Махуэгъэпс

Гъуэтыгъуей дыдэу чэщей жыг

Гъэм и сыт хуэдэ зэманми и тхьэмпэхэр щхъуантIэщ. 

Зэрыбейр и пщалъэу

Дызэрыщыгъуазэщи, ди республикэм и щIыналъэр зыхуэзэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм ищхъэрэкIэ гъэза и джабэщIхэмрэ абыхэм я лъабжьэжкIэ щыIэ губгъуэхэмрэ я курыхырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъунапкъэр егъэщIылIащ: ипщэмкIэ - Куржым, къухьэпIэмкIэ – Къэрэшей-Шэрджэсым, ипщэ-къуэкIыпIэмкIэ – Осетие Ищхъэрэ-Аланием, къуэкIыпIэмкIэ – Ингуш Республикэм, ищхъэрэкIэ – Ставрополь крайм.

НОБЭ

Эквадор Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. I809 гъэм ар Испанием къызэрыхэкIым теухуа унафэ къащтащ, ауэ къэрал щхьэхуит щыхъупар I822 гъэрщ.
1500 гъэм
Португалием щыщ хыдзэлI Диаш Диегу Мадагаскар хытIыгур къигъуэтащ.
1793 гъэм дунейм и музей нэхъ ин дыдэхэм ящыщ, Париж дэт Луврыр цIыхухэр щIыхьэну, абы зыщаплъыхьыну хуиту къызэIуахащ.
1833 гъэм иджырей Чикагэ къалэм (США) и лъабжьэр ягъэтIылъащ. А зэманым ар цIыху щитI иримыкъу щыпсэу Уинди-Сити къуажэ цIыкIурт.

Идар Темрыкъуэ ипхъухэр

Урыс пащтыхь гуащэ Марие (Гуащэнэ)

(1544-I569 гъгъ.)

Дунейм щыхъыбархэр

НОБЭ

Тхылъ фIыуэ зылъагъухэм я дунейпсо махуэщ

Щалъхуа щIыналъэ щыпсэуж лъэпкъхэм я дунейпсо махуэщ

Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэщ - Пётр Езанэм и унафэм щIэту урыс флотыр 1714 гъэм шведхэм Гангут щIыхьэбзыпэм деж щатекIуащ.

Болгарием и Дзэ-тенджыз флотым и махуэщ

Канадэм щагъэлъапIэ мамырщIэкъухэм я махуэр

Дунейм щыхъыбархэр

НОБЭ

♦Альпинизмэм и дунейпсо махуэщ

♦Офтальмологием и дунейпсо махуэщ

♦Джэдухэм я дунейпсо махуэщ

♦Тыркумэн хъэуаным и махуэщ

♦Швецием и Къэрал ныпым и махуэщ

♦Китай Республикэм щагъэлъапIэ Адэхэм я махуэр

♦1899 гъэм США-м щыщ къэхутакIуэ Маршалл Альберт дунейм щыяпэу щIыIалъэ зэпкърилъхьащ, абы щыхьэт техъуэ тхылъи хуатхащ.

НОБЭ

Светофорым и дунейпсо махуэщ. 1914 гъэм США-м щыщ Кливленд къалэм щыфIадзащ икIи къагъэсэбэпу щыхуежьащ япэ светофорыр.

 

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Зи закъуэу псэу лэжьакIуэ цIыхубзхэм я дунейпсо махуэщ

♦Китайм щагъэлъапIэ зэгуэкIуахэм я махуэр

♦​1774 гъэм урыс-тырку зауэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ Кутузов Михаил. И щхьэм игъуэта уIэгъэм и зэранкIэ и нэ ижьыр фIэкIуэдами, абы иджыри илъэс куэдкIэ къулыкъу щищIащ дзэм. Франджыхэр Урысейм къыщытеуам пащтыхь Александр Езанэм Кутузовыр дзэм и командующэ нэхъыщхьэу игъэуври, абы и унафэм щIэтущ I8I2 гъэм текIуэныгъэ цIэрыIуэр къызэрахьауэ щытари.

Къаплъэным и махуэ

Зы илъэс къэмынэу, ЩIы Хъурейм щагъэлъапIэ Къаплъэным и махуэ (International Tiger Day) зыфIаща Iуэхугъуэр. АбыкIэ унафэ къыщащтат 2010 гъэм Санкт-Петербург щызэхаша «Къаплъэнхэм я саммит» къэрал зэхуаку зэIущIэм.

Хэтахэр арэзы зэдэхъуу а зэхуэсым щызэхагъэуващ 2010-2022 гъэхэм тещIыхьа программэр, а пIалъэм къриубыдэу зи гугъу тщIы псэущхьэ телъыджэхэм ящыщу дэнэ лъэныкъуэкIи щыIэхэм я бжыгъэр тIукIэ гъэбэгъуэжын зэрыхуейм хуэгъэзар.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Хъарбызым и дунейпсо махуэщ

Къэзахъстаным щагъэлъапIэ транспорт IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэр

1492 гъэм испан хыдзэлI Колумб Христофор и унафэм щIэт гупыр, кхъухьищ хъууэ, япэу зекIуэ ежьащ.

1778 гъэм Милан къыщызэIуахащ «Ла Скала» оперэм и унэр.

1799 гъэм урысеидзэм и кхъухьхэр Тыркум япэ дыдэу хуит ищIащ Босфор псы дэжыпIэм къыпэрымыуэу дигъэкIыну.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс