МЭРЕМ ПШЫХЬГушыIэхэр И ныкъуэр къэгъанэ ЗэлIзэфызыр хъарзынэу зэдэпсэуурэ илъэс тIощIым нэс дэкIауэ, лIым ефэу къиублат. Ар фызым и гум техуакъым икIи лIым жриIащ: - Алыхь, ефэныр щумыгъэтыжмэ, зы махуэ симысыну, сикIыжынумэ! - ИкIыж, - и напIэр хуэдакъым лIым, ауэ къыщысшам щыгъуэ килограмм 50 фIэкIа ухъуу щытакъым, иджы килограмми 100-м нэбгъэсащи, си деж щызытеплъхьа лыр къэгъанэ, адрейр ихыж. Махуэу згъуэтакъым Пщыхьэщхьэм Хъуэжэ и шыдыжьыр имыгъуэтыжу къыдыхьэжащ. Жэщыбгым нэсауэ, пщIантIэм Iэуэлъауэ гуэр къыщыIуащ. - Си шыдыжьыр къэкIуэжауэ къыщIэкIынщи, щIэзгъэхьэжыныщ, - жиIэри Хъуэжэ унэм укъыщIэкIащ. Iэуэлъауэр къыздиIукIыр шыдыр здэщыт хабзэмкIэти, абыкIэ кIуащ. ДыгъуакIуэхэр шыдым лъыхъуэу абы щIэту щилъагъум: - Сэ махуэу сылъыхъуэри, згъуэтыжакъым, фэ жэщу вгъуэтын фи гугъэрэ а си шыдыжьыр? - жиIэри Хъуэжэ унэм щIыхьэжащ.
Поделиться:
Читать также:
16.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
15.05.2024 - 16:22 →
Хьэрш къэхутэныгъэщIэхэр
15.05.2024 - 15:10 →
Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
15.05.2024 - 12:44 →
НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 →
НОБЭ
|