Хилъэфа псори насыпыншэкъым

Шэджэм ЕтIуанэ мэжджытым и Iимам ХъуэкIуэн Арсен и хъутIбэхэм щIэх-щIэхыу къыхохуэ уи Iиманым и кууагъыр къыпфIэIуэхун хуей гуэру зэрыщытыр уигу къэзыгъэкIыж хъыбархэр. Апхуэдэхэм язщ Мысырым зэман кIыхькIэ тепщэгъуэр щызыIыгъа фирхьэунхэм я зым гущIэгъуншэу игъэкIуэда бзылъхугъэм теухуар. ЦIыху бзаджэм къыбгъэдэкI лейр Алыхьталэм къыхуигъэфэща тезыру къимылъытэну акъылрэ зэхэщIыкIрэ зыхурикъуар дунейр щытыхукIэ фIэщхъуныгъэ нэсым и щапхъэу къэнэнущ. Аращ Iимамым къиIуэтэж хъыбарым гур хигъэщI къудей мыхъуу, къаруи къыщIыпхилъхьэр. 

Фирхьэуным и лъэхъэнэм бзылъхугъэ гуэр псэуащ цIыхуфIхэм ящыщу. И щхьэгъусэри фирхьэуным бгъэдэту, езы цIыхубзми гъэсэныгъэрэ цIыхугъэрэ зэрыхэлъым къыхэкIыу, фирхьэуным и пхъум и гъэсакIуэу къащтауэ. ЗэщхьэгъуситIым Алыхьыр я фIэщ хъууэ, Iиман ябгъэдэлъу, ауэ ар фирхьэуным щабзыщIу, кърамыгъащIэу апхуэдэт. Махуэ гуэрым цIыхубзым фирхьэуным и пхъум и щхьэцыр ижьрэ пэт, мажьэ иIыгъыр Iэпыхуащ. «Бисмиллахь», - жеIэ цIыхубзым, мажьэр къищтэжыну зригъэзыхрэ пэт. Фирхьэуным и пхъум апхуэдэ псалъэ зэи зэхихатэкъым, тхьэуэ зыкъызыфIэщIыжа фирхьэуным фIэкIаи тхьэ щыIэу ищIэртэкъым. «Си адэра жыхуэпIэр?» - щIэупщIащ хъыджэбз цIыкIур. «Хьэуэ! – къритащ жэуап цIыхубзым. – Сэ зи цIэ къисIуар сэри, уэри, уи адэми ди Тхьэ Алыхьырщ». Сабийм ар игъэщIагъуэри, и адэм жриIэжащ. ЦIыхухэр зыхуэзыгъэпщылI, тхьэуэ зызыгъэIуа фирхьэуным апхуэдэ цIыху и унэм щIэсу идэнт? Арати, цIыхубзыр езым и деж икIэщIыпIэкIэ кърегъашэ. 
- Хэт уи Тхьэр? – йоупщI фирхьэуныр бзылъхугъэм. 
- Сэ си Тхьэри уэ уи Тхьэри Алыхьырщ. 
Фирхьэуныр апхуэдэ жэуапым къигъэгубжьри, цIыхубзыр иригъэубэрэжьащ. Абы иужькIэ хьэпсым ирыригъэдзащ. «Е ди диным укъохьэж, е зэшэзэпIэу удоукI», - и къарур хуигъэдэлъащ абы фирхьэун гущIэгъуншэм. АрщхьэкIэ Iиманыр зи гум куууэ хыхьа цIыхубзым ар идакъым. Фирхьэуным ар щыжраIэжым, жэз шыуан иригъэгъэувщ, дагъэ ирыригъакIэри, и лъабжьэм мафIэ щIригъэщIыхьащ. Дагъэм къэкъуалъэу щIидза нэужь, цIыхубзыр хьэпсым къыщIашащ. Езым здашэр дэнэми ищIэртэкъым. МафIэм ирашэлIащ, шыуаныр къокъуалъэри тетщ. ЦIыхубзыр мэгупсысэ: «Иджыпсту мыбы сыхадзэнурэ, си Iуэхур зэфIэкIынущ». АрщхьэкIэ фирхьэунри бзаджэт. ЦIыхубзым унагъуэ иIэт. И сабий цIыкIуищри, и щхьэгъусэри къригъэгъэуващ фирхьэуным абы и пащхьэм. «Е иджыпсту сэ тхьэуэ сыкъэплъытэнущ, е иджыпсту уи нэкIэ плъагъуу мы уи унагъуэр зырызыххэу мы дагъэ пщтырым хэддзэнущ», - жриIащ. ЦIыхубзыр щымт. Арати, дзэм щыщ гуэрхэр къыхэкIщ, цIыхубзым и лIыр яубыдри, дагъэ къэкъуалъэм хадзащ. Дагъэ пщтырым асыхьэтым мо лIыр ивэпхъри, и къупщхьэхэр дагъэ щIыIум къыдрихьеижат. ЦIыхубзыр мэгъуэг, мэгуIэж, ауэ фирхьэуныр тхьэпэлъытэу къызэримылъытэри хуэбзыщIыркъым. Арати, и щIалэ нэхъыжьыр яубыд. «Ди анэ, къыздэIэпыкъу, сыкъегъэл», - мэкIий щIалэ цIыкIур. ЦIыхубзым фирхьэуныр зыхуейр щыжимыIэм, и къуэр дагъэ пщтырым хадзащ. Аргуэрым и къупщхьэхэр дагъэ щIыIум къыдрехьеиж. ЦIыхубзыр зэщыджэу магъ, ипхъу цIыкIум илъагъур хуэмышэчу, и нэкIур еубыд. Ари анэм и кIэм къыкIэрачри, мафIэм бгъэдашэ. Аргуэру паубыд цIыхубзым фирхьэуныр тхьэуэ къилъытэну. Ауэ зи гур IиманкIэ Алыхьым игъэбыда цIыхубзым ар хузэфIэкIыркъым. Арати, хъыджэбз цIыкIури мафIэм хадзэри, мыдрей тIум къащыщIар къыщощI. Лы жьэрымэр хьэуам хихьауэ дэнэкIи щызэрехьэ, цIыхубзыр мэгуIэж. НэхъыщIэ дыдэр сабий быдзафэт. Ари къызэрыIэщIачынур къызыгурыIуа цIыхубзыр абы йопэм, ба хуещI, шэ ирегъафэ. Фирхьэуным унафэ ещI ари цIыхубзым къытрахыну. Мо фIыуэ илъагъу и щхьэгъусэри и бынитIри дагъэм хадзэу зэрежьэжар зылъэгъуа цIыхубзыр Iэнкун къэхъуащ абдежым. Фегупсысыт! Зы мэл е джэд зэрыпсэууэ дагъэм хэбдзэмэ, уи гур щIэузынущ, гущIэгъу гуэр пхэлъыххэмэ. Шэ зригъэфар иджыри и жьэм къыIурыжу, сабий цIынэр мафIэм щхьэщахьащ. ЦIыхубзым и акъылыр фIэкIуэдыным нэсауэ, и фэм итыжтэкъым. Асыхьэтым Iиманышхуэ зиIэ цIыхухэм далъагъу хабзэ телъыджэ къигъэхъуащ Алыхьталэм, сабий цIынэр къигъэпсэлъащ: «Уа ди анэ! Бэшэчу щыт, уэ гъуэгу захуэм утетщ». Апхуэдэу Iиман куу зыбгъэдэлъ цIыхубзым и хьэтыркIэ Алыхьталэм дунеягъэр зэрызэтет хабзэр ихъуэжат асыхьэтым. Абы щхьэкIэ къамыгъанэу, аргуэрыр дагъэ плъам хадзэу и къупщхьэхэр дагъэ щIыIум хужьу къызэрыдрихьеижар зылъэгъуа бзылъхугъэм иджы щIикIуэтын щхьэусыгъуэ иIэжтэкъым. «КъефшалIэ иджы езыр!» - жиIащ фирхьэуным. «Зы лъэIу къысхуэщIэ», - жиIащ цIыхубзым. Фирхьэуныр арэзы хъуащ: «ЖыIэ узыхуейр!» «Зэрыунагъуэу зы кIуэдыпIэ дыщихуакIэ, сынолъэIу псоми ди къупщхьэлъапщхьэр зэхуэпхьэсу, зы щIыпIэ хэха деж дыщыщIебгъэлъхьэжыну». МафIэм хадза нэужь, цIыхубзри ивэпхъри ежьэжащ. 
 Абдежым щиухакъым а унагъуэм я Iуэхур. ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар уафэм щыдрахьеям щыгъуэ, щIыпIэ гуэрым щыблэкIым, мэ IэфI, мэ гуакIуэ дыдэ къыщIихьат. «Дэнэ мы мэ гуакIуэр къыздикIыр?» - жиIэу ДжэбрэIил щеупщIым, къыжриIащ: «Ар фирхьэуным и пхъум и щхьэцыр зыжьа цIыхубзымрэ абы и бынхэмрэ къащхьэщих мэрщ». 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: