ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Нобэ

♦1662 гъэм Москва цIыхухэр къыщызэрыIэтащ домбеякъым къыхэщIыкIа ахъшэ къызэрыщIагъэкIыр ямыдэу. Ар дыжьын ахъшэм хуагъадэрт, я сомым къыщIэкIыр нэхъ мащIэ, ят налогыр нэхъыбэ хъуати, цIыхубэм ар ягу техуакъым икIи цIыху минипщIым нэблагъэ пащтыхьым и деж тхьэусыхакIуэ кIуэну зэрехьэжьащ. Я Iуэхум хэплъэну Романов Алексей пащтыхьымрэ абы и блыгущIэтхэмрэ цIыхубэр къагъэгугъэри, ахэр пIалъэкIэ - дзэр къэсыхукIэ зэтрауIэфIащ. Бжэгъурэ Iэдакъэсэрэ фIэкIа зымыIыгъ цIыхухэм дзэр ятегуплIащ икIи а зэпэщIэтыныгъэм къалэдэс 900 абдежым щыхэкIуэдащ. 
♦1777 гъэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон дунейм щыяпэу цирк къыщызэIуахащ.
♦1836 гъэм Москва и Кремлым и пщIантIэм щагъэуващ Пащтыхь-Тхьэгъуш жыхуаIэр. Щагъэжа щIыпIэм деж илъэсищэм нэблагъэкIэ щылъащ ар, тонн щитIым нэблагъэ и хьэлъагъти, къахуэмыгъэхъейуэ. Архитектор Монферран Огюст ар къэпIэту бгъэIэпхъуэ зэрыхъуну Iэмалыр къигупсысри, шыщхьэуIум и 4-м тхьэгъушыр трагъэувауэ щытащ абы хуагъэхьэзыра лъагапIэм.
♦1888 гъэм Томск къалэм университет къыщызэIуахащ.
♦1892 гъэм Ульянов Владимир (Ленин) хеящIэ лэжьыгъэ иригъэкIуэкIыну хуит ящIащ.
♦1902 гъэм къызэIуахащ Темзэ псы щIагъым щаукъуэдия лъэс зекIуапIэр. Абы зэпищIат Лондон и хьэблитI.
♦1901 гъэм къалъхуащ США-м щыщ джаз музыкант, композитор цIэрыIуэ Армстронг Луи.
♦1905 гъэм къалъхуащ совет композитор, дзэ оркестрымрэ хорымрэ я дирижёру щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м и цIыхубэ артист, Лениным, Сталиным я щIыхькIэ щыIа саугъэтхэр зрата, генерал-майор Александров Борис.
♦1905 гъэм къалъхуащ щIэныгъэлI, абхъаз-адыгэ бзэ гупыр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Куржымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Рогавэ Георгий.
♦1914 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Шыкъ Михаил.
♦1946 гъэм къалъхуащ урысей къэрал къулыкъущIэ, Дагъыстэн Республикэм и Iэтащхьэу щыта Абдулатипов Рэмэзан.
♦1959 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор IэкIатэ Валерий.
♦1961 гъэм къалъхуащ США-м и президенту щыта, Нобель и саугъэтым и лауреат Обамэ Барак.
♦1966 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ, Урысейм и ЛIыхъужь Цей Эдуард.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 31 - 33-рэ, жэщым градус 21 - 23-рэ щыхъунущ.
 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
ФызыфI зиIэм хъуэхъу и унэ илъщ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ