НэщI мазэр къоблагъэ

Махуэ бжыгъэщ къэнэжар илъэсым нэхъ лъапIэ дыдэу къытхуеблэгъэну хьэщIэр къэсыным. Дауэ дрихьэлIэрэ мыгъэрей Рэмэданым? Дин зезыхьи зезымыхьи, муслъымэни мымуслъымэни гурыщIэ къабзэрэ езыхэр зэрызыщымыгугъыжа зэфIэкI лъагэрэ къахуздэзыхь а мазэ псэгъэтыншыр екIуэкIыху, зым и нэмэзхэр къеублэж, адрейр КъурIэн еджэкIэ зригъэщIэным хуопIащIэ, ещанэм и гур Iэгум хуэдэу зэриущIын лIыгъэ къызыкъуехри, зыфIэнам йокIуж, ибгынам лъогъуазэ, «къысхуэгъэгъу» зыжриIэпхъэм бгъэдохьэф е зыхудичыхыпхъэм худечых. Рэмэданым хуэдэу узэхъуапсэм утеIэбэнымкIэ чэнджэщэгъурэ дэIэпыкъуэгъурэ къыпхуэхъу гъуэтыгъуейщ, сыту жыпIэмэ, мы мазэрщ Алыхьталэм къигъэщIа цIыхум хуэфащэ щэныфIагъыр зыхэтлъхьэным, ди плъапIэ нэхухэм дакIэлъыкIуэным яхузетхьэ къарухэр уэру къыщеблыр. Илъэс псокIэ шхэнымрэ ефэнымрэ иригъэша ди лъатэхэм махуэ псокIэ загъэпсэхуа нэужь, апхуэдизу къыщыджыхь дунейм щыщу дызыхуейр дзэкъэгъуэ зытIущым зэрыфIэмыкIри долъагъу. Маржэ, дытевгъэгушхуэ ди гуращэ лъагэхэр къэдгъэщIэрэщIэжыным, напэ къабзэмрэ ныбэ нэщIымрэ къадэкIуэ фIыгъуэу ди лъэпкъым игъэунэхуахэр къэдвгъэщIэжи, щхьэж ди нэхъыфIыщхьэр тедвгъэгъакIуэ! 
 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: