Гур жьы хъуркъым

Псалъэ пэжхэр

♦Нэмысым насып къыдокIуэ.
♦Джатэм и щIагъи пэжыр жыIэ.
♦Дунейр къэкIухьи, уи унэ ихьэж.
♦АжалитI щыщымыIэкIэ, а зэ лIэгъуэм лIыгъэ хэлъхьэ.
♦Нэмыс пщIымэ, уи щхьэщ зыхуэпщIыжыр.
♦ФIы щIэи, псым хэдзэ.
♦Щхьэр псомэ, пыIэ щыщIэркъым.
♦Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым.
♦Пагэр мэгыз.
♦ЩIэм дэжи, жьым дэшхэ.
♦Псапэр куэд хъуркъым.
♦Ебгъэлеймэ – къреху.

♦Уэшх блэкIам щIакIуэ кIэлъумыщтэж.
♦Гу нэхърэ нэхъ жэр щыIэкъым.
♦Узым зыдэбгъэшмэ, узыIэпешэ.
♦ПцIищэ нэхърэ - зы пэж.
♦Зэхэпх псори пэжкъым, жаIэ псори къэхъуркъым.
♦Уи анэ къыбжиIэм едэIу, уи адэ къыбжиIэр гъэзащIэ.
♦Уемызэш, умышыни лIы ухъунщ.
♦Делэм уи пыIэ ети блэкI.
♦Хабзэм къемызэгъыр и бийщ.
♦Къэбублэр хабзэщ.
♦Сакъ и анэ гъыркъым.
♦Гур жьы хъуркъым.
♦Жыг закъуэ жьым щошынэ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться:

Читать также:

16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 НОБЭ