Дунейм щыхъыбархэр

Псэущхьэхэм ятеухуа гъэщIэгъуэнхэр

•Скорпионхэр (щхъухьзехьэ бэдж лIэужьыгъуэщ) мышхэу илъэситIкIэ псэуфынущ. Нэхъ телъыджэжыр а псэущхьэр бгъэщту тхьэмахуэ зыбжанэ дэкIыжа нэужьи зы лажьэ имыIам хуэдэу къызэрыхъужырщ, адэкIи псэун зэрыригъэжьэжырщ.

 

 

•Галапагосскэ шылъэгухэр илъэси 150-кIэ мэпсэу икIи илъэс псокIэ мышхэу, псыи емыфэу дахыфынущ.

 

 
•Хьэ лъэпкъыгъуэ нэхъ Iущ дыдэхэр - бордер-колли, пудель, нэмыцэ овчаркэ жыхуаIэхэрщ.

 
•НаIуэу зэрыщытщи, махъшэхэр къумым зэман кIыхькIэ итыфщ псыншэу. Абыхэм нэхърэ нэхъыбэжрэ псы емыфэу яхуошэч дзыгъуэхэмрэ жирафхэмрэ.

Нобэ

♦Бельгием и лъэпкъ гуфIэгъуэшхуэщ - 1831 гъэм къэралым и щхьэхуитыныгъэм теухуа декларацэмрэ и конституцэмрэ къащтащ.
♦Тыркумэным и медицинэ IэнатIэм и лэжьакIуэ­хэм я махуэщ
♦1613 гъэм
Урысейм и пащтыхь хъуащ Романов Михаил Фёдор и къуэр. Романовхэ ящыщу аращ пащтыхь тахътэм япэу итIысхьар.
♦1774 гъэм Урысеймрэ Тыкумрэ Кючук-Кайнарджий мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэр зэращIылIащ, 1768 - 1774 гъэхэм а къэралитIым ирагъэкIуэкIа зауэр зэриухам и щыхьэту.
♦1829 гъэм адыгэлI Хьэшыр Чылар япэ дыдэу Iуащхьэмахуэ и щыгум къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ дэкIащ.
♦1906 гъэм Урысейм и правительствэм и унафэщIу ягъэуващ мэкъумэш IэнатIэм щригъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа Столыпин Пётр.
♦1917 гъэм Урысей правительствэм и унафэщI хъуащ Керенский Александр.
♦1941 гъэм нэмыцэ кхъухьлъатэхэр Москва япэу щхьэщыхьэри лагъымхэр щрадзыхащ.
♦1969 гъэм Америкэм щыщ астронавтхэу Армстронг Нилрэ Олдрин Эдвинрэ «Аполлон-11» кхъухьым икIри, дуней псом апхуэдэ къыщымыхъуауэ, Мазэм теуващ.
♦1994 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал гербыр, Къэрал ныпыр, Къэрал гимныр къащтащ.
Ди эрэм и пэкIэ 356 гъэм къалъхуащ дзэзешэ цIэрыIуэ, Македоние къэрал лъэрызехьэм и къызэгъэпэщакIуэ икIи и пащтыхь Македонский Александр.
♦1899 гъэм къалъхуащ США-м щыщ тхакIуэ, Нобель саугъэтым и лауреат Хемингуэй Эрнест.
♦1910 гъэм къалъхуащ совет сурэтыщI, СССР-м и цIыхубэ художник Серов Владимир.
♦1937 гъэм къалъхуащ совет футболист, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, олимп чемпион Стрельцов Эдуард.
♦1938 гъэм къалъхуащ куржы уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Брегвадзе Нани.
♦1948 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, драматург, актёр Задорнов Михаил.
♦1972 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ цIэрыIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Гришаевэ Ноннэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 34 - 35-рэ, жэщым градус 22 - 23-рэ щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

КъуэфIым адэ щIэин ухуэмылъыхъуэ.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 НОБЭ