Хэт къызыхуэщхьэпар?

«КъухьэпIэ зэкъуэтым» и мурадщ украин нацистхэм дяпэкIэ IэщэкIи мылъкукIи ядэIэпыкъуну. Абы гъэщIэгъуэни хэлъкъым. Мы зэманым екIуэкI Iуэхухэми хуэдэу, нэхъапэхэми США-р зи пашэ НАТО-м зэрыхузэфIэкIкIэ лъакъуэ къыщыпэщIидзу щытащ ди къэралым и дэтхэнэ лъэбакъуэми. Мыбдеж дигу къэдгъэкIыж хъунущ Афганистаныр. 
Советыдзэм щыщу гупыр 1979 гъэм и дыгъэгъазэм Афганистаным къыщыхутащ, а къэралым и правительствэр СССР-м куэдрэ къызэрелъэIуам и жэуапу. Москва хуейт Афганистан Демократие Республикэм (ДРА) хабзэр щызэфIигъэувэжыну, абы и лъэныкъуэкIи властхэм ядэIэпыкъуну. Апхуэдэ къалэн и пщэ щызыдилъхьэжат а къэралым ирищIылIа зэгурыIуэныгъэхэм. Ди зауэлIхэр къалэхэм гарнизону щитIысыкIащ. Абыхэм пщэрылъ щащIат гъуэгухэр, мыхьэнэ ин зиIэ нэгъуэщIхэр яхъумэну. Властым и бийуэ къэувахэм япэщIэтынур езы правительствэм и къарухэрт. СССР-р абы IэщэкIэ дэIэпыкъурт, техникхэмрэ чэнджэщэгъухэмрэ куэду яхуигъакIуэрт. 
АрщхьэкIэ Кабул и зауэлIхэм зралъэфыхьу хуежьэри, зыкъэзыIэтахэр (душманхэр) къатегуплIэ хъуащ. 1980 гъэм и щIышылэм советыдзэр зэпэщIэтыныгъэм хыхьащ.
ИпэIуэкIэ США-м зыкIи къыфIэIуэхуу щытакъым Афганистан къулейсызыр. Ауэ СССР-м зэран къыхуэхъун мурадкIэ, 1979 гъэм и бадзэуэгъуэм президент Картер Джимми Iэ тридзащ а къэралым властым щапэщIэувахэм ахъшэкIэ ядэIэпыкъуным теухуа унафэ щэхум: абы ищIэрт гува-щIэхами Совет Союзыр а щIыналъэм щекIуэкIхэм хэIэбэн хуей зэрыхъунур. 
А гъэ дыдэм США-м и ЦРУ-р, Пакистаным и тIасхъэщIэх IэнатIэр сыт и лъэныкъуэкIи и щIэгъэкъуэну, иужь ихьащ афган душманхэр IэщэкIэ зэщIэузэдэным теухуа «Циклон» Iуэхум. Абы лэжьыгъэр екIуу къызэригъэпэщащ. Ахъшэхэр доллар мин 500-м къыщыщIидзэри, 1980 гъэм ирихьэлIэу мелуан 20-30-м нэсащ. Мурад ящIащ афган правительствэм пэщIэт къарухэр КъухьэпIэм щагъэхьэзырахэмкIэ мыхъуу, совет IэщэхэмкIэ зэщIаузэдэну – ардыдэмкIэ хуейт душманхэр къуентхъыу яIэрыхьа совет IэщэхэмкIэ зауэу къыщIрагъэдзыну. 
Мыбдежым занщIэу зыкъызэрадзэкIащ нэхъапэм ди ныбжьэгъуу щытахэм. Американхэм хуабжьу ядэIэпыкъуащ бий къытхуэхъужа Египетыр. 1960, 1970 гъэхэм СССР-м абы пщIэншэу иритат Iэщэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Иджы ЦРУ-м и агентхэм ахэр Каир и деж къыщащэхуурэ Сауд Хьэрыпым нагъэсырт, саудитхэм ахэр езыхэм я кхъухьлъатэхэмкIэ Исламабад яхьырт, иужькIэ пакистан тIасхъэщIэххэм лъагъэIэсырт губгъуэрыс командирхэм. 
Апхуэдэ щIыкIэкIэ 1980 гъэм и закъуэ американхэм Египетым ирашащ Калашниковым и автомату мини 10, РПГ-7-уэ 720-рэ, нэгъуэщIхэр. АрщхьэкIэ мыгувэу душманхэр тхьэусыхэу щIадзащ яIэрыхьа Iэщэхэр зэрымыщIагъуэм къыхэкIыу. КъызэрыщIэкIамкIэ, Египетым щыхуэсэкъакъым совет Iэщэ гъуэзэджэхэр хъумэным: ахэр щIэх-щIэхыурэ зэIыхьэрт. 
Мыбдеж щытыкIэр щрагъэфIэкIуэжащ Израилым зэгуэр езы Египетым и зауэлIхэм къатрихауэ щыта апхуэдэ дыдэ Iэщэхэм. Журтхэм ахэр нэхъ сакъыу яхъумат. 
ЦРУ-м дуней псом къыщилъыхъуэрт Iэщэхэр. Мыгувэу ар Китайм къыщигъуэтащ. А илъэсхэм Москварэ Пекинрэ зэфIтэкъым: СССР-м щащIэжырт ди гъунэгъухэм Даманскрэ Жаланашколрэ щызэхащIыхьахэр, КНДР-м щащыгъупщэжатэкъым Китаймрэ Вьетнамымрэ щызэпэщIэувам Совет Союзым жыджэру Ханой зэрыдиIыгъар. Абы къыдэкIуэуи Китайм Афганистаныр езым и жьауэм щIэтын хуей къэралу къилъытэрти, СССР-р абы зэрыщыIэр идэртэкъым. 
ГъэщIэгъуэнщ, ауэ къахэжаныкIащ полякхэмрэ югославхэмрэ. Пэжу, япэхэм мы Iуэхур КГБ-м и унафэм щIэту иригъэкIуэкIа хуэдэщ: Польшэм икIыу яIэрыхьа Iэщэхэр щIагъуэу къагъэсэбэп хъуртэкъым, ауэ югославхэм фоч мини 100-м къыдэкIуэу абыхэм иралъхьэ шэуи мелуан 40 ЦРУ-м иращащ. Инджылызхэм ящIа а «Ли-Энфилд» фоч лIэужьыгъуэм пщIэшхуэ щагъуэтащ душманхэм я деж. Абдеж щыщIидзащ нэгъуэщI къэралхэм щащIа IэщэхэмкIи душманхэр зэщIаузадэу. США-м ар иджы щIиуфэжыртэкъым.
Инджылызхэри хуейтэкъым зыкъыкIэрагъэхуну. Абыхэм душманхэм хурагъашэрт зенит-ракетэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр, пулемётхэр. Абы къыдэкIуэу Шотландием щагъасэрт афган боевикхэр. 
Италием и пщэ дилъхьэжащ къызэралъыхъуэ IэмэпсымэхэмкIэ къэбгъуэтыну гугъу лагъымхэмкIэ душманхэр зэщIэузэдэныр. Японхэмрэ къухьэпIэ нэмыцэхэмрэ къэбгъэсэбэпыну тынш радиостанцхэр къыIэрагъэхьащ. 
Iуэхум, уеблэмэ, хыхьащ зым и телъхьэу щымыт Швейцариемрэ Швециемрэ. Псори хуейт мыбдеж къыщыхэнажыкIыну, ар дыдэмкIи Вашингтон и нэфI зыщахуэну. 
Хэбгъэзыхьмэ, зэращIылIа зэгурыIуэныгъэхэм тету СССР-м и дзэхэр Афганистаным къыщришыжыну зэманыр къыщыблэгъами, зи гугъу тщIы къэралхэм щагъэтакъым душманхэр IэщэкIэ зэщIэузэдэныр. Иджы зыгуэрхэм къыщIрагъэдзыну хущIокъу Совет Союзым апхуэдэ лъэбакъуэ ичыныр США-м «Стингер» IэубыдыпIэншэхэмкIэ душманхэр зэрызэщIиузэдам къыхэкIауэ. АрщхьэкIэ ар пцIы зэфэзэщщ. СССР-м Афганистаным игъэкIуа ди зауэлIхэр зы зэхэуэ ини щыхагъэщIакъым. Ди дзэ гупыр абы къикIыжащ сатыру зэкIэлъыкIуэу икIи я щхьэхэр Iэтауэ. Ауэ мыхэри къыхэдгъэщыну дыхуейщ: ди дзэхэр къикIыжа иужьи Афганистаным и правительствэм илъэс зыщыплIкIэ зиIыгъыфащ. ИкIи а къэралым иужькIэ щызэфIэува щытыкIэр егъэлеяуэ нэгъуэщIынут. Вашингтон зи пашэ къэралхэр зыкъэзыIэтахэм ахъшэрэ IэщэкIэ ядэмыIэпыкъуамэ. ИужькIэ къэхъуам дэ дыщыгъуазэщ. 

 

ШАЛ Мухьэмэд.
Поделиться: