Алыфбейр къызэрежьар

ГъэщIэгъуэнщ

Лютер Мартин, Моцарт, Эдисон сымэ бын хырых яIащ, Маркс – 7, Шуман – 8, Чаплини апхуэдиз, тхыдэтх Соловьев – 12, математик Эйлер – 13, Толстой Леви апхуэдиз, Бах къуипщIрэ пхъуипщIрэ къыхуалъхуат.

* * *

США-м щыщ Рой Тимоти 1982 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м щIидзэри, махуэ 431-кIэ къемыхыу жыгыщхьэм фIэсат.

* * *

Тхыгъэ щхьэхуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, 1858 – 1865 гъэхэм Кавказ Ищхъэрэм ирашу Тыркум цIыху мин 493-рэ 1эпхъуащ.  Абыхэм ящыщу 45.023-р натыхъуейщ, 27.337-р абазэхэщ, 165.626-р шапсыгъщ, 74.567-р убыхщ, 17.000-р къэбэрдей адыгэщ.

* * *

Зы километр зэбгъузэнатIэм цIыхуу щопсэу: Урысейм - 6, США-м – 42-рэ, Японием – 289-рэ, Инджылызым – 241-рэ, Франджым – 112-рэ, Китайм – 152-рэ, Бразилием – 19, Индием – 303-рэ, Италием – 189-рэ, Австралием – тIум тIэкIу щIигъу, Германием – 230-рэ, Израилым – 284-рэ, Индонезием – 108-рэ, Иорданием – 71-рэ, Пакистаным – 186-рэ, Сирием – 83-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым – 72-рэ, Адыгэ Республикэм – 59-рэ, Дагъыстэным – 49-рэ, Ингушым – 78-рэ, Къалмыкъым – плIы иримыкъу, Къэрэшей-Шэрджэсым – 31-рэ, Осетие Ищхъэрэ - Аланием – 88-рэ, Шэшэн Республикэм – 82-рэ.

* * *

ЯпэщIыкIэ псалъэхэр, пычыгъуэхэр къызэрыкI сурэт цIыкIухэр къагупсысащ. Нэхъ кIасэIуэу Финикий сондэджэрхэм хьэрф языныкъуэхэр кърагъэжьащ, ауэ ахэр хьэрф дэкIуашэт. ИтIанэ ди эрэм и пэкIэ IX - V I I I лIэщIыгъуэхэм пасэрей алыджхэм хьэрфзешэхэри кърагъэжьащ икIи абыхэм я тхыбзэр «альфэрэ» «бетэу» зэхэтт. Урысхэм я деж ар къэсащ икIи славяныбзэкIэ «аз» «бука» хъуащ, абыи къытекIащ  «азбука» псалъэр. Дунейм тет лъэпкъхэм я нэхъыбэм езым я алыфбей къагупсысакъым, нэгъуэщIхэм яйхэр къагъэсэбэпауэ аращ - дэри, адыгэхэми, урыс алфавитыр къэдгъэсэбэпу аращ.

* * *

КIэртIофыр къыщежьауэ къалъытэр Эквадорымрэ Перумрэщ. ХVI л1эщ1ыгъуэм и пэхэм а къэкIыгъэ хьэлэмэтыр абыхэм кърашри, Испанием къашащ, итIанэ Европэ псом лъэIэсащ, фIыуэ ялъагъуу, егугъуу ящIэуи щIадзащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ Урысейми къэсащ. Ауэ, пэжщ, абы щыгъуэ ди деж къэса кIэртIофымрэ нобэ къэдгъэкIымрэ зэщхьыжкъым, сортыщIэ куэд къагъэхъуащ, нэхъ бэви хъууэ, щIыпIэ нэхъ щIыIэхэри езэгъыу. Иджы кIэртIофыр Урысей Федерацэм и щIыпIэ куэдым фIыуэ щохъу. Ар щIакхъуэ етIуанэу ябж хъуащ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться:

Читать также:

16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 НОБЭ