Лъэпкъ зэкъуэшыныгъэр сыт хуэдэ къулеигъэми йофIэкI

Кавказым и къэфакIуэхэмрэ уэрэ­д­жы­IакIуэхэмрэ ягъэдэхащ бадзэуэ­гъуэм и 13 - 14-хэм Белоруссием и Ви­тебск къалэм щызэхэта «Славянский  базар в Витебске-2024» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалыр. 

Хабзэ хъуауэ, гъэ къэс дуней псом и артист нэхъ цIэрыIуэхэр щызэхуос а зэ­хыхьэм. Иджырейм къэрал 40-м щIигъу зэхуишэсащ. Ар къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 33-рэ ирокъу. Мыгъэрей фестивалым и программэр нэхъ гъэщIэгъуэну икIи щIэщыгъуэу зэхагъэуващ. Абы хагъэхьащ «Kavkaz Music Fest» зэныбжьэгъугъэ фестивалри. Витебск и утыкум зыкъыщагъэлъэгъуащ Кавказым (Шэ­шэным, Ингушым, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Дагъыстэным) и вагъуэ нэхъ цIэрыIуэхэм. «Славянский базар» фестивалым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ хэтащ Тут Заур, Нэхущ Чэрим, Текуев Амур, Апэнэс Астемыр, «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблыр. 
Кавказ Ищхъэрэм и артист пажэхэу Тут Заур, Царикати Феликс, Хъыжьрокъуэ   СулътIан, Текуев Амур, Каримов Ренат, Межиевэ Маккэ, Байкаев Мурад, Апэнэс Астемыр, Албот Марьянэ, Нальгиевэ Лемэ фестивалым и утыкум Iэгуауэш­хуэкIэ щрагъэблэгъащ. Гур хэзыгъахъуэт зи уэрэд жыIэкIэр куэдым фIыуэ ялъагъу артистхэм «Всем салам!» уэрэдыр зэры­зэдагъэзэщIам укIэлъыплъыныр, зыхуэб­гъадэ хъун щымыIэ «Кабардинка» къэрал ансамблым и къэфакIуэхэм утыкур къыдагъэбжьыфIэу. 
«Кабардинка» къэрал академическэ къэ­факIуэ гупым ягъэдэхащ «Лъэпкъ зэкъуэшыныгъэр сыт хуэдэ къулеигъэми йофIэкI» кIэух концертыр. ЛъапэпцIийуэ ди цIыхубэ къа­фэ гъуазджэм и дахагъэр зыгъэлъагъуэ ди къэфакIуэхэр щIэщы­гъуэ ящыхъунтэкъэ?! Псом хуэмыдэу къыу хужьым хуэдэ пщащэ зэкIужхэм я къэфэкIэр! Республикэм и лIыкIуэхэр фестивалым зэрыхэтам щыхьэт техъуэ щIыхь тхылъкIэ, удз гъэгъа­рэ саугъэтхэмкIэ ягъэлъэпIащ. 
2022 гъэм Налшык япэу щагъэлъэгъуа­уэ щытащ «Kavkaz Music Fest» междунар­днэ макъамэ фестивалыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ. Абы и продюсер икIи къызэгъэпэщакIуэ Хьэцей Тимур зэ­ры­жиIэмкIэ, илъэситху хъуауэ ар зы­дэ­лажьэ «Славянский базар» фестивалырщ абы хуэзышар. И къалэн нэхъыщхьэр зызымыхъуэжу къонэж – Кавказым щып­сэу лъэпкъхэм я щэнхабзэр нэгъуэщIхэм къегъэцIыхуныр, адрейхэм ейми зыщыгъэгъуэзэныр. 
«Kavkaz Music Fest» фестивалыр «Сла­вян­ский базар в Витебске» зэхыхьэм къы­зэрыщхьэщыкIыр иужьрейм махуэ зы­щыплI зэрыхухахымрэ артист нэхъ мащIэ зэры­хэтымрэщ, щIыналъэ къэс зы уэрэ­джыIакIуэрэ къэфакIуэ гупрэ. Зэхыхьэм жэщитI-махуитIкIэ зэпымыууэ я нэгу зыщрагъэужьащ балигъхэми сабийхэми. IэпщIэлъапщIэхэм я къалэм къыщащэ­хуащ ятIэ гъэжьам, пхъэм, фэм, абджым, щэкIым къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр, цIы­хубз­хэм зэрызагъэдахэ цIуугъэнэхэр, лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр, сабийхэр зэры­джэгу хьэпшыпхэр.
Фестивалым и къыхуеджэныгъэ хъуащ Газманов Олег игъэзэщIа «Это всё для вас» уэрэдыр. Мариинскэ театрым и оперэ уэрэджыIакIуэхэу Серовхэ Андрейрэ Натальерэ зэдагъэзэщIащ Симонов Константин и усэ цIэрыIуэм къытращIыкIа «Жди меня и я вернусь!» уэрэдыр, Белоруссиер щхьэхуит къызэращIыжрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ. 
 Мыри узыщыгуфIыкIынщ: «Славянский базар» зэхыхьэм къикIуа илъэс 33-рэ гъуэгуанэм къриубыдэу япэу Iэ щытрадзащ фестивалитIыр зэшэлIэным теухуа зэгурыIуэныгъэм. ЩэнхабзэмкIэ «Витебск» центрымрэ «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ фестивалымрэ я унафэщI Лапицкий Глеб къыхигъэщащ зэхыхьэм и къалэн нэхъыщхьэр лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр зэрыарар. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: