Сурэт Сэрмакъ мэкIуэж Сурэт Сэрмакъ мэкIуэжри гъуэгу тетщ. Таксим дэс щIалэм и нэр къызэрытедиям гу лъитакIэщ. Иджыпсту къепсэлъэн щIидзэнущ. Бгъэгушхуащэ хъунукъым ахэр. Ебудыхыпэми, сом уи жып къранэнукъым. Мыдэ зэ машинэм дэтIысхьарэт! Зыми ущымыгугъыу, ежьи, сабэ къэгъэхъей. Къарум и закъуэщ цIыхур къыпфIэзыгъэлIыкIыр. УзыхуэныкъуэIауэ зыкъегъэлъагъу закъуэ, уи щхьэр къыуагъэIэтыжынукъым. И адэм нэмыщIам псоми ятежыжат алъандэрэ. И псэр хригъэхынущ, зы унафэ кIапэ имыутIыпщын щхьэкIэ. Зыри имыдэн щхьэкIэт къыщIагъэщIар. «Узыхуэмейщ!» ИгъащIэм уиIа машинэ къезыхуэкI пхъу? Дэнэ-тIэ щыпщIэр сызэрыхуэмейр?! Уэрамым укъытепIиикIыу утетмэ, нэхъыфIщ, дауи, факъырафэ зуплъыжу икIи къыуаплъу. А-рэ Б-рэ зэхэзымыхуфхэм я Iуфэлъафэр къэбжыхьу. Мыбы хуэдэ дапщэ иригъэджа Сурэт, я тетрадыр къащыгъупщауэ школым нэджадэу. Ахъшэ зэрыритым ищIыIужкIэ, и чэзум лэжьапIэм нэсын папщIэ игъэпсалъэ мыпхуэдэ шоферыжь цIыкIухэм ятекIуэдащ псэуху ахъшэу къилэжьар. Мыдэ зэ лэжьапIэм ещхь къигъуэтарэт. Зыри зыми и хьэтыркIэ къимыгъэнэну аращ. «Уи жьэгу зэгъэпэщыжи, ухуеймэ, кхъухьлъатэкIэ къэлъэтыхь», - жеIэри, техьэгъуэ къытехьам ещхьу зелIэж, ипхъухэм машинэ Iуэху къызэррагъажьэу. Адэщ! УедэIуэн хуейщ! Езым зыри къытехуэкъым. Сэри сыхуейт аркъэм нэхърэ нэхъыфIу сыкъэзылагъу адэ сиIэну! Сыт ар уиIэкIи уимыIэкIи? Куэдщ зэрыжыIэдаIуэм къыпэмыкIуэну тыгъэм зэрежьар. Щхьэи дэкIуат абы мамэ зи дахагъ? ЩIалэхэр кIуэдыжа нэхъей.
Сурэт и адэ-анэм ятеухуа гупсысэхэм ялъахъэ. Мазэ ныкъуэ хъуауэ илъэгъуакъым и Iыхьлыхэр, къызэрыкIуэжым и хъыбари яригъэщIакъым. Дэлъадэу къыдэжыжынути, и фэтэрыр ятауэ къыщIэкIащ. ЩIэ къэлъыхъуэн хуейщ.
Нанэкъэ нэчыхьу хъуам я тетыр. Хъыджэбз гуэр игъэлъауэ зэрыщытам топсэлъыхь жэщи махуи. Зыгуэрым зэрыхурикъуфам нэхърэ игу нэхъ хэзыгъахъуэ щыIэкъым. И къуэр, Сурэт и адэ Хьэжсет, зыгуэрым дихьэхати, я зэхуакум дыхьэри, мамэ къыхуишауэ щытащ. ПэпсэлъэжыкIэ къудей зымыщIэ пщащэ зеиншэ цIыкIу.
И анэм игу къинэжахэр тIэкIу нэгъуэщIт.
- Илъэс пщыкIубл сыхъуу арат. Сыгупсысэн хуейуэ сигу къэкIтэкъым. «КIуэи, IэплIэ хуэщI, тIэкIу телъэщIыхь», - къызжаIэти, сэри сыбгъэдыхьэт зи щIыбагъыр къэгъэзауэ хэлъ фи адэм.
- Хэт ар? – жиIэти, къызэупщIт.
Мыдрей гупыр нысхукъуэплъу зэхэтт. «Симэщ жыIэ», - жаIэурэ, къызэхъуцацэт. Сэри: «Симэщ», - жызоIэ. «Симэ и Iэгур апхуэдэу пхъашэкъым», - жи.
Абы иужь а унэм дауэ нэху укъызэрыщекIар, жраIэу, Сурэтрэ и шыпхъухэмрэ и анэм зэрехъурджэуа бжыгъэм гъуни нэзи иIэкъым.
- Дэнэт, Iей, сыздэкIуэжынур? - уеупщIыху зыщ и жэуапыр Рузанэ. - Си анэм сэ зырат быну иIэри, емыкIу къыхуэсхьынкIэ гузавэу и гъащIэр ихьащ. Япэу къысщIэупщIэм сритын хьэзыру щыст. Шыуаным уралъхьэрэ уагъавэми, къэгъазэ уиIэкъым, къызжиIати, си гущхьэ къэкIакъым си псэр пыту «хьэуэ» къыхэзгъэкIыну. Алыхьым иухам утеIэзэщIыхьыжыну? Зегъэзэгъ! Зэ урагъэшэфмэ, гуфIэ.
ЦIыхубз дахэшхуэ зыхужаIэхэм хуэдэщ Рузанэ. «Абы щыгъуэ сыгъурыжь цIыкIут», - жи, нэхъыфI щыгугъыну хуимытам ещхьу.
- Жыжьэ укъикIыжрэ хъыджэбз дахэр? – таксизехуэм и жьэм жьэдэлъ хьэкъуртыр иригъэхауэ, Сурэт и гупсысэхэм къыхеш.
- Германием, - пцIы тIэкIури зэранкъым, зэрежьам трырет.
- Абы нэс емынэм уихуа?
Куэдрэ къелIэлIаи?! Мис аращ адыгэ удэкIуэ щIэмыхъунур. ПсэлъэкIэ къудей ящIэкъым.
- Къысхуэгъэгъу! Сымыпсалъэмэ, нэхъ къэсщтэнущ, - урысыбзэкIэ зэпиупщIащ къыкIэлъыкIуэ упщIэхэм я гъуэгур Сурэт.
- Урысыбзи дощIэ дэ, дахэ. Ауэ нэмыцэбзэкIэ, уей, укъэзмыгъэгугъэ, - игу зрихьыжу мэдыхьэшх. – «Сэ фIыуэ узолъагъу», - дауэ зэрыжыпIэнур нэмыцэбзэкIэ?
- Уи унафэщIым деж сыпсалъэмэ, уи гуапэ хъуну? – Сурэт и макъым пхъашагъ щIелъхьэ.
- Сыт жыпIэу?
- Фи лэжьакIуэр и къалэным йобакъуэ, жысIэу.
- «УздэкIуэр дэнэ?» жызмыIэу, дауэ си къалэн зэрызгъэзэщIэнур?
- СыздэкIуэракъым уэ узыщIэупщIар, сыкъыздикIыжращ.
- Дэнэ-тIэ укъыздикIыжыр?
- Германием бжесIащ, мыгъасэ! – Сурэт етIуанэу пцIы иупсын хуей зэрыхъуам къыщIигъэщам ещхьу, шофёрым и зыкъыпегъэхыкIэ мыкIуэмытэм къигъэцыджыпащ.
Машинэр къоувыIэ. Сэрмакъ нэс иджыри зы сыхьэтныкъуэфI дэлъщ, Налшык къыдэжакIэщ. Таксизехуэр къажа километр бжыгъэмрэ абы и уасэмрэ къызытещ, удзыфэу къаблэ нэм йоплъ.
- Мы дыкъыздэсам нэс сом щиплIрэ блыщIрэ и уасэщ.
- Сыт абы къикIыр?
- Си шэрхъыр къэуащ.
- Ы?
- Сом щиплIрэ блыщIрэ къызыботри, уокI, дахэ.
- КхъыIэ, къысхуэгъэгъу, Iей! Мы сумкэ къомыр зеслъафэу…
- Сом щиплIрэ блыщIрэ!
Сурэт лIы бэмпIэгъуэм сом мин зэгуэт хуеший. Iехри, къэзыгъэзэжыр къретыж:
- Жьгъейуэ сом тIощIрэ тхурэ фIэкIа сIыгъкъым, - ахъшэ щымыщIэ мелуанырыбжэ макъкIэ къыжреIэри, сом щитху зэгуэтрэ жьгъей тIэкIурэ къыхуешииж. Дэнэ ущыщ жыпIэу, уемыупщIми хъунущ. ИугъащIэ Бахъсэн!
- Си ужь къитIысхьэм ептынщ, уи хьэлэлщ! – жеIэ Сурэти, гъущI тумэнитIымрэ сомитхумрэ жьгъеилъэм хурепхъэж. Щыгугъ уэ абы, къэгубжьынщи, лIы хуэдэу зыхигъэкIыжынщ сом щэщIым!
Шофёрым гупкIэр трегъэпкI, и хьэпшыпхэр кърихыжыну абыкIэ ежьа Сурэт бгъэдохьэри, псори къыхурегъэувыкI.
«Хъэрахъэ!» - къыхоIукI машинэ ежьэжым и шэрхъ макъым. Сурэт зэщIоувыIыкI. Машинэ Iужыжам кIэлъыкIиинрэ къыщиуду гъынрэ имыщIэу щытыху, къогубжьри, таксир зыгъэлажьэ IуэхущIапIэм мэпсалъэ…
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




