Джеймс Уебб телескопыр зэхагъэувэу уахэм яутIыпщыным, псори зэхэту, илъэс 30-м нэблагъэ текIуэдащ. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, я нэхъ мащIэрауэ, апхуэдиз дыдэ ихьынущ ди планетэм щыпсэухэр хьэршым илъатэу вагъуэхэм я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэм я нэхъ кIэщI дыдэр зэпаупщIыным.
ЩIыдгъужынщи, апхуэдэ зекIуэм кърикIуэнур зыхуэдэр ЩIы Хъурейм тесхэм иджыри илъэс 20-м нэблагъэкIэ зэхагъэкIыфын къудейщ. Аращи, ахэр зи нэгу щIэзыгъэкIыну хуейхэр гъащIэ кIыхь къызэрагъэщIэнум, абы хуэгъэзауи узыншагъэ зэпэщ зэраIэным хущIэкъупхъэщ.
Псом япэрауэ, нэхъ дызылъэIэсыфыну астрономхэм къалъытэр вагъуэ зэрыбынищу «Альфа Центавра» зыфIащамрэ а щым я нэхъ цIыкIу «Проксимэ Центаврэ» жыхуаIэмрэщ. Адрей тIур я инагъкIи къызыхаутIыпщыкI гуащIагъэкIи ди Дыгъэм нэхъ хуагъадэ. Иужьрейр, адрейхэм елъытауэ, зэрынэхъ цIыкIужьейм имызакъуэу, куэдкIэ нэхъ зэщIэупщIыIуэжащ.
Ещанэ вагъуэм и щэхухэр
Проксимэ Центаврэ вагъуэ плъыжь «цIыкIужьейм» и хъуреягъкIэ къыщызылъэтыхьу 2016 гъэм астрономхэм гу зылъатар (къедза уэрдыхъу Iэрамэхэм нэмыщI) иужькIэ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфэща, и инагъкIи ЩIы Хъурейм хуагъэда, нэхум зэрызидз псынщIагъэкIэ илъэси 4,2-кIэ тпэIэщIэ (километр триллион 39-м нэблагъэкIэ, е, нэгъуэщIу жытIэмэ, ЩIыр Дыгъэм зэрыпэжыжьэм нэхърэ хуэдэ мин 270-кIэ нэхъыбэкIэ) планетэ гъэщIэгъуэну «Проксимэ b» зыфIащарщ.
Вагъуэ нэхъ жыжьэхэм «бгъэдэт» адрейхэм елъытауэ, мыр куэдкIэ зэрынэхъ тпэгъунэгъум къыдэкIуэу, гъащIэ здэщыIэнкIэ хъунухэм хабжащ.
Зи щхьэфэр мывалъэ защIэу зэхэт ар, «зэпхам» и екIэрэхъуэкIыкIэм тращIыхьу къызэрабжамкIэ, дызытепсэукI ЩIым нэхърэ хуэдэ 1,3-кIэ нэхъ хьэлъэщ, зыпыщIа и «дыгъэм» зэрыпэжыжьэри куэдкIэ нэхъ мащIэщ. АтIэми, «Проксимэ b» планетэр, щытепщэ хуабагъ-щIыIагъкIэ, ди ЩIым хуэдэнкIэ хъуну къыщIалъытар и «дыгъэр», зэрыжытIащи, дыдейм нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIуу икIи тIукIэ нэхъ зэщIэупщIыIуэжауэ зэрыщытырщ.
АрщхьэкIэ, астрономхэм иджыри ауэ жыжьэуи къахутакъым а уафэщIым и щхьэфэм къыщекIуэкIыр зыхуэдэр. Псалъэм папщIэ, зэкIэ дыщыгъуазэкъым «Проксимэ b»-м и гущIыIум узэрыбауэ хъу ди хьэуам ещхь ущыхуэзэнуми хьэршым къипсыпсыкI нурыбэ «гущIэгъуншэм» щыщу узыншагъэм зэран хуэхъухэм ящызыхъумэфын малъхъэдис губгъуэкIэ къэхъуреихьами.
А упщIэхэм жэуап еттын ипэ, Альфэ Центаврэ вагъуищым я нэхъ цIыкIу Проксимэ Центаврэм къедза и Iэхэлъахэм адэкIи кIэлъыплъынымрэ а щIыкIэм тету гу зылъатэхэр джыжынымкIэ лэжьыгъэшхуэхэр астрофизикхэм дяпэкIи ирагъэкIуэкIыпхъэщ. АбыкIэ сэбэп хъуфынущ Джеймс Уэбб телескоп лъэрызехьэм нэмыщI, хьэршым щызелъатэ станцхэм дяпэкIэ ирагъэувэну зыхуагугъэхэри Зэгъэщхьыным пащэу
Проксимэ Центаврэр зэрыщыIэм гу щылъатар XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэрщ. И гуэгъухэм елъытауэ ар нэхъ жьгъейми, къыщызэщIэлындэхэм деж и «цIугъэнагъэм» хуэдэ мин бжыгъэкIэ хохъуэ. Псалъэм папщIэ, ЩIы Хъурейм тет обсерваторэхэм (хьэршым кIэлъыплъ лъэщапIэхэр) ящыщу тхум щылажьэхэр 2019 гъэм и накъыгъэм щыхьэт зэдытехъуат уахэм а и лъэныкъуэр зи «хэщIапIэ» вагъуэр ямылеищэу къызэрыщызэщIэлындам, ультрафиолет диапазонкIэ къатщтэмэ, и зэщIэпщIыпщIэкIэм хуэдэ мин 14-кIэ хигъахъуэу. Едгъэпщэнщи, ди Дыгъэм и къэбэкъэуагъэр, къыщызэрыкI дыдэхэм дежи, хуэди 100 нэхъ щабэщ.
2017 гъэм ALMA радиотелескопым Проксимэ Центаврэр къэзыухъуреихь Iэхэлъахэм къыщилъэгъуащ астероидрэ сабэу зэхэт уэрдыхъу Iэрамэу щы. Ди Дыгъэм и Iэхэлъахэм абы хуэдгъэдэну щыдиIэр «Койпер и бгырыпх» зыфIащам и закъуэщ. Ауэ, а вагъуэмрэ ди Дыгъэмрэ къедза Iэгъуэблагъэр зэрагъэщхьын астрономхэм абдежми щыщагъэтакъым.
Дыщыпсэу ЩIы Хъурейм зыгуэрхэмкIэ хуагъадэ планетэхэм щIэныгъэлIхэр зэреджэр экзопланетэщ («экзо» псалъэр пасэрей алыджыбзэм къыхэкIащ, къикIри «и щIыбкIэ щыIэ» мыхьэнэрщ).
Экзопланетэхэр къэхутэнымкIэ лъэкI къагъанэркъым Финляндием щылажьэ астрофизикхэу Туоми Миккорэ абы и дэIэпыкъуэгъухэмрэ. Ахэри ящыщщ Проксимэ Центаврэ b-р зэрыщыIэм щыхьэт техъуэхэм.
ЗэрыжаIэмкIэ, Проксимэ Центаврэр, и «жыпхъэ» имызагъэу, щIэзыупскIэр абы и хъуреягъыр къэзылъэтыхь планетэу ди ЩIы Хъурейм нэхърэ процент 30-кIэ нэхъ хьэлъэрщ. Дыдейм нэхърэ Проксимэ Центаврэ b-р и «дыгъэм» хуэдэ 20-кIэ нэхъ пэгъунэгъу пэтми, мы щIэныгъэлIхэми къалъытащ ар гъащIэ здэщыIэнкIэ хъунухэм ящыщу, псыи щыбгъуэтнрэ ди планетэм къыщекIуэкIхэм хуэдэхэми уащрихьэлIэу.
АрщхьэкIэ, астрофизикхэм къызэрапщытамкIэ, Проксимэ Центаврэр зэрыплъыжь «цIыкIужьейм» къыхэкIыу, абы пыщIа дэтхэнэ и уафэщI къызэрыгуэкIри (планетэхэр) сытым дежи зэрыхуэгъэзауэ щытынур и зы джабэ нэкIумкIэщ, сыту жытIэмэ, и «дыгъэм» и зыщIэшэкIэм планетэр и джэлэсым емыкIэрэхъуэкIыжыфу къегъанэри.
Астрономхэр зэрегупсысымкIи, Iуэхур абы Iутмэ, Проксимэ Центаврэ b-м (планетэм) и щхьэфэм цIыхухэр щыпсэуныр икъусыкъужкIэ хэплъэгъуэ дыдэу къыщIэкIынущ. Ауэ щыхъукIи, и «дыгъэм» ар сытым дежи зэрыхуэгъэза и зы джабэр нур пщтырыщэхэм къалыпщIынущ, нэху зытримыдзэ адрей и лъэныкъуэм щIыIэр щытепщэнущ.
АтIэми, ди фIэщ тщIыну дыхуейт а уафэщIым гъащIэ гуэр щыIэнкIэ зэрыхъунур. Арагъэнущ, а планетэм ущыпсэуфын папщIэ, къыщекIуэкIыр зыхуэдапхъэм теухуауэ щIэныгъэлIхэм гупсысэ телъыджэхэр къыщIагъэщIри. Псалъэм папщIэ, щIыIэмрэ хуабэмрэ зэпрагъэкъуу, жьышхуэхэр щIэх-щIэхыурэ къыщепщэнкIэ хъунущи, щыщыIэну хуагъэфащэ хышхуэхэм ярыт псыри и хьэуари щызэхэзэрыхьынущ, пщтырагъэу яIыгъам щыкIэрагъэхуу. АтIэми, ари и зы хэкIыпIэщ а уафэщIым гъащIэ гуэр щыщыIэнымкIэ.
Езы планетэм къыщекIуэкIым ипэжыпIэкIэ щыгъуазэ дыхуэхъун щхьэкIэ, абы, дауи, нэхъ гъунэгъуу дыбгъэдыхьапхъэщ. Сыту жытIэмэ, дыздэщыIэм диплъыкIыу ар зыхуэдэр зэдгъэщIэн папщIэ, мы зэманым ЩIы Хъурейм щыдиIэ зы телескопи, Джеймс Уебб жыхуаIэри хэту, къыддэIэпыкъуфынукъым. Ауэ щыхъукIи, къытхуэнэжыр а уафэщIым нэхъ гъунэгъу зыхуэтщIынырщ.
Проксимэ Центаврэ вагъуищыр зэрыщыIэр къызэралъагъурэ мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу, 2016 гъэм и мэлыжьыхьым къэунэхуащ вагъуэхэм (дыгъэ жьэражьэхэм) я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэу цIыхухэр куэд щIауэ зыщIэхъуэпсыр зэпыупщIыным хуэгъэза программэр.