон и Тауэр-бридж лъэмыж цIэрыIуэр.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Тропик мэзхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ

Дунай псым и махуэщ

Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ партизанхэмрэ тылым щэхуу щылэжьахэмрэ я махуэр

УФ-м и кхъухьухуэхэм я махуэщ

1776 гъэм иджырей Сан-Францискэ (США) къалэр зыхуэзэ щIыпIэ нэщIыр псэупIэ ящIауэ щытащ испанхэм.

1855 гъэм Лондон къыщыдэкIащ «Дейли Телеграф» газетым и япэ номерыр.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс