И гупсысапIэхэри абрагъуэщ, нэхущКъагъырмэс Борис адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа, абы и тхыдэм къыхэна тхакIуэщ, усакIуэщ. Абы щыхьэт техъуэ тхыгъэ куэд IэщIагъэлIхэм траухуащ и творчествэм. Зэман зэхуэмыдэхэм ди тхакIуэхэмрэ критикхэмрэ Къагъырмэсым хужаIауэ щытахэм щыгъуазэ фыхудощI.
Гъубжокъуэ Лиуан: Адыгей критик Чэмокъуэ Тыркубии гу зэрылъитащи, Къагъырмэсым и лирическэ лIыхъужьыр емышыжу щIэм лъыхъуэу, мурадыфIым хуэпабгъэу и шы-уанэ зэтелъ зэпытщ. Тыркубий къелъытэ Къагъырмэсыр КIыщокъуэ Алим и гъукIэгъэсэнхэм ящыщ зыуэ икIи абыкIэ арэзы умыхъун плъэкIыркъым. Борис и тхыгъэхэм ущеджэкIэ, япэу гу зылъыптэр усакIуэм и гупсысэр куэдым лъэIэсу, къиIэт темэхэм я гъунапкъэм ину зиубгъуауэ зэрыщытырщ. Къагъырмэсым гъуэзэджэу къехъулIахэм ящыщщ зауэм зи сабиигъуэр хиубыда щIэблэм и нэкIэ а зэман гущIэгъуншэр уэзыгъэлъагъуж усэхэр. Абыхэм пэжагъыу яхэлъым уагъэпIейтей, языныкъуэхэм дежи плъэмыкIыу уи нэпс кърагъакIуэ. Дэтхэнэ усакIуэми и тхылъхэм ущыщIэплъыжкIэ, гу лъыботэ абы зэрызиужьам, и поэтическэ мафIэм хэхъуамэ е хэщIамэ. Абы и лъэныкъуэкIэ къыжыIэн хуейщ Къагъырмэс Борис и творчествэм кIуэ пэтми нэхъ зэрызиужьыр, и дамэхэр нэхъ ину, нэхъ лъэщу зэришэщIыр. Сокъур Мусэрбий: Гупсысэр дамэу иIэн хуейщ иджырей усэ псалъэм, псэри абы хэлъыжу. Псалъэ нагъыщэр къэзыгъэщIыжыр гупсысэрщ. Гупсысэшхуэр дахэу, нэрылъагъуу къэIуэтэнырауэ къыщIэкIынщ поэзием и къежьапIэри. А жытIахэм хуэдэр гум къегъэкI Къагъырмэс Борис и тхылъыщIэ «Шэджагъуэм». Борис усакIуэ «щабэкIэ» узэджэ хъунухэм ящыщкъым. Абы и нэрыгъыр гумызагъэу, ерыщу, бэнакIуэу, мурадышхуэкIэ гъащIэм бгъэдэт цIыху къэгъэлъэгъуэнырщ. А цIыхур ткIийуэ икIи пхъашэу зыкIэлъоплъыж, напэмрэ цIыхугъэмрэ я «щIэтхыкIкIэ» езым и гъащIэ псори, и нэгу щIэкIыу хъуари къепщытэ. Борис Iуэху къыпыж-ныпыжкIэ арэзыкъым, езыри быдэу зэфIэуващ. УсакIуэм зэрыжиIэмкIэ, и дыгъэр уэгум къиуващ, зыхуэпсэу хъуэпсапIэ инхэри IупщIу къелъагъу, и гупсысапIэхэри абрагъуэщ, нэхущ. Шэвлокъуэ Петр: Сэ фIы дыдэу сыщыгъуазэщ ди усакIуэ цIэрыIуэ Къагъырмэс Борис и творчествэм, абы теухуауэ статья ин стхауэ щытащ. Къагъырмэсыр и тхыгъэхэм щытопсэлъыхь Iуэхугъуэ куэдым икIи ахэр хъарзынэу къохъулIэ. Зэманым и къэхъукъащIэхэмрэ усакIуэм и гупсысэмрэ зэрыIыгъщ, зэхэухуэнащ, аращ и усэхэр акъылыфIэ, гуащIафIэ зыщIыр. Зэманым и зыужьыкIэр, дунейм, цIыху гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр усакIуэм и гум, и псэм куууэ зэрызыхащIэм и нэщэнэхэр щынэрылъагъу къудейкъым абы и усэхэм, атIэ, псом ящхьэращи, а «телъыджэхэращ» Къагъырмэсым и пшыналъэр зыгъэбзафIэр, зыгъэкъарур, ахэр гуимыхуж зыщIыр. Къагъырмэсым и творчествэм купщIафIэу зэрызиужьар къызыхэкIахэм дащытепсэлъыхькIэ, зыщыгъэгъупщэн хуейкъым дунейпсо литературэм, ди къуэш лъэпкъхэм ящыщ тхакIуэхэм, усакIуэхэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм щыгъуазэ къудейм къыщымынэу, абы усакIуэшхуэ куэдми я тхыгъэхэр зэрызэридзэкIар. Къагъырмэсым и творчествэм и къэухь псоми, и дахагъэ псоми, абы и усэ, поэмэ, басня, балладэ, легендэ, пародие, эпиграммэ, нэгъуэщI жанрхэми иту итхахэм къыбжаIэр зыщ: Къагъырмэсыр поэзием и лъагапIэшхуэхэм нэсыфащ, ар хъуащ къэбэрдей литературэм и щыгу нэхъ инхэм ящыщ зы. Тхьэгъэзит Зубер: Къагъырмэс Борис езым и лъагъуэ щыпхишащ поэзием, икIи ерыщу а лъагъуэм ирокIуэ. Абы и талантым нэхъ къигъэIурыщIэфыр игъащIэ лъандэрэ усакIуэ псори зытетхыхь темэхэм езым и бгъэдыхьэкIэ къыщыхуигъуэтыж усэхэрщ. Тхэн зэрыщIидзэрэ Борис хущIокъу и псэр тхылъеджэм зэрыхузэIуихыным. Апхуэдэу дзыхь зыхуищI тхылъеджэм и дзыхь езы усакIуэми кърегъэзыж, ещIэ ар узытемызашэ уэршэрэгъу зэрыхуэхъунур. Къагъырмэсым и лирическэ лIыхъужьыр псэмыгъэпсэхущ, зэманым къыдекIуэкI Iуэхугъуэ псори жану зыхэзыщIэ цIыхущ. Абы тхылъеджэхэр дехьэх и захуагъэкIэ, хьэлэлыгъэкIэ, цIыхугъэкIэ. Мыз Ахьмэд: Къэбэрдей поэзиер нэгу къыщIэгъэхьэгъуейщ Къагъырмэс Борис и IэдакъэщIэкIхэр хэмыту. Зыр адрейм емыщхьу, плъыфабэу зэхэухуэна адыгэ поэзиер абы и тхыгъэхэм нэхъри дахэ, къулей ящI. Борис и усэхэр, и унэцIэ щIимыдзми, нэгъуэщIхэм яйм тыншу къахэпцIыхукIыфынущ, сыту жыпIэмэ, зыгуэрым зригъэщхьыну ар хэткъым, езым и хъэтI, и макъ иIэжщ. Борис и творчествэр къулейщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм куэду хэтщ гупсысэ куум ухэзыдзи, дамэ къыптекIам хуэдэу, дэрэжэгъуэ къозыти, уи нэпс къезыгъакIуи, узыгъэдыхьэшхи. Абазэ Албэч: Къагъырмэс Борис зэрыусакIуэ, тхакIуэ гъуэзэджэм нэмыщI икIи критик, публицист Iэзэщ. Абы и щыхьэтхэм ящыщщ Борис и эссехэр. «Адыгэ литературэр дунейпсо литературэм зы къудамэу хэувэн зэрыхуейр зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Дэри дыхущIэкъун хуейщ дунейпсо утыку ихьэфын тхыгъэхэр ди къалэмым къыщIэкIыным, – щетх Къагъырмэсым литературэм теухуа и эссе кIэщIхэм ящыщ зым. – Пэжщ, ар къалэнышхуэщ, ауэ хэт жызыIар тхакIуэм зыхуигъэувыжын хуейр нэхъ къалэн цIыкIухэр арауэ? ЦIыкIум утекIуэ нэхърэ, иныр махуэ къэс хэбгъэщIэфмэ, уи насыпщ, къыптекIуэмэ – иныращ къыптекIуар»! Къагъырмэс Борис иIэщ Пушкиным, Шукшин, ПащIэ Бэчмырзэ, Шортэн Аскэрбий, Сокъур Мусэрбий, нэгъуэщI куэдми теухуа эссехэр. А тхыгъэхэм абы Iэзагъ хэлъу къыщигъэлъэгъуащ а цIыху щэджащэхэм ябгъэдэлъа талантым и кууагъыр, лъэпкъым хуащIар зыхуэдизыр. Безрыкъуэ Данэ.
Поделиться:
Читать также:
12.09.2024 - 09:58 →
Адыгэ псори къыдахьэхат
12.09.2024 - 09:43 →
Куэдым хуэжыджэр щIалэ
11.09.2024 - 18:48 →
Ди уэрэджыIакIуэ щIалэщIэхэр
11.09.2024 - 14:36 →
Тырку уафэлъащIэм щоджэгу
10.09.2024 - 12:26 →
«Уи къарум зэи шэч къытумыхьэ»
|