Махуэгъэпс

МЭРЕМ ПШЫХЬ

ГушыIэхэр

И ныкъуэр къэгъанэ

ЗэлIзэфызыр хъарзынэу зэдэпсэуурэ илъэс тIощIым нэс дэкIауэ, лIым ефэу къиублат. Ар фызым и гум техуакъым икIи лIым жриIащ:

- Алыхь, ефэныр щумыгъэтыжмэ, зы махуэ симысыну, сикIыжынумэ!

- ИкIыж, - и напIэр хуэдакъым лIым, ауэ къыщысшам щыгъуэ килограмм 50 фIэкIа ухъуу щытакъым, иджы килограмми 100-м нэбгъэсащи, си деж щызытеплъхьа лыр къэгъанэ, адрейр ихыж.

Алыфбейр къызэрежьар

ГъэщIэгъуэнщ

Лютер Мартин, Моцарт, Эдисон сымэ бын хырых яIащ, Маркс – 7, Шуман – 8, Чаплини апхуэдиз, тхыдэтх Соловьев – 12, математик Эйлер – 13, Толстой Леви апхуэдиз, Бах къуипщIрэ пхъуипщIрэ къыхуалъхуат.

* * *

США-м щыщ Рой Тимоти 1982 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м щIидзэри, махуэ 431-кIэ къемыхыу жыгыщхьэм фIэсат.

* * *

Гур жьы хъуркъым

Псалъэ пэжхэр

♦Нэмысым насып къыдокIуэ.
♦Джатэм и щIагъи пэжыр жыIэ.
♦Дунейр къэкIухьи, уи унэ ихьэж.
♦АжалитI щыщымыIэкIэ, а зэ лIэгъуэм лIыгъэ хэлъхьэ.
♦Нэмыс пщIымэ, уи щхьэщ зыхуэпщIыжыр.
♦ФIы щIэи, псым хэдзэ.
♦Щхьэр псомэ, пыIэ щыщIэркъым.
♦Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым.
♦Пагэр мэгыз.
♦ЩIэм дэжи, жьым дэшхэ.
♦Псапэр куэд хъуркъым.
♦Ебгъэлеймэ – къреху.

Дунейм щыхъыбархэр

Псэущхьэхэм ятеухуа гъэщIэгъуэнхэр

•Скорпионхэр (щхъухьзехьэ бэдж лIэужьыгъуэщ) мышхэу илъэситIкIэ псэуфынущ. Нэхъ телъыджэжыр а псэущхьэр бгъэщту тхьэмахуэ зыбжанэ дэкIыжа нэужьи зы лажьэ имыIам хуэдэу къызэрыхъужырщ, адэкIи псэун зэрыригъэжьэжырщ.

 

 

•Галапагосскэ шылъэгухэр илъэси 150-кIэ мэпсэу икIи илъэс псокIэ мышхэу, псыи емыфэу дахыфынущ.

 

Дунейм щыхъыбархэр

Монакэ пащтыхьыгъуэм нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъ ин парк

США-м и къалэ нэхъ ин дыдэр Нью-Йоркщ. Абы цIыху мелуанийрэ ныкъуэрэ щопсэу. Атлантикэ хым и Iуфэм щыщ а щIыпIэр 17-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм псэупIэ ящIауэ щытащ Голландием къиIэпхъукIахэм икIи 1664 гъэ пщIондэ абы Новый Амстердам цIэр зэрихьащ.

Дунейм щыхъыбархэр

Марсым псэ зыIут щыпсэуа?

Марс планетэм куэд щIауэ кIэлъоплъ щIэныгъэлIхэр икIи абы зэгуэр гъащIэ щыIауэ хуагъэфащэ. Ар икIи лъабжьэншэу пхужыIэнукъым - кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу абы щыхьэт техъуэ щапхъэхэр.

Дунейм щыхъыбархэр

Материк нэхъ тхьэмыщкIэ дыдэм и нэхъ зызыужьа къэрал

«Африка» псалъэр зэрызэхэпхыу япэу гум къэкIыр и инагъкIэ ЩIы хъурейм етIуанэ увыпIэр (километр зэбгъузэнатIэ 30370000-рэ мэхъу) щызыIыгъ, апхуэдэу щытми нэхъ къыкIэрыхуа, зи цIыхухэр тхьэмыщкIагъэм хэмыкI щIыпIэу зэрыщытырщ. Абы къэрал 55-рэ къызэщIеубыдэ, 2018 гъэм къызэрабжамкIэ, цIыху 1275920972-рэ щопсэу.

Мэрем пшыхь

ЦIыхушхуэхэм я гупсысэхэр
Сыт гъащIэм и купщIэр?

Дунейм щыхъыбархэр

США-м и Массачусетс штатым хыхьэ Провинстаун къалэм щыщ Паккард Майкл иджыблагъэ къыщыщIам и хъыбарыр щызэбграгъэхам, ар зэхэзыхахэм зыжьэу абы хужаIащ: «Джанэ щыгъыу къалъхуащ!» IэщIагъэлIхэм зэрыжаIамкIэ, апхуэдэ къыщыхъур зэзэмызэ дыдэщ - триллионым хуэзэу зэщ.

Мэрем пшыхь

Дунейм зы лъэпкъи тету къыщIэкIынкъым щIэблэ махуэ, щIэблэ узыншэ, щIэблэ гъэса диIащэрэт, жимыIэу. Дауи, лъэпкъхэм я щIэблэм ират гъэсэныгъэр теухуат а лъэпкъхэм езыхэм я псэукIэм, я тхыдэм и къекIуэкIыкIам, я лэжьыгъэм, я хабзэм. 

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс