ЦIыхухэм гуфIэгъуэ езыт пшынауэ Iэзэт

Творческэ гъуэгуанэ купщIафIэ къызэринэкIащ пшынауэ Iэзэу щыта Къашыргъэ КIурацэ. Абы лъэпкъ щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэм тхыгъэшхуэ триухуащ КIурашан БетIал. Абы щыщ зы Iыхьэ фыщылогъэгъуазэ.

«Къашыргъэ КIурацэ уэрэдус-усакIуэм и мызакъуэу, адыгэ къафэм и 
усакIуэщ, и композиторщ. Музыкэр цIыхубэм яйщ, жаIэу къафэ зэмылIэужьыгъуэ куэд дунейм къытехьащ КIурацэ зэхилъхьауэ. Абы къигъэщIа макъамэ дахэхэр ди нобэ гъащIэми къыддощIэращIэ, ди лъэпкъым и пшыналъэ мыкIуэщIщ, мыужьыхыжщ, уедаIуэ пэтми зызыщумыгъэнщIщ.
Лъэхъэнэ къэс макъамэщIэ къегъэщI. Зи цIэ къэдгъэлъэгъуа пшынауэхэм къытхуагъэна пшыналъэхэр псэуху, абыхэм я цIэр ди лъэпкъым
и гум илъынщ. Пшынауэ Iэзэм и Iэзэж Къашыргъэ КIурацэ и пшынэм
ислъэмей, удж, къафэ зэмылIэужьыгъуэ Iэджэ къригъэкIыу щытащ. Абы
къищынэмыщIауэ, езым зэхилъхьа «Ислъэмейр», «Уджыр», «Удж пыхур»,
«Уджхэшыр», «Иджырей къафэр», «Къафэжьыр», нэгъуэщIхэри нотэкIэ
тхауэ, езым игъэзащIэу магнитнэ пленкэм, пластинкэм тратхауэ къэнауэ щыIэщ. Ахэр псори ди адыгэ музыкальнэ культурэм и хэлъхьэныгъэ
мыкIуэдыжщ. 
Зэгуэрым Налшык щыпсэуа композиторышхуэ Авраамов Арсений
и фIыгъэкIэ ди музыкэм марш къыхыхьауэ щытащ. А жанрыщIэм и 
мэсхьэбым иту, Къашыргъэ КIурацэ итхащ «ЩIалэгъуалэ маршымрэ»
«КъБАССР-р илъэс 39-рэ щрикъум и щIыхькIэ маршымрэ». ТIури уедэIуэнкIэ удихьэхыу, дахэу, гуакIуэу зэхэлъхьащ, укъызэщIэзыIэтэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщIащ. ЗэрыжаIэу, макъамэращ музыкэм лъабжьэ хуэхъур. КIурацэ зэхилъхьа макъамэхэм лъабжьэшхуэ, лъабжьэ куу яIэщ.
«Кабардинка» ансамблым дэ сыт щыгъуи фIыкIэ дыщогугъ. Абы и япэ
пшынауэщ, и япэ къэфакIуэ-солисткэщ Къашыргъэ КIурацэ. ЛэжьыгъитIри екIурэ ещхьу, тэмэму, щытхъу пылъуи зэдихьырт абы. КIурацэ еплъагъулIэр ебгъуэтылIэжырт. «Акъылыр ландыщэщи (дыщэ зэрылэщи),
гъэсэныгъэр дыщэ жыгщ» жиIэгъащ пасэрейм. Апхуэдэ зыхужаIэнкIэ
хъунури зыхуэфащэри, шэч хэмылъу, и цIыхугъэкIи, и хьэл-щэнкIи, и 
акъылкIи КIурацэ хуэдэщ. Апхуэдэ цIыхухэрт ди лъэпкъым и пщIэри
и щIыхьри лъагэу зыIэтыр. Ахэр адыгэм ди гъуазэт, ди дыгъэ-мазэт, ди
лъэпкъ набдзэт. Апхуэдэ цIыхухэм сыт щыгъуи дрогушхуэ, дроин, ди
щхьэр лъагэу дагъэлъагъуж. Апхуэдэ цIыхухэрщ дунейр зэтезыIыгъэри,
цIыхур зыгъэцIыхури, хабзэр зыгъэхабзэри, лъэпкъыр зыгъэлъэпкъри,
лъэпкъ напэр зыхъумэри.
«Къашыргъэ КIурацэ теухуауэ псалъэ жысIэну куэду си гуапэщ.
КIурацэ хуэдэ пшынауэ Къэбэрдейм зэи диIакъым. Абы хуэдэу пшынэр
игъэбзэрэбзэфу щыIауэ сщIэркъым нэгъуэщI пшынауэ. Ар зыми ещхьтэкъым. Аращ псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр, телъыджи къыщIытщыхъур. КIурацэ пшынауэфI къудейтэкъым. Абы псоми пщIэ, щIыхь зыхуригъэщIыфырт, дунейм екIуу зэрытетын ищIэрт. КIурацэ екIуу, дахэу хуэпауэ, и щхьэр лъагэу Iэтауэ къихьэрт утыкум, и пшынэ еуэкIэмкIи
псори къыдихьэхырт. КIурацэ щапхъэ къытрахауэ, ар зэреуэр зэхахауэ
диIэхэщ пшынауэфI куэд: ПщыхьэщIэ Мухьэжыр, ДыщэкI ФатIимэ,
Борий Линэ, Уэрзей Лидэ. Ахэм ящIэж КIурацэ и пшынэуэкIэр. Абы
кIэлъыплъурэ фIы Iэджэ къыхаубыдыкIащ я егъэджакIуэм и Iэзагъэм.
1948-1957 гъэхэм къриубыдэу Къашыргъэ КIурацэ зэхилъхьауэ, ди
лъэпкъ музыкальнэ культурэм и тхыдэр зытхыжа композитор-теоретик
цIэрыIуэ Шейблер Трувор нотэм иригъэзэгъауэ уэрэд куэдрэ къафэ зыбжанэрэ мыкIуэдыжыну дунейм къытенащ. Абыхэм щIэлъ
псалъэхэри езым зэхилъхьэжырт. Ар зи гурыхуагъэрэ зи акъыл жанкIэ
лъэпкъ усэ гъэпсыкIэм и хабзэхэр къэзыгъэIурыщIэфа япэ адыгэ цIыхубз усакIуэщ. КIурацэ гурэ псэкIэ зыхищIэрт икIи къыгурыIуэрт уэрэд
макъамэмрэ абы щIэлъ псалъэхэмрэ зэнэзэпсэрэ зэпсэгъуитIу, зэпэхъуу,
зэкIужу щытын зэрыхуейр. Арат абы макъамэри псалъэри зэщIыгъуу щIызэхилъхьэр. Ди адыгэ лъэпкъым и уэрэд зэхэлъхьэкIэм и нэщэнэ
дыдэщ ар», - игу къегъэкIыж Къашыргъэ КIурацэ дэлэжьа, ар фIыуэ зыцIыхуу щыта, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Блэнауэ Быцэ.
«И Iэпэм дыщэр къыпощ» жыхуаIэм хуэдэ IэщIагъэ зиIа Къашыргъэ
КIурацэ и творческэ гъащIэр къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIащ «Кабардинка»
ансамблым. Абы и япэ концертыр, КIурацэ и гукъэкIыжхэм зэрыщитхыжымкIэ, щекIуэкIар Зеикъуэ къуажэрщ. Абы дыщIидзэри, нобэр къыздэсым ди ансамблым гъуэгуанэшхуэ зэпичащ.
Советхэм я VIII Чрезвычайнэ съездыр Москва дэт Театр Иным щекIуэкIырт. Абы щIэст Сталиныр я пашэу партымрэ правительствэмрэ я унафэщI лIыщхьэхэр, ди къэралышхуэм и щIыпIэ псоми къикIа депутатхэр.
Абыхэм я пащхьэм гурыхьу зыкъызэрыщагъэлъэгъуэфам ди артистхэм
дэрэжэгъуэшхуэ къахилъхьащ, ди ансамблым и «Iэпкълъэпкъыр» нэхъ
зэрыубыдащ. 1935 гъэм ди ансамблыр Москва щыIэу Горький Алексей иригъэблэгъауэ щытыгъат. Ар игу къигъэкIыжу, Къашыргъэ
КIурацэ мыпхуэдэу жиIэжырт: «Дэ драгъэблагъэри, Горькэм и унэм дашат. Алексей Максимович гуапэу икIи хуабэу къытIущащ, ди къафэхэм къыщытхъуащ, хахуагъэрэ гуащIагъэрэкIэ зэрыгъэнщIам, зышыIэныгъэшхуэ, къабзагъэ, хабзэ дахэ зэрыхэлъым гуапэу тепсэлъыхьащ. Лъэпкъ искусствэм зедгъэужьыну, тегушхуауэ япэкIэ дыкIуэну къыдэхъуэхъуащ. Абы щыгъуэм дыхьэшхэн гуэр къэхъуат: пхъэщхьэмыщхьэкIэ къытхуэупсэу Iэнэм дыздыбгъэдэсым, Алексей Максимович щIэупщIащ: «Къэбэрдейм къыщыкIыу пIэрэ мандарин?» Ар зыщIэупщIар къыгурымыIуауэ, мо урысыбзэри фIыуэ зымыщIэ бжьамияпщэ Ашуров Тэнэхъум жэуап иритыжащ мандолинэм и мызакъуэу, гитари, балалайки гъунэжу Налшык щыдиIэщ, куэди йоуэф, жери. Ар зэхэзыха псори дигъэдыхьэшхащ. Зыхуэмыубыдыжу, ауэ щабэу икIи удихьэхыу дыхьэшхащ Алексей Максимовичи. Горькэм дызэрыхуэзар тщымыгъупщэжу ди гупым хэт псоми ягу илъщ».
ПIалъэ дэкIыху ди ансамблым и лъэр нэхъри лъэщу увырт. 1938 гъэм
ди республикэм профессиональнэ хор къыщызэрагъэпэщри, ар къэфакIуэ
гупым гуагъэхьэжащ. Уэрэд жыIэнымкIи къэфэнымкIи артистхэм я Iэзагъэм зэпымыууэ хагъахъуэрт. Ар хэтащ Украинэр Урысейм зэрыгухьэрэ
илъэс 300 зэрырикъуам и щыхькIэ Киев щекIуэкIа гуфIэгъуэ махуэшхуэм.
А псом ящхьэжщ Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс
400 щрикъум и щIыхькIэ ди къэралыгъуэшхуэм и къалащхьэ Москва ди
искусствэмрэ литературэмрэ я гъэлъэгъуэныгъэ щыIам ансамблыр зэрыхэтар, а гъэ дыдэм щIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я Союзпсо, Дунейпсо
фестивалхэм я лауреат зэрыхъуауэ щытар. А псоми Къашыргъэ КIурацэ
и гуащIэрэ и щIыхьрэ хэлъщ.
Пшынауэ щэджащэ Къашыргъэ КIурацэ и творческэ гъащIэм къриубыдэу цIыхушхуэ куэдым ядэлэжьащ, я цIыхугъэу щытащ. ЩоджэнцIыкIу Алийрэ КIурацэрэ зэныбжьт, зэдэлажьэрт, зэдэлъхузэшыпхъум хуэдэу, фIыуэ зэрылъагъурт. Аращ КIурацэ абы уэрэд телъыджэ щIыхуитхари: Къашыргъэ КIурацэ ди цIыхухэм гуфIэгъуэ езыт пшынауэ Iэзэт, хуэфащэу «маэстро» гъафIэ псалъэр зыхужыпIэ хъуну музыкант телъыджэт. Къашыргъэ КIурацэ псэухукIэ пщIэ къыхуащIащ, и щхьэри ягъэлъэпIащ. Абы щIыхь, щытхъу тхылъу, диплому Iэджэ къратащ. «Знак Почета» орден къыхуагъэфэщащ, КъБАССР-мрэ РСФСР-мрэ я цIыхубэ
артисткэ цIэ лъапIэ къыфIащащ». 

 

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: