Нобэ

♦Вьетнамым щагъэлъапIэ къэралым и щхьэхуитыныгъэм щIэбэнурэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэр
♦Финляндием махуэ гъэщIэгъуэн - жейнэдым и махуэ - щагъэлъапIэ
♦1147 гъэм Москва къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
♦1694 гъэм дунейм щыяпэу Инджылызым къыщызэIуахащ и банк нэхъыщхьэр. ЦIыху I268-м я мылъку халъхьат Шотландием щыщ хьэрычэтыщIэ Патерсон Уильям и банкым.
♦1841 гъэм Пятигорск пэмыжыжьэу Мэшыкъуэ бгы лъапэм и деж щаукIащ урыс усакIуэ, тхакIуэ щэджащэ Лермонтов Михаил.
♦1922 гъэм Адыгей автономнэ областыр къызэрагъэпэщащ.
♦1921 гъэм Канадэм щыщ физиолог Бантинг Фредерик хэIущIыIу ищIащ инсулин хущхъуэгъуэр зэрызэхилъхьар.
♦1941 гъэм Симонов Константин Москва щитхащ «Жди меня» зыфIища усэр. Зауэ зэманым ятхахэм я нэхъ цIэрыIуэ дыдэ хъуахэм ящыщщ а усэр.
♦1944 гъэм советыдзэхэм хуит къащIыжащ Львов къалэр.
♦1952 гъэм Индыл-Тэн кIэнауэр къызэIуахащ.
♦198I гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиер къызэIуахащ. Иджы ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетщ.
♦1985 гъэм Москва къыщызэIуахащ ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я ХII дунейпсо фестивалыр. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр къызэIуихат КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэу а зэманым щыта Горбачёв Михаил. Фестивалыр шыщхьэуIум и 3 пщIондэ екIуэкIащ.
♦1990 гъэм Белорусскэ ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ я къэрал суверенитетым теухуауэ.
♦1991 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэуващ президент къулыкъур.
♦2012 гъэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон къыщызэIуахащ ХХХ гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Ахэр екIуэкIащ бадзэуэгъуэм и 27 – шыщхьэуIум и 12-хэм.
♦1904 гъэм къалъхуащ совет шахматисткэ, дунейпсо чемпионкэ Руденкэ Людмилэ.
♦1924 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, драматург Чуякъуэ Джэфар.
♦1928 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Iэбубэчыр Нажмудин.
♦1936 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щомахуэ Алексей.
♦1940 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Чуякъуэ Инус.
♦1945 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, Тэрч щIыналъэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Емкъуж Хьэсэнбий.
♦1952 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, щIэныгъэлI, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Къуиикъуэ Асфар.
♦1947 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэнэтI Лидие.
♦1971 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, тхакIуэ Тау Нинэ.
 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 - 19, жэщым градус 15 - 16 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
ПащIэм къимыхьар жьакIэм къихьынкъым.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ