Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
Нобэ
♦Зэныбжьэгъугъэм и дунейпсо махуэщ ♦ЦIыхукIэ сату щIыным ебэныным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм 2013 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м къищта унафэм ипкъ иткIэ ирагъэкIуэкI. ♦1768 гъэм дунейм и хъуреягъыр къызэхикIухьын мурадкIэ псым техьащ Кук Джеймс зи капитан кхъухьыр. Абы ист псори зэхэту цIыху 84-рэ. Дунейм и щIыпIэ куэд япэу къахутэри, гупыр 1771 гъэм Инджылызым къекIуэлIэжауэ щытащ. ♦♦1932 гъэм Лос-Анджелес (США) къалэм къыщызэIуахащ Х Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр екIуэкIащ шыщхьэуIум и 14 пщIондэ. 1980 гъэм Израилым и кнессетым къэралым и щыхьэру Иерусалим игъэуващ. ♦1916 гъэм къалъхуащ япэ рангым и капитан, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта, дзэ-тенджыз щIэныгъэхэм я кандидат Вэрокъуэ Гъузер. ♦1947 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актёр, хьэрычэтыщIэ, политик цIэрыIуэ Шварценеггер Арнольд. ♦1948 гъэм къалъхуащ УФ-м Художественнэ гимнастикэмкIэ и федерацэм и унафэщI, Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь Виннер – Усмановэ Иринэ. ♦1948 гъэм къалъхуащ франджы актёр цIэрыIуэ Рено Жан. ♦1970 гъэм къалъхуащ политик, УФ-м и Къэрал Думэм и УнафэщIым и къуэдзэ, «Урысей зэкъуэт» партым и Совет нэхъыщхьэм и сектетарым и къуэдзэ Железняк Сергей.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 - 27-рэ, жэщым градус 18 - 20 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Шащхьэр щыупщIыIукIэ, шакIэм мыхьэнэ иIэжкъым.