Къэбэрдейм цеипхъэжь джанэр зэрыщаха щIыкIэр

(Хъыбар)

Абы иужькIэ тхьэмахуэкIэ гувэжащ, шухэм зыбжанэ дыдэ кIэрагъэхужащ. Къэнар, Алджыкъуэ, Тамбий Къэбардэ, ЕщIэнокъуэ Уэзырмэс я пашэу, Кърымым кIуащ. Нэсри, абы ящIэу къыщIэкIынт зэкIуэлIэну къалэр е жылэри, екIуэлIащ икIи жэщым къаувыхьащ.
Нэху къекIри, ар сыткIэ щэху хъунт – псоми къащIащ, зэрызехьэ хъуащ. ЗдэкIуа жылэм дэсхэр зэхуэсащ. Унафэ ящIащ зрагъэщIэну а къэзыувыхьа шуудзэр къыздикIар, ар зыхуейр, я мураду къыщIэкIуар. ЯгъэкIуащ нэхъ жызыIэн зыщIэ, сэ сщIэ мыгъуэрэ, нэхъ зыхуэфащэ хуэдэ зыкъом хахри. КIуахэм жаIащ:
 – Жылэм дралIыкIуэщ, дралъэIуакIуэщ, «дэнэ фыкъыздикIар, сыт фыкъыщIытхуэкIуар, фыбылым лъаIуэ, хьэмэрэ фыбылым тех? КъэдвгъащIэ фызыхуейр», жари дыкъагъэкIуащ.
ЗэупщIахэм жэуапу къратаращ:
 – Былым лъаIуэ дыкъыфхуэкIуакъым, дыкъыздикIар мыращ, дахэкIэ къыфIытхми, зауэкIэ къыфтетхми шы-уанэ зэтелъищэрэ абы я хьэлъэ щэкIрэ дымыхьу хъунукъым. Фыхуеймэ, дахэкIэ къыдэфт, апхуэдэу мыхъумэ - IейкIэ къыфтетхынщ, – жаIэри.
КъэкIуахэр кIуэжащ, жэуапыр щызэхахым, зыкъомым жаIащ:
 – Еттынкъым, дезэуэнщ!
НэгъуэщI зыкъомми жаIащ:
 – Абыхэм зыгуэр ямыгугъэу къэкIуакъым. Дезауэмэ, хьэлэч дащIауэ зыхуейр яIэрыхьэнщ, абы нэхърэ едвгъэт къытпаубыдри ар нэхъыфIщ, – жаIэри.
Жылэр зэныкъуэкъу хъуащ. Иужьым зы лIыжь дыдэ, дуней зылъэгьуа гуэр, къэпсалъэри яжриIащ цIыхухэм:
 – А къэкIуахэм жыхуаIэм хуэдэуи фэ жыхуэфIэм хуэдэуи хъункъым Iуэхур. Ар зэрыхъунур нэгъуэщIущ. ФыкIуи къэкIуахэр «Фэ фыхьэщIэщ, дэ дыжылэщ, фыкъыщIэкIуа IуэхумкIи дызэпсэлъэнщ, феблагъэ» жыфIи евгъэблагъэ. ИтIанэ сэ вжесIэнщ Iуэхур зэрыхъунур, – жиIэри.
Ар хъуну къалъытэри, хьэщIэхэр – шуудзэр - ирагъэблэгъащ. Къэбэрдей шуудзэр здыдаша пщIантIэр мывэ сэрейуэ къэщIыхьат зы дыхьэпIэ закъуэ фIэкIа имыIэу. Езыгъэблэгъахэр кIуэжри, унафэр зыщIа лIыжьым жраIэжащ: «тхуеблэгъащ» жаIэри.
 – Дапщэ хъурэ дзэр? – жиIэри щIэупщIащ лIыжьыр.
 – Зыбжанэ мэхъу – щитIым нос, – жраIащ.
 – АтIэ, – жиIащ лIыжь гуэрым, – фахуэпщафIэ, псоми я Iэнэ зырызыххэ яхуэфхуапэ. Ар яхуэзыхьу ябгъэдэзыгъэувэн, Iэнэ и лIы зырызыххи, IэщэшхуэкIэ зэгъэпэщауэ вгъэхьэзыр. Ар яхьынщ, зырызыххэу бгъэдагъэувэнщ, «ди хабзэщ» жаIэнщи, Iэнэхэр зыхьахэр ящхьэщыувэжынщ. Шхэн щIадзэу зэрыбэлэрыгъхэу, Iэщэ щэхухэр къызыкъуахыжынщи, я зырызыххэу яукIынщ.
– КъыдэхъулIэмэ – дехъулIащ, - жаIэри апхуэдэу ящIащ, ауэ Iэнэхэр пщIантIэм щыдахьэм, Уэзырмэс и сэшхуэр кърихри, зыри пщIантIэм дигъэхьакъым, езым Iэнэхэр къаIихыурэ мыдэкIэ щытхэм къаритащ. Сыт шуудзэм псоми я Iэнэ хуэпа зырызыххэ ялъысырти, хэт щыту, хэти щысурэ шхащ. МыдэкIэ жылэм зэрамыгугъауэ Iуэхур щыхъум, къезэуэфынухэтэкъыми, шищэ уанэ телъу, абы къахуэхьын щэкI телъыжу къратри, къэбэрдейхэр къежьэжащ.
КъыздэкIуэжым нэгъуеймрэ къумыкъумрэ я дзэ зэхэту пэуващ, «Алджыкъуэ, укIуэжмэ плъагъунщ иджы!» – жаIэри. Зауэм хуэщIа мо лIы пхъашэ къом хэплъыхьахэр къызэтеувыIэнт? Езауэу хуежьэщ аби, нэгъуеидзэ, къумыкъудзэ къапэувар хьэлэч зэтращIэри къэкIуэжащ, яхэщIа щIагъуэ щымыIэу. Бахъсэн псыхъуэ щаухуа зэхуэсыпIэм къекIуэлIэжащ. Загъэпсэхужа нэужь ЕщIэнокъуэ Уэзырмэсыр кIуэжащ, къахъунщIам щыщ Iыхьи яIихын имыдэу, арщхьэкIэ хабзэкIэ хуэфащэ Iыхьэр кIэлърагъэхьащ. Къэнар теувэри, къэбэрдейм джанапхъэ зырызу, зылъымыс къэмынэу хуагуэшащ.
А щIыкIэм тету Къэбэрдейм япэу щэкI къаIэрыхьащ.
 

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: