Махуэгъэпс

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

1662 гъэм Москва цIыхухэр къыщызэрыIэтащ домбеякъым къыхэщIыкIа ахъшэ къызэрыщIагъэкIыр ямыдэу. Ар дыжьын ахъшэм хуагъадэрт, я сомым къыщIэкIыр нэхъ мащIэ, ят налогыр нэхъыбэ хъуати, цIыхубэм ар ягу техуакъым икIи цIыху минипщIым нэблагъэ пащтыхьым и деж тхьэусыхакIуэ кIуэну зэрехьэжьащ.

Дунейм щыхъыбархэр

Зэманыр и пIэ иткъым, щIэныгъэми махуэ къэс щIэ гуэрхэр къыхохьэ. Арыншэуи нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ.
ЩIэныгъэлIхэр мы зэманым зи ужь ит, япэ ирагъэщ Iуэху нэхъ гугъухэм ящыщщ кIэрыхубжьэрыхухэр гъэсеиным ехьэлIахэр. 

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

УадэкIэ уеуэмэ зу мывэ телъыджэхэр щыIэщ дунейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Апхуэдэ мывэшхуэхэм я нэхъ цIэрыIуэхэр щыIэщ Пенсильванием и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэм (Мывэ хадэ зыфIаща щIыпIэм), Франклин округым, КъухьэпIэ Австралием и Ипщэ къуршхэмрэ Урысейм и Магадан областым хыхьэ Кандалакшэ къалэм и Iэгъуэблагъэхэмрэ.

Фэ фщIэрэ?

ЩIэныгъэ къэхутэныгъэхэр гъунэншэщ. Абыхэм зыщыбгъэгъуазэу ухуежьэмэ, ди хъуреягъкIэ телъыджэ куэд зэрыщыIэр хьэкъ пщохъу. Псалъэм папщIэ, уафэм вагъуэу итыр щIым пшахъуэ налъэу телъым нэхърэ зэрынэхъыбэр гъэщIэгъуэнкъэ?!

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

♦ЦIыхукIэ сату щIыным ебэныным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм 2013 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м къищта унафэм ипкъ иткIэ ирагъэкIуэкI.

Къаплъэным и махуэ

Зы илъэс къэмынэу, бадзэуэгъуэм и 29-м ЩIы хъурейм щагъэлъапIэ Къаплъэным и махуэ (International Tiger Day) цIэр зиIэ Iуэхугъуэр.

Нобэ

♦1586 гъэм Европэм япэ дыдэу кIэртIоф къашащ. Колумбием къришри, а къэкIыгъэр Инджылызым къишат Хэрриот Томас.
♦1697 гъэм Камчаткэ хытIыгуныкъуэр зэрыщыIэр къахутащ.
♦1713 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ Рижскэ губерниер.

Нобэ

♦Вьетнамым щагъэлъапIэ къэралым и щхьэхуитыныгъэм щIэбэнурэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэр
Финляндием махуэ гъэщIэгъуэн - жейнэдым и махуэ - щагъэлъапIэ
1147 гъэм Москва къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
1694 гъэм дунейм щыяпэу Инджылызым къыщызэIуахащ и банк нэхъыщхьэр. ЦIыху I268-м я мылъку халъхьат Шотландием щыщ хьэрычэтыщIэ Патерсон Уильям и банкым.
1841 гъэм Пятигорск пэмыжыжьэу Мэшыкъуэ бгы лъапэм и деж щаукIащ урыс усакIуэ, тхакIуэ щэджащэ Лермонтов Михаил.

Дунейм щыхъыбархэр

Свердловскэ областым и губернатор Куйвашев Евгений Екатеринбург и Iэтащхьэм унафэ хуищIащ къалэм дэт щиху псори ирыригъэупщIыкIыну икIи абыхэм я пIэкIэ нэгъуэщI жыг лIэужьыгъуэхэр хригъэсэну.

Нобэ

Адэ къуэш-адэ шыпхъухэм, анэ дэлъху-анэ шыпхъухэм я дунейпсо махуэщ
Эсперантэ бзэм и махуэщ. I887 гъэм Варшавэ (Польшэ) урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ эсперантэ бзэр зэрырагъэджыну япэ учебникыр.
Урысейм щагъэлъапIэ парашютистым и махуэр
Кубэм и лъэпкъ зэщIэхъееныгъэм и махуэщ
1770 гъэм, Урыс-Тырку зауэм и зэманым, генерал Репнин Николай зи пашэ дзэм Измаил быдапIэр къащтащ.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс