Тхыдэм зи лъэужь къыхэзына

КIурашын БетIал ящыщщ къызыхэкIа лъэпкъым и къэкIуэнум телажьэу псэуа, и гъащIэрэ гуащIэкIэ тхыдэм зи лъэужь къыхэзына ц1ыху щэджащэхэм. Публицист, критик Бжэнык1э Мухьэб абы теухуауэ итхауэ щыта тхыгъэр фи пащхьэ идолъхьэ.

 

«Ц1ыхум бгъэдэлъ зэчийр абы къыдалъхуа фIыгъуэщ. А псалъэхэм япкърылъ мы­хьэнэр зэрыпэжым щыхьэт тохъуэ БетIал и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ. ЩIэныгъэ зэгъэгъуэт, еджэ, жиIэу КIурашыным зыми къытрикъузакъым, и адэ Мухьэмэд къуажэм къыдэкIа япэ трактористу колхозым хэтт, щхьэкъэIэт имыIэу лажьэрт. ИлъэсипщIым и ныбжьыр нэмысауэ и адэр зауэм кIуэри къигъэзэжакъым, фызабэу къэна и анэм и щIалитIым (БетIал иIащ къуэш нэхъыщIэ) ятеубгъуауэ, зыхуей зэрыхуигъэзэным яужь итащ. БетIал «МылIэр лIы мэхъу», - жыхуиIэу, псэуащ, ауэ и адэкъуэш КIурашын Мысост гуапагъэу дилъэгъуар, псэуху гулъытэ къахуищIу зэрыщытар зыщигъэгъупщэртэкъым. А псом къыдэкIуэу, Мысост и хьэлым, и хыхьэхэкIым узыIэпишэу хэлът джэгуакIуэ плъыфэ: жьэрыIэзэт, псалъэ шэрыуэу, жыIэгъуэ гъэщIэгъуэну къыжьэдэкIахэр зэIэпахыу къуажэм дэлът. Хэт ищIэрэ, БетIал игъащIэ псокIэ бзэм хуищIа лъагъуныгъэр лъэныкъуэ гуэркIэ къыпкърыкIагъэнкIи хъунщ и адэ къуэшым.

…Сэ фIыуэ сощIэж КIурашын БетIал студент иригъаджэхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм езыр къуажэм къэкIуэжу зэрыщытар. Уэрамым ар къыдыхьауэ щытлъагъукIэ, школым щIэс еджакIуэ цIыкIухэр дехъуапсэрт. Къытрыригъадзэ тхыгъэхэм деджэну иджыри дыхунэмысами, ди лэжьэгъу - БетIал и къуэш нэхъыщIэ Володя - къыджиIауэ тщIэрт абы Къэбэрдейм икIа студент гуп адыгэбзэкIэ иригъаджэу Москва зэрыдэсыр. Дригушхуэрт апхуэдэ цIыху ди къуажэ къызэрыдэкIам.

«Над селом опустился вечер» зи фIэщыгъэм щIэт нэтынхэр 1967 - 1968 гъэхэм ди телевиденэм щекIуэкIыу щы­тащ, зы адыгэ е балъкъэр макъамэ (уэрэд) къыщымыIуу. КIурашыным гу лъаригъэтащ апхуэдэу пщIэ зэрымыхъунум. Абы къыхилъхьа гупсысэр даIыгъащ редакторхэм, кино тезых режиссёрхэм. Куэд мыщIэуи телепрограммэхэм къыхыхьэу щIадзащ лъэпкъ макъамэкIэ гъэпса фильмхэр, «Уэрайдэ», «Къурш щхьэ тхъуахэм я макъамэхэр» жыхуиIэхэм хуэдэхэр.

ЛэжьакIуэ гуп щыхъукIэ, Iуэху еплъыкIэ зэмыщхьхэр зиIэ цIыху­хэри яхэтщ, зэрызэгурымыIуэр куууэ къыщы­щIэлъи къэхъуу. Апхуэдэм деж БетIал пхуигъэкIуэтынутэкъым, абы къыхилъхьэ Iуэхугъуэм лъэпкъым и тхыдэр, щэнхабзэр, абы и блэкIамрэ и нобэмрэ зэрызэхьэлIар и тегъэщIапIэти. Сигу къинэжащ «Адыгэ Хасэ» зи фIэщыгъэ нэтыныр япэу программэм щыхигъэхьэм, «адыгэ» пса­лъэм тримыкъузэу «Хасэ» жиIэу фIищмэ нэхъ къезэгъыу нэхъыщхьэм къыщыжриIэм, абы и жэуапу иритар:

- Адыгэ Хасэр сэ къэзгупсыса фIэщыгъэкъым. Ар илъэсищэхэм нэсауэ яIэщ адыгэхэм. Мыбы хэлъкъым икIи къыхэщынукъым адрей лъэпкъхэм ефIэкIыныгъэ гуэр.

А щIыкIэм тету иукъуэдийрт икIи пхигъэкIырт илъэс куэдкIэ иригъэкIуэкIа «ХьэщIэщ» тележурналым хыхьэ сюжетхэм теухуауэ псалъэмакъ гуэр къыкъуэкIмэ.

Щапхъэу къэтхьынщ 1970 гъэм и жэпуэгъуэм телевиденэм къита «IуэрыIуатэ - дыщэ пхъуантэ» нэтыныр. Абы лъабжьэ хуэхъуащ IуэрыIуатэм и къэхутакIуэмрэ джэгуакIуэмрэ я диалогыр. Ар къы­зэрыщIидзэри къызэрыгуэкIкъым: «Телевизореплъ, радио едаIуэ е щIэджыкIакIуэ, егъэтIылъэкI пIалъэкIэ уи Iуэхуу хъуар. Сэ сыхуейщ ныбжесIэну щIэрыщIэу дунейм къытехьэжа хъыбарыжь, таурыхъ телъыджэм къыхэкIа усакIуэм, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм фIы дыдэу щыгъуазэ Фатуев Роман теухуа хъыбарыжьыр». Сценарийр зытхам абы щIигъужащ дэфтэр хъумапIэхэм къыщигъуэта сурэтыжьхэр, темэм ехьэлIауэ пасэу траха кинохэм щыщ пычыгъуэхэр, режиссёрым щIэуэ трихахэр. Ауэ ахэракъым нэтыныр тэмэм хъунымкIэ шэсыпIэ нэ­хъыщхьэ хъуар, атIэ жьэрыIуатэ псалъэм пкърылъ къару лъэщыр еплъхэм я гущIэм публицистым и IэзагъкIэ нэхьэса зэрыхъуарщ. Нэтыныр еух IуэрыIуатэр зэхуэсыхьэсыжа Фатуев Роман итхыжа, усакIуэ цIэрыIуэ Демьян Бедный урысыбзэкIэ Iэзэу зэридзэкIа адыгэ хъуэхъукIэ».

Безрыкъуэ Данэ.

Поделиться:

Читать также: