Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын къуажэм щыщщ нобэ утыкур зыгъэдахэ уэрджыIакIуэхэм яхэт Мэремкъул Ибрэхьим. ЩIалэм пасэу щIидзащ уэрэд итхынри. Иджы студие егъэлажьэ, Налшык къалэм дэт Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым щеджащ. Ар хэтащ Ерокъуэ Бишер къызэригъэпэщ «Первый свет» Iуэхуми.
- УэрэдыщIэ сиIэти, Ерокъуэ Бишер езгъэдэIуэну сыкIуат. Концертым сыхыхьэну гупыж сызэриIэр щыжесIэм, уэрэдым едаIуэри, ныкъусаныгъэ гуэрхэр абы сигъэлъагъужщ, чэнджэщхэри къызитри, «Иджы хъуащ», - жиIэхукIэ селэжьыжат абы. ИтIанэщ Бишер и еплIанэ концертым зыкъыщызгъэлъэгъуэну Iэмал сыщихуар.
Абы щыгъуэм нэгъуэщIыбзэкIэ езым зэхилъхьа уэрэдщ щIалэщIэм утыку кърихьар. «Абы едэIуа нэужь, куэд къызэупщIащ сыт хуэдэбзэкIэ жыпIат, жаIэу. Хэти ар испаныбзэм хуихьащ, языныкъуэми хьэрыпыбзэу къащыхъуащ. АрщхьэкIэ зэрыщытращ: япэщIыкIэ макъамэр зэхэслъхьати, абы декIуу къэзгупсыса псалъэхэр зэпызгъэувауэ аращ, бзэ иIэкъым», - жеIэ Ибрэхьим.
АтIэ апхуэдэ лэжьыгъэм щIэлъ гупсысэр дауэ къызэрыбгурыIуэнур-тIэ жыпIэу, уогупсыс.
- Макъамэр щыстхым нэхъыбэу зытезгъэщIар лъагъуныгъэращ, гъащIэращ. Къапщтэмэ, апхуэдэ ухуэкIэр «Первый свет»-м и къызэгъэпэщакIуэхэм нэхъ ягу ирихьри, концертым хэтынухэр къыщыхахым сыщIыхагъэхьар аращ. Ар уэрэдым и тхыкIэщIэу къэпхь хъунущ, - жеIэ Ибрэхьим. - Псалъэм папщIэ, апхуэдэ уэрэд яIэщ Куэщты Темыркъан, DanBalan, нэгъуэщIхэми. Уэрэдыр щыстхам, композитор ХьэIупэ Анзор езгъэдэIуат, сечэнджэщат ар урысыбзэкIэ стхыжыным теухуауэ. Ауэ абы къызжиIащ зэрыщыту къэзгъанэмэ зэрынэхъыфIыр, арыншамэ, къызэрыгуэкI уэрэд зэрыхъунур. Iуэхум хэзыщIыкIым зэрыжиIауэ, гу зэрылъыстэмкIэ, уэрэдыр зэрыхъуар нэхъ яфIэгъэщIэгъуэнщ цIыхухэм, - дыщегъэгъуазэ Мэремкъулым.
Ар япэу утыку къызэрихьа нэгъуэщI зы уэрэди цIыхухэм занщIэу япхъуэтат, «Пламя любви» зыфIищар. Ар Казаков Марат и гъусэу игъэзащIэрт.
Ибрэхьим ХьэIупщы Аслъэн долажьэ, уэрэд ирегъэтх. Абы деж урысыбзэкIэ щригъэтха «Прошу, услышь меня» уэрэдыр Ингушми, Шэшэнми, Бакуи щрагъэтхауэ я уэрэджыIакIуэхэм ягъэзащIэ. И шыпхъум тыгъэ хуищIа уэрэдым и ужькIэ, «Си дахэу псэр зыхуэусэ» уэрэдри дунейм къытехьащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, абы утыку кърихьэ уэрэдхэм я нэхъыбэр аращ хуэзытхыр, езым макъамэр щIелъхьэж. Мамий Аслъэнрэ абырэ зэдатхащ «Зэ къэсшарэт» гушыIэ уэрэдри.
Мэремкъулым и ныбжьыр илъэс 15-м иту уэрэд тхыным тегушхуащ. АдыгэбзэкIэ иIэщ цIэрыIуэ хъуну хунэса «Мазэнэху», «ФIылъагъуныгъэ», «Ди насыпыр» уэрэдхэри. «Еханэ классым сыщIэсу, сыщеджа курыт еджапIэ №4-м IэпщэрыбанэмкIэ гупжьей къыщызэIуахати, абы илъэскIэ сыхэтауэ, къуажэм дэт адрей курыт школ №3-м пшынэ еуэным щыхуагъасэу зэхэсхащ. Си къуэшхэу Жыгун Эдуардрэ Мэремкъул Ренатрэ абы кIуэрти, хъыбар къызагъэщIащ сэри гъусэ захуэсщIмэ зэрагуапэр, - дыщегъэгъуазэ щIалэм. - Пэжыр жыпIэмэ, спортым нэхърэ ар нэхъ сфIэгъэщIэгъуэн хъужри, куэдрэ сымыгупсысэу арэзы сыхъуат. Гупжьейм цIыху 20-м хуэдизым кIуэн щIэддзами, илъэс нэужьым къэнэжар цIыхуищт. Ахэри - дэ зэкъуэшищрат. Налшык къалэм къикIыурэ махуэ къэс къыдэгугъуу дагъэсащ пшынауэ зэщхьэгъусэхэу Вэрокъуэхэ Валерэрэ Каринэрэ. ИлъэсищкIэ емызэшу ахэр къыдэгугъуащ, икъукIэ фIыщIэ яхудощI. Пшынэ еуэным сыдихьэхауэ гупжьейм сыкIуэурэ, уэрэдхэр аранжировкэ зыщI Сатушы Залым и студиер къэслъэгъуащ. Сэри апхуэдэ симыIэнкIэ Iэмал имыIэу а дакъикъэм сехъуэпсат. ТхьэмахуитIкIэ сытемыпыIэу программэр Интернетым къызэрисхыным селIэлIат, уеблэмэ а зэманым къриубыдэу компьютерыр зэ сымыгъэункIыфIауэ. Дауи, занщIэу къысхуэубыдакъым уэрэд тхыным и щэхухэр. Залым сечэнджэщурэ хуэмурэ зы илъэс хуэдэкIэ абы селэжьащ. Япэ дыдэу сэ езым зэхэслъхьар «Прошу, услышь меня» уэрэдырщ. Псори зэхэту къапщтэмэ, уэрэдхэм я бжыгъэр 15-м щIегъу.