Иджы зэныбжьэгъуми…Фашист Германиер ерыщу хущIэкъуащ Япониер езым и гъусэу Совет Союзым къригъэзэуэну. АрщхьэкIэ къыхутегъэхьакъым, уеблэмэ Москва гъунэгъу дыдэ къыщыхуэхъуами: Токио СССР-м егъэлеяуэ къыщышынэ хъуат. 1938 гъэм Халхин-Гол и деж удын хьэлъэ къызэрыщытехуэрэ. Гитлер хузэфIэкIар Япониер Америкэм и Штат Зэгуэтхэм япэщIигъэувэнырщ. Фюрерыр абыкIи арэзыт, нэхъыбэкIэ гугъа пэтми. Зауэр иуха иужь, Вашингтон фIэфIт нацизмэм зэрихьа бзаджэнаджагъэр нэмыцэхэм ягу къигъэкIыжын, арщхьэкIэ езым и деж абы ещхьу щалэжьа залымыгъэр ибзыщIырт. Зи гугъу тщIыр 1942 гъэм япон минипщIхэр хабзэншагъэкIэ ягъэIэпхъуауэ зэрыщытарщ. Штат Зэгуэтхэм «гъуэжьхэм къапкърыкI шынагъуэм» щытепсэлъыхьу хуежьащ япон зыкъомым, США-м псэупIэ щащIа ХIХ лIэщIыгъуэм и кIэухым. Къахыхьахэр хущIэкъурт американ жылагъуэм зыхигъазэгъэну. Абыхэм инджылызыбзэр зрагъащIэрт, чристэн диныр къащтэрт. Ауэ итIани мыгувэу къыкъуэкIащ японхэр Америкэм щыпсэуну зымыдэ политикхэр. Iуэхур зытещIыхьари къахуеблагъэхэм я фэхэр зэрыгъуэжьым и закъуэтэкъым. Хьэрычэтым хуэIэзэ японхэр лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэмкIэ американхэм ефIэкIырт. Газетхэм ятхырт абыхэм мыгувэу Орегон, Калифорние штатхэр яуфэбгъуну. Бысымхэм яхузэфIэкIащ японхэр къэралым къэкIуэну хуит зымыщI унафэ 1924 гъэм кърагъэщтэн. Аращи, Перл-Харбор зэхакъутэн ипэкIэ лъэныкъуэхэм я зэхущытыкIэхэр зэIыхьат. Зауэм щыхыхьа 1941 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м и етIуанэ махуэм США-м къыщалъытащ японхэр Iуву щыпсэу Калифорние штатыр «шынагъуэшхуэ здэщыIэ щIыналъэу». Япон жылагъуэм и пашэхэр ягъэтIысу хуежьащ. Ахэр Токио и тIасхъэщIэххэу къыщIрагъэдзырт. Генералхэм къыхалъхьащ, США-м и цIыху хъуахэри яхэту, япон псори Калифорнием ирагъэкIыну. 1942 гъэм и щIышылэм Унэ хужьым къищтащ японхэр къухьэпIэ хы Iуфэм Iугъэ1эпхъукIыным теухуа унафэ. АрщхьэкIэ СССР-м и НКВД-м хуэдэу лъэпкъ псохэр махуэ бжыгъэм я лъахэм изыгъэкъэбзыкIыфын къару США-м иIэтэкъыми, щIымахуэр икIыху Калифорнием ирашыфар Японхэм я Iыхьэ щанэ къудейрщ. Адрейхэр щагъэIэпхъуэфар гъэмахуэрщ. Псори зэхэту цIыху мини 120-м щIигъум я псэупIэхэр ирагъэбгынащ. Абыхэм я процент 62-м американ паспорт яIыгът. Хэшыпсыхьати, языныкъуэхэр я теплъэкIэ езы американхэм къахэпцIыхук1ыжыфынутэкъым. Iуэхур зи нэIэ щIэту екIуэкIа генерал Бенедсен и унафэкIэ японхэм зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми ещхь щIалэ, хъыджэбз цIыкIухэр сабий унэхэм щ1ашырт, Холокостым и зэманым фашистхэм ящIэу зэрыщытам хуэдэу. ГъэщIэгъуэнращи, абы щыгъуэми, езы Бенедсен лъпэкъкIэ журтт! ЯгъэIэпхъуахэм хэщIапIэ хуащIащ США-м и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэрагъэпэща концлагери 10-р. Языныкъуэхэм деж псэупIэу иратырт… шэщу щытахэр. IэнэщIу ирашэжьа икIи гугъуехьхэм емыса цIыхухэр зэтелIэрт. Японхэм ягу техуэртэкъым къакIэлъызэрахьэ хьэкIэкхъуэкIагъэхэр, зрагъэува щытыкIэ хьэлъэр яхуэмыхьу зыкъаIэтырт. ХъумакIуэхэм щысхь ящIэртэкъым, абыхэм куэдрэ Iэщэр къагъэсэбэпырт. ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и екIуэкIыкIэм зихъуэжыху, американхэр японхэм зэрахущытми зихъуэжырт. Хуэм-хуэмурэ ахэр губгъуэ лэжьыгъэхэм пэрагъэувэ хъуащ. 1944 гъэм США-м и суд нэхъыщхьэм икъутэжащ Унэ хужьым японхэм ятеухуауэ къищтауэ щыта унафэр. Конгрессым зиумысыжащ ягъэIэпхъуа цIыхухэр зыкIи зэрымыкъуаншэмкIэ. Зауэм иужькIэ США-мрэ Япониемрэ зэкIужащ, абы лъандэри зэфI къудейкъым, атIэ икIи сыт и лъэныкъуэкIи зэкъуэтщ. БлэкIар игу къигъэкIыжынуи зыри хуейкъым. Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:
Читать также:
18.06.2025 - 11:10 →
КъызыхэкIар ящыгъупщэркъым
17.06.2025 - 17:37 →
Къэбэрдей тхыбзэр кириллицэм зэрытехьар
16.06.2025 - 17:00 →
«Шабзэшэ плъыжь»
16.06.2025 - 13:00 →
Гум псори къонэ
10.06.2025 - 14:19 →
Лабрис – синдхэм я щыхьэр
|