Сыт «цIыху тыншу» ущызымыгъэтыр?«ЦIыху гугъу» жыхуаIэр сыт хуэдэ? Дауэ абы узэрыдекIуэкIынур? Уэ езыр узыхуэдэр къэпщIэну Iэмал щыIэ? А упщIэ гъэщIэгъуэнхэр уи гум къозэрыхь Австрием щыщ психолог цIэрыIуэ Адлер Альфред и IэдакъэщIэкIхэм уащыхэплъэкIэ. ЩIэныгъэ псоми мащIэ-мащIэу щыгъуазэ иджырей цIыхубэм я псалъалъэм «комплексхэр» жаIэри психолог термин гуэр къыхэхуэ зэпытщ. «Абы комплекс и куэдщ», - хужаIэ цIыху къынтIэ-къынтIэм. «И комплексхэм яукIыу аращ», «Щхьэ и комплексхэр зыхимынрэ?» - а жыIэгъуэхэри зытеухуар мывэгъзэгъхэрщ. Сыт а «комплекс», е нэхъ нэгъэсауэ жыпIэмэ, «комплекс неполноценности» жыхуаIэр зищIысыр? Адлер щымыурыскIэ, дауи, мы терминри зэрадзэкIри бзэм кърагъэзэгъауэ аращ. «Мыхьэнэншэу зыкъэлъытэжын» - апхуэдэущ ар къызэрыбгурыIуапхъэр. «Гузэбгъэжыныгъэ» жыпIэми, ущыуэнукъым. ЩIэныгъэм и тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, мы псалъэ зэпхар утыкум япэу къизыхьар Адлерщ. «ЦIыху хьэлхэм ятеухуа щIэныгъэ» зыфIища тхылъым абы IупщIу къыщыдгурегъаIуэ бэуапIэ къыдэзымыт а хьэл мыгъуэр къыздикIымрэ абы дыкъыIэщIэмыкIыу щIэмыхъунумрэ. Алыхьталэм узригъэува щытыкIэмкIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, уи натIэм къритха, къыпхуиуха гъащIэмкIэ уи гур мыарэзы зэпыту, уи щхьэкIи насыпыфIэу зыкъыумылъытэжыфу укъэнэнущ, ар къомыхъулIэмэ. ПсэкIэ узыншэ цIыхур («псэ быдэ ухъу» щIыжаIэр арагъэнщ) фIым щыгугъ зэпыту, лъэпощхьэпо гуэрхэм хэзэрыхьми, и гур имыгъэкIуэду апхуэдэщ. «ГумыгъэкIуэдхэр (оптимистхэр) я хьэлымкIэ занщIэу къыбоцIыху, - жеIэ Адлер. – Ахэр зыми щышынэркъым, я гур утIыпщауэ мэпсалъэ, егъэлеяуэ запIытI-захузуи, зыIурамылъхьэжуи щытхэкъым. ГумыгъэкIуэдым и сурэтыр тщIыну зыгуэр къыдэлъэIуамэ, ар зи IэплIэр ину зэIуха цIыхуу, езым хуэдэ дэтхэнэ зыми пежьэн хьэзырут ди нэгум къызэрыщIэувэнур. Апхуэдэр псоми тыншу хэгъэрей яхуохъу, ныбжьэгъу зэригъэпэщыныр къехьэлъэкIыркъым, сыту жыпIэмэ, гурыщхъуэ хэлъкъым. И бзэр хуэщIащ, зэрызиIыгъми зэрызекIуэми дэбгъуэIакъым. Сабийхэм я гугъу умыщIмэ, зэфэзэщу «гумыгъэкIуэд» зыфIэпщын цIыху ущрихьэлIэр закъуэтIакъуэххэщ». Зигурэ зи щхьэрэ зэбгъэжырщ «цIыху гугъу» хъур, Адлер зэрегупсысымкIэ. Зэхьэзэхуэ, зэпеуэ защIэу зэхэт гъащIэм уэ пхуэдэм ущылъэщIэмыхьэныр Iуэхушхуэщ. Адлери «цIыхур цIыху хъун папщIэ игу зэбгъэжын хуейщ» щIыжиIэр аращ: адрейхэм «яхэгъуэщэн» мурадкIэ абы зиужьын щIедзэри, зыгуэрхэр зрегъэхъулIэф. ЩIэныгъэлIым и гупсысэр нэхъ IупщI ещI езым и щхьэ кърикIуа бэлыхьхэм къызэрыхэкIам. Адлер щыцIыкIум и тхьэмбылым щIыIэ хыхьауэ щытащ. «Мыр схуэгъэхъужынукъым», - къажриIат дохутырым. Апхуэдэ дыдэу щIэныгъэлIыр школми фIыуэ щеджакъым. «Уи къуэм шырыкъущIэ фIэкIа зыри къыхэкIынукъым», - арат щIалэ цIыкIум и адэм зэхрагъэхыр. Иджы психиатрым и гъащIэ гъуэгум уриплъэжмэ, плъагъур сыт? Адлер дуней псом щыцIэрыIуэ дохутыр зэрыхъуам нэмыщI, и гъэсэнхэр мин бжыгъэм щхьэдэхащ. ЩIэныгъэлIым и «щхьэзакъуэ теорием» къэдгъэзэжынщи, зигурэ зи щхьэрэ егъэлеяуэ зэбгъэж цIыхур псэкIэ сымаджэ хъун шынагъуэ щыIэщ, гъэсэныгъэ узыншэ имыгъуэтмэ. Хъийм икIауэ дунейпсо «вагъуэ» хъуным, езым хуэдэхэр и унафэм щIигъэувэным хуэпабгъэхэр апхуэдэхэм я щапхъэщ. ЖиIэр къыдгуригъэIуэн папщIэ, Адлер дигу къегъэкIыж дыщэ бдзэжьеймрэ лIыжьымрэ игъэжыIэщIэну хуежьа нанэжьым теухуа таурыхъыр. КъызэщIэубыдауэ къапщтэмэ, цIыху къэс игу щIызэбгъэжын щхьэусыгъуэ иIэнкIи хъунущ, дауи, ар Iэпкълъэпкъым, псэукIэ хабзэм е дунейм щиубыд увыпIэм елъытауэ. Щапхъэхэм я нэхъ нахуэр сабий сымаджэрщ. Зи Iэпкълъэпкъым щыщ гуэр къызыдэмыбз щIэжьейм адэ-анэми и ныбжьэгъухэми я пащхьэм щиткIэ, зэи зыщIэхъуэпс лъагапIэм нэмысыфын цIыхуу зыкъыщохъуж. Зигурэ зи щхьэрэ зэтекIа цIыхум и гъащIэ гъуэгур зылъахъэр адрейхэм ялъэщIыхьэну Iэмал иримыкъункIэ зэрышынэрщ. Иджы тхыгъэм псалъащхьэ хуэтща «цIыху гугъумкIэ» къэдгъэзэжынти. Адлер зэрыжиIэмкIэ, зыгуэркIэ адрейхэм ялъэщIымыхьэу къызыщыхъу цIыхур егъэлеяуэ псоми яхурикъужыныгу мэхъу, «я щхьэм дэмыкIуейуи» игу зэгъэнукъым. Апхуэдэ псэ узыфэ зиIэр сабий ныкъуэдыкъуэм хуэдэу аращи, гущIэгъу хуэщIыпхъэщ: е сэбэп ухуэхъун, е и зэран къызэромыкIыным ухуэсакъын. Псэ узыфэ псори къыщежьэр сабиигъуэрщ, психиатрыр зэреплъымкIэ. Аращ адэ-анэхэр ткIиищэуи щабэIуэи щыт щIэмыхъунур. «ЦIыху псоми защхьэщиIэтыкIыным щIэхъуэпс цIыхум ущыкIэлъыплъкIэ, гу лъыботэ абы адрейхэр къызэрыфIэмыIуэхур, и лъэр быдэу игъэувыным къарууэ иIэр зэрырихьэлIэр, - щетх Адлер «Хьэлхэр зэрызэтеувэ щIыкIэр» Iыхьэм. – Апхуэдэ сабийхэр зи занщIэр зи гъуэгухэращ, зыпэлъэщыну къафIэщI псоми я гущIыIум ихьэу. Адрейхэм ебгъэрыкIуэурэ, ахэр дунейм и бий мэхъу, дунейри бий къыхуохъу. Ауэ Iуэхур нэрымылъагъуу щекIуэкIыр нэхъыбэщ. Зэ IуплъэгъуэкIэ, апхуэдэ цIыхур утыкум зэрыхуэпабгъэр ягъэ мыкIын хуэдэу плъагъу щхьэкIэ, абыхэм я текIуэныгъэр цIыхубэми езыхэми сэбэп яхуэхъуркъым. ЗыкъыфIэщIыжыныр, пщIэ зыхуригъэщIыным щIэкъуныр, сыт хуэдэ IэмалкIи адрейхэм ятекIуэн нэрыгъыр къызыхэкIыр апхуэдэ хьэлырщ. А псоми фэрыщIыгъэкIэ, хьилагъэкIэ уалъэIэс мэхъу. Аращи, езыр зыщIэхъуэпс утыкур щыIэрыхьэм деж, ар адрейхэр зэрыригъэкIуэтам къыщыхэкIыр нэхъыбэщ». ЦIыхум и мыхьэнэр къэзыгъэлъагъуэр ар адрейхэм зэрахущытырщ, - жеIэ Адлер. Аращи, адрейхэм яжьэхэуэ зэпыту фIэкIа насыпыфIэ мыхъур псэкIэ сымаджэщ. Лей зэрихьэфын хуэдизкIэ цIыхур апхуэдэ гъуэгу пхэнжым езыхулIэр сабиигъуэ насыпыншэращи, цIыкIухэм ятемыкъузэIуэным, ягу илъыр зэгъэщIэным, псори зэхэплъхьэжмэ, насыпыфIэу, адэ-анэм фIыуэ къызэралъагъум шэч къытрамыхьэу къэгъэтэджыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. «Языныкъуэхэм я акъыл жаныр дуней псом зыщхьэщаӀэтыкӀын папщӀэ къагъэщхьэпэ, фӀэӀупсым ещхьу гуащӀэ я убэкӀэмкӀэ адрей цӀыхухэм я хьэлхэр зэтращыпыкӀыу, - къыщIегъэщ Адлер гущIэгъу зыхэмылъхэм я гупсысэкIэр. - ГъэщӀэгъуэнкъым абыхэм убэкӀэ Ӏэзагъышхуэ къызэрызыкъуахыр, а Ӏуэхум нэхърэ нэхъ зыхуэӀэижь зэрыщымыӀэм къыхэкӀыу. Апхуэдэ цӀыхухэм жьэрыӀэзэ щэджащэхэр къащыхэкӀ къохъу, я бзэ шэрыуэм и Iэрыхуагъымрэ хэлъэтымкӀэ укъагъэуӀэбжьу. ШынэгъуагъкӀэ бзэгу папцӀэр адрей Ӏэщэхэм куэдкӀэ къакӀэрыхуркъым, уеблэмэ джэгуакӀуэхэм цӀыху гъэпудыныр ӀэщӀагъэм и нэщэнэу ягъэув».
Поделиться:
Читать также:
18.06.2025 - 10:53 →
Лъэпкъищ зэпызыщIа уэрэд
17.06.2025 - 13:28 →
Гупсысэжьейхэр
16.06.2025 - 18:00 →
Хьэт кхъэлъахэхэр
15.06.2025 - 10:57 →
Сосрыкъуэрэ Хумайрэ зэдожьу
14.06.2025 - 12:54 →
IутIыжым и цIэкIэ ягъэува саугъэтхэр
|