УпщэфIэнумэ, къеблагъэ

«Гъатхэ махуэ гъэр егъашхэ», - жыдоIэ адыгэхэм. Ардыдэр бжьыхьэми хужыпIэфынущ, сыту жыпIэмэ, щIымахуэм къащтэж гъэтIылъыгъэхэр щагъэхьэзырыр иджыпстущ. Гъавэр къыщрахьэлIэж фокIадэм унэгуащэхэм пщэфIэкIэ IэмалыщIэхэр зрагъащIэ, ящIэхэр зэрагъэзэхуэж, я ерыскъы зехьэкIэмкIэ зэдогуашэ. Апхуэдэу «унагъуэ экономикэр» зыхуей хуэзыгъазэ бзылъхугъэ жанхэм я лъэр щIэзыгъэкIын хъыбар яхуэдгъэхьэзыращ. 

Шхыныгъуэхэм ятеухуа тхыгъэхэм фIэщыгъэ гъэщIэгъуэн зиIэ ерыскъы куэдым уащрохьэлIэ. Апхуэдэхэм яхыубжэ хъунущ «Iимамыр къэмэхащ» зыфIаща, тыркухэми, ермэлыхэми, болгархэми я лъэпкъ шхыныгъуэу къалъытэ пщэфIыгъэр. Ауэ ар зыхуэдэмрэ абы епха хъыбар гъэщIэгъуэнымрэ къэтхьын ипэкIэ, «бэдрэжанкIэ» дызэджапхъэр сытми зэхэдмыгъэкIыу хъунукъым. Хэти зэрищIэщи, адыгэхэр бэдрэжанкIэ зэджэр помидорырщ. Ауэ помидорыр бэдрэжанмэ, псалъэм и IукIэм уигу нэхъ къигъэкI, урысыбзэкIэ «баклажан»-кIэ дызэджэ хадэхэкI шакъафэм сыт фIэтщынур? Сыкъунхэ Хьэсэнрэ Иринэрэ я «СурэткIэ гъэщIэрэщIа адыгэ-урыс-инджылыз псалъалъэм» «бэдрэжан» фIэщыгъэр зрипхыр «кабачок», «патиссон» хадэхэкIхэрщ, помидорыр зэрыпомидору къегъанэ. «Адыгэбзэ псалъалъэм» бэдрэжанымрэ помидорымрэ зэрепх. Иужь дыдэ къыдэкIа «Урыс-адыгэ псалъалъэ иным» бэдрэжан фIэщыгъэр помидорым къыхуегъанэри, «баклажан»-м «шыбжийдэгу» фIещ. Пэжу пIэрэ? Шыбжий дэгукIэ дызэджэр «болгар шыбжий IэфI» жыхуаIэракъэ? «И фэкIэ морэу, и теплъэкIэ нащэм ещхь хадэхэкI», - дыкъыщоджэ абы ит «шыбжийдэгум» теухуауэ. Ауэ а псалъэм къыкIэлъыкIуэу ит «баклажанная икра» псалъэ зэпхам ар къыщигъэсэбэпыркъым: «баклажанный» плъыфэцIэр зэрызэридзэкIыр «баклажан» къудейуэщ. «Баклажанная икра» псалъэ зэпхам и мыхьэнэр мыпхуэдэу къехь: «баклажан хьэжа». Абы къикIращи, баклажаныр баклажану къонэж, сыту жыпIэмэ, шыбжий щыжыпIэкIэ, уи нэгум баклажан къыщIыхьэркъым. УпщIэр зэIухауэ къыдогъанэ, ди щIэныгъэлIхэм я макъ зэхыдагъэхэным дыпэплъэу. 
 Зи цIэ къитIуа шхыныгъуэмкIэ къэдгъэзэжмэ, абы и мыхьэнэр тыркубзэм IупщIу къызэрипхыфым езы шхыныгъуэри Уэсмэн къэралыгъуэм хиубыдэу щыта щIыналъэхэм щацIыхуу зэрыщытар къыбгурегъаIуэ. Ауэ абы щхьэхуэу дытепсэлъыхьыныр къызыхэтхар адэкIэ фызэдгъэдэIуэну хъыбарырщ. 
 Еуэри, Iимам гуэрым фыз къишат. Ахъуэ (оливкэ) дагъэ зыщэ нысащIэм и адэм и пхъур щигъэдыщасэм, нэгъуэщI мылъку зэрыбгъэдэмылъым къыхэкIыу, дагъэ абдж I2 къыхуригъэшат, жи. Арати, пщэфIэнкIэ Iэзэ унэгуащэ щIалэм махуэ къэмынэу и щхьэгъусэм иужькIэ «Iимамыр къэмэхащ» зыфIащыжа шхыныгъуэ хьэлэмэт хуипщэфIащ, щыбгъажьэкIэ дагъэ фIыуэ зыщIэзыф, зи адыгэбзэцIэр къытхуэмыгъуэт баклажаным къыхэщIыкIауэ. ЗэрышагъащIэхэр а шхыныгъуэм и фIыгъэкIэ тхъэрэ псэууэ къызэрынэжар къывгурыIуауэ дыщогугъ. Ауэ унагъуэр цIэрыIуэ зыщIа пщэфIыгъэм апхуэдэцIэ щIигъуэтам, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Iимамыр къыщIэмэхам теухуауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Зы гупым ар къыщIэмэхар шхыныгъуэр егъэлеяуэ зэрыIэфIым хуахь. Адрейхэм – махуэ пщыкIутIкIэ ишха шхыныгъуэм халъхьэн дагъэ зэрамыIыжым къыхэкIыу, «баклажан насыпыр» махуэ 13-нэм ирихьэлIэу зэриухам. Хьэтыр хуэфащэщ ещанэ хуэгъэфэщэныгъэми, апхуэдиз дагъэ зытекIуэда шхыныгъуэм езыр зэрыхуэерыщам, нысащIэми ар зэригъэзэхуэну игу къызэрымыкIам Iимамым игу зригъэбгъэжауэ жызыIэм. Щыми зыгуэр хэлъщ, ауэ пэжым нэхъ ещхьыр япэрейрщ. Сыту жыпIэмэ, тыркубзэм ирипсалъэхэм зыгуэр егъэлеяуэ ягу щрихьым деж (адыгэхэм «щхьэцыкIэкIэ сыкъыIуалъэфыжыху сшхащ», «делэ сищIащ, апхуэдизкIэ Iэфти» зэрыжаIэм хуэдэу), «баилдым» жиIэмэ, «апху\дизкIэ сигу ирихьати, сыкъэмэхащ» къригъэкIыу, щIигъатхъэу аращ. Сытми, Iимамыр псэууэ къызэрынам шэч къытедвмыгъэхьэу, ар зытхьэкъуа шхыныгъуэм и пщэфIыкIэр зэдвгъэгъащIэ. 
Махуэкъэс шхыныгъуэу къапщтэми, хьэщIэ Iэнэ ирибгъэщIэращIэми, щIымахуэ шхыну бгъэтIылъми, «Iимам баилды»-р IэфIщ икIи екIущ. Помидор плъыжьымрэ баклажан шакъафэмрэ абы къытрагъауэ фэм уи гурыIупсыр къегъажэ. 
 Зезыгъэсэну тегушхуэм баклажанитI-щым къыщыщIидзэ хъунущ. Къызэрежьар Тхьэм ещIэ, ауэ иджырей пщафIэ Iэзэхэм абы япэщIыкIэ и фэр кусэу трагъэж, и кIым щыщ тIэкIуи къагъанэ, къэщтэгъуафIэ хъун папщIэ. Зэрыщыту тебгъэжмэ, щабэIуэ хъунурэ и кIуэцIым иплъхьэр хуэIыгъынукъым. Тумыгъэжми, и Iэфым хэщIынущ. Зи фэр траха баклажаныр хэт псы шыугъэм хелъхьэ, хэти ауэ шыгъу тIэкIу треудэри, дакъикъэ I5-кIэ щегъэлъ. ИтIанэ етхьэщIыж е псым къыхехыжри, фIыуэ егъэгъущ. Шхыныгъуэм нэхъ гъэщIэгъуэну хэтыр баклажаным и кIуэцIым бжьынрэ бжьыныхурэ зыщIэгъэжьыхьа помидор пIытIа зэрыралъхьэрщ. Ар яхузэфIэкIын папщIэ, ягъэгъуща баклажаныр и кум деж кIыхьу щызэгуапхъ. АдэкIэ ар дагъэм хэлъу зэрагъэдзэкIыурэ ягъажьэ, хьэку кIуэцIым (духовкэм) изылъхьи щыIэщ. Баклажаныр хьэзыр хъуху, абы и кIуэцIым иралъхьэну помидорымрэ бжьын-бжьыныхумрэ ягъэхьэзыр. «Баклажан куда» фIэпщмэ, ущыуэнукъым мы шхыныгъуэм, сыту жыпIэмэ, зыгуэркIэ лы хьэжакIэ куда шыбжийм ещхьщ, ауэ лы хэлъкъым. Лы хэлъу ардыдэр пщIымэ, абы зэреджэр нэхъ гъэщIэгъуэныжщ: «карныярык», «ныбэ зэгуэпхъа». Баклажаныр «зэралъхьа» нэужь, псы тIэкIукIэ зэIыха томат шыпс щIакIэри, хьэкум ирагъэувэж. Iэнэм щахькIи, абы щыщ тракIэ. 
 ЩыIэщ мыр щIымахуэ шхыныгъуэу банкIхэм изылъхьэу зыгъэувхэри. Апхуэдэхэм, дауи, лы хэлъкъым. Езы баклажанхэри цIыкIу-цIыкIуу зэпыгъэжауэ ягъажьэри, бжьыныхурэ щхъуантIагъэрэ я зэхуакум щызэпрадзурэ, сатыр-сатыру банкIым ирагъэзагъэ. ФIащыр нэгъуэщIми, мы шхыныгъуэр адыгэ унэгуащэхэм я хамэ къыщIэкIынкъым. ИтIани, пщIэм щIэ гуэр къыхэбгъэхъуэну сыт щыгъуи щхьэпэщ. Уи Iэр зэпхьэлIэм уи псэри къыкIэрымыхумэ, унагъуэр IэфIу машхэ, зэгурыIуэ илъщ, ерыскъым берычэт къыхохьэ. 
 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: