Iуащхьэжьи мывэжьи…Генерал-майор хъуху урысыдзэм хэта, зауэ зыбжанэм лIыгъэ къыщызыгъэлъэгъуа, адыгэ (абазэ) щIалэ Къаз-Джэрий (щыпсэуар 1807 - 1863 гъэхэрщ) и тхыгъитI – «ХьэжытIэгъуей аузымрэ» «Къэжэр таурыхъымрэ» Пушкин Александр къыдигъэкI «Современник» журналым къытрадзат. УсакIуэшхуэр тхакIуэ ныбжьыщIэм къыщытхъуауэ щытащ. «ХьэжытIэгъуей аузым» гулъытэ лей къыхуищIат критик цIэрыIуэ Белинскэми.
«ХьэжытIэгъуей аузыр» адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Урысейм и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, зи анэдэлъхубзэр нэгъэсауэ зыщIэ, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ Къэрмокъуэ Хьэмидщ. Тхыгъэр Iыхьищу зэпыдудащи, мыбдежым къыщытхьыр иужьрейрщ.
ХьэжытIэгъуей ауз
… Ауэрэ Ерсукъан быдапIэм дынэсащ. Си ныбжьэгъу гуэр сыIущIэри, сыщригъэблагъэм, абы и деж нэху щызгъэщын мурад сщIащ. Си ныбжьэгъум селъэIуащ псым зыгъэпскIакIуэ ныздэкIуэну.
Псыхъуэм мазэгъуэ нурыр къыдихырт. Адэ нэхъ жыжьэу мэз кIыфIыр щыболъагъу, ар шэджагъуэ дахэм къытрихьа пшэ фIыцIэ фIэкIа зэрыпщIэн щыIэтэкъым; жьынду джэ макъым зэзэмызэ къигъаскIэ къуэ кIуэцIым Инжыдж и щхьэфэ зэлъахэр долъагъуэ, мазэм къыIурих нурым гъуэплъафэ щIэхъукIыу. ЛъэныкъуэкIэ нэщхъыдзэу псым къыщхьэщытщ Ерсукъан бгыжьыр. И пэнцIывым къыр къутахуэхэр къытебагэри, лъапэм, къэдабэ фIыцIэм хуэдэу, удз цIынэр щигъуэлъыкIауэ, гъэми щIыми нэщхъыдзэу щызэфIэтщ ар мыбдеж, и жьауэ щIыIэтыIэмкIэ псыхъуэр дыгъэпэзэзым щихъумэу.
Псы Iуфэм деж пшахъуавэ мащIэ иIэщ, мывэкIэщхъ цIыкIухэр, нэм къищтэ къудейуэ, къыхэцIуукIыу. Хысыдж лъагэхэмкIэ Iуфэм къыIурыуэу екIуэсэх псы уэрыр мэз кIыфIым къыщIожри, къуэ кIуэцIым зиIуантIэ-зишантIэу зыкъомрэ щыдыма нэужь, аргуэрыжьу мэз кIыфIым хокIуэдэж, благъуэ фIыцэжь гуэрым зыIуригъэлъэда фIэкIа умыщIэну.
Сэ зыстIэщIри псым сыхыхьащ; сыхьэзырт мыбы сыкъэзыхьыжа Тхьэ лъапIэм си псэр къурмэн хуэсщIыну. Сэ нэхъ насыпыфIэ хэт щыIэнт иджыпсту? Сабиигъуэ IэфIыр сигу къихьэжауэ, псым сыщыджэгурт; зыри, зыри сщIэжыртэкъым иджыпсту: гъуэгу сызытетари, Iуэху къызэрыспэщылъри, уеблэмэ дуней псом сэ зым фIэкIа темытыжу къысщыхъурт. СызэдаIуэр зи быдзышэ сIулъ къуршыпс Iэлым и шхыдэ макъырщ; мыращ, мы псы уэрырщ, и къуэ закъуэм и фэеплъу си анэжьым къыхуэнар. Фызабэм и гугъапIэу сыкъыщыхъуащ мыбы и Iуфэм, мыбдежырщ сабиигъуэм сыщыпыкIари. Си Iыхьлыщ мы псы Iэлыр: мо губгъуэ нэщIым зэшу ит Iуащхьэ папцIэхэри сэращ зыпэплъэр: къыспоплъэ къызэдэхащIэу, къыспоплъэ, я гукъеуэ къысхуаIуэтэну. Си псэм фIэфIщ мы псым и даущри, псыхъуэм къыдиху акъужьым и Iэуэлъауэри, удз пхъашэм и Iущащэ макъри, мы къуэм нэщхъыдзэу къыдэплъэ бгыжьри…
Псым сыкъыхэкIыжри щIакIуэр зэсшэкIащ. Сыздэщысым, аргуэру Iэджэ си нэгу къыщIыхьэжащ. ЦIыхум апхуэдэ дакъикъэ къыщыхуепсых къэхъуркъэ, уи псэм фIэфIри ар зыщIэкъури умыщIэжу? Тхьэм ищIэнщ а дакъикъэм си щхьэм къыдэуея псор… ЗыкъэсIэтат, си жагъуэу, сешауэ псы Iуфэм сыIуст сэ. Сигурэ си щхьэрэ зэрызэбгъэжам гу лъита хуэдэ, псыри нэхъ щым хъуауэ къысфIэщIащ. Зигу зэпыуда сабий нэхъей, сэ си нэпсым къызэпижыжьащ.
Си ныбжьэгъури, сызыхищIауэ, щымт. Гу лъыстащ абы и нэпс ткIуэпсри мазэм зэрыпэлыдам. Къызэхъуапсэу къыщIэкIынт, хэт ищIэн? Абы и гупсысэр иджыпсту Днепр щхьэщытт! Псым ауан сыкъищI хуэдэщ: сыту утелъыджэ уэ, цIыху цIыкIу, уигу къызэфIэнауэ ущысыну къекIурэ, уэ къыппоплъэ укъызыхуэкIуэжа уи Iыхьлыхэр. Ахэр зыщыбгъэгъупщауэ, дэнэ уи гупсысэм къыщикIухьыр?..
Нэху щащ. Акъужь щIыIэм пкъыр егъэщхьэх, IэфIщ пщэдджыжь жейр, губгъуэм уилъмэ. Сэ, зызужьын си жагъуэу, щIакIуэм сыкъыщIоплъ: дыгъэр лъагэ хъуами, Ерсукъан щхьэщылъ пшагъуэм къыпхыпсыфыркъым. Хуэм-хуэмурэ пшагъуэр зэкIэщIихужри, дыгъэр, абы къызэрыIэщIыкIыжам щыгуфIыкI хуэдэ, мафIэ бзийр къыпылъэлъу уэгум къиуващ, кIуэ пэтми нэхъ ину къэпщ къыпфIэщIу. Мыгувэу ар бгы нэщхъыдзэжьым къыщхьэщыхьэри, абы и нэщIащэм идиихьа пшагъуэ чэтхъахуэхэри игъэткIуащ…
ЗызмыIэжьэу сышэсри, гъуэгу сытехьэжащ. ИщхъэрабгъумкIэ губгъуэр щылът: абы кIуэцIрыкIырт сызытет гъуэгу сабалъэр. ИжьырабгъумкIэ, Лабэ псыщхьэ, мэз Iув щыболъагъу; кIуэ пэтми нэхъ лъагэу зызыIэт шытхыр сэмэгурабгъумкIэ къэнащ. Зысплъыхьу сыздэкIуэм, гу лъыстащ арщыниплI хуэдиз зи лъагагъ мывэ сыныжьым. Сэ сыкъэскIащ, тхыдэм и фэбжь зытелъ сыныр щыслъагъум: сишми, сыкъищIа нэхъей, зричащ. И тхьэкIумэр игъэкIри щIэкIуэрыкIащ ар, мывэ пкъо фIыцIэжьым сыхуихьу. Сэ схуэдэу а сынри пэIэщIэ хъуащ и Iыхьлыхэм: мы псыхъуэ нэщIым и закъуэу къыдэнащи, хуоплъэкI адэ мэзыщхьэм зыкъыщызыIэт бгы лъагэхэм…
Сыныр зытет Iуащхьэм си шыр пырхъыу дэжеящ. Сэ сепсыхащ, куэд щIауэ сымылъэгъуа мывэжьым сэлам есхын папщIэ. ЛIыжь лъэдакъачэр зэфIэтт, нэщхъейуэ къухьэпIэмкIэ мащIэу ебауэ. Абы и нэкIу зэлъам Iэшмэкъугу гуэрым къыхибзыкIа жор фIыцIэ тыболъагъуэ. Сэ нэхъапэм къысфIэщIырт а жорыр пасэрей лъэпкъыжь гуэрым и дамыгъэу. Iэджэ и нэгу щIэкIащ мы псыхъуэм дэзашэ мывэ сыныжьым; мыбыкIэ блэмыкIауэ пIэрэ мы дунеижьыр зэтезыгъэщэхэжа дзэ фIыцIэр; Рим и щхьэфэцыр зыгъэтэджу щыта лъэпкъ Iэлхэм абы и блыпкъыр Iэджэрэ блатхъуагъэнщ.
Пэжщ уэ, Кавказ, Европэм и бжэщхьэIуу ущытар, икIи, хэт ищIэрэ, мы сыныжьым илъэгъуагъэнщ пасэрей зауэшхуэхэр, гуннхэр, мэжэрхэр, авархэр, печенегхэр… Ауэ сыткIэ пщIэн: сыным бзэ иIэкъым, ар мыбдежым щыхэзытIами абы и щIыфэ упсам тхыгъэ гуэр тридзэну гукъэкI ищIакъым. Ущытщ уэ, Къыщыкъ и сын, мы губгъуэ нэщIыжьым уи закъуэу, уи щэху тщыббзыщIу; жьым епхъэх, зэманым едзэгъу уи Iэпкълъэпкъ дияр. Ауэ, ухэмыплъэ, куэд къыпхуэнэжакъым; уджэлэнщ уэри; уджэлэнщи, Бещто жьы дыджым уи сабэр ипхъэхыжынщ…
Хэти сыти къызрехъуэн, ауэ сэ слъэкIынукъым, сыныжь, уи деж зыщызмыIэжьэн; къыздалъхуам хуэдэу усфIэфIщ сэ уэ. Мыбдежракъэ, мы сыным и лъапэракъэ си сабиигъуэр щисхар, гупсысэ жанкIэ щIалэ акъылыр щыхъуэпскIар! Сэ сощIэж жьыбгъэ щIыIэм зэрихуэ пшэ фIыцIэжьхэм Ерсукъан хэбжьахъуэу; псыр нэпкъым дэмыхуэжу къиуауэ, нэр щIисыкIыу уафэхъуэпскIыр къэлыдрэ щыблэр абы щыкIэлъыуэжкIэ, си гур къилъэту уи лъапэм сыщытеса махуэхэр: абы щыгъуэ сэ зыхэсщIащ борэным и къару лъэщыр. Алъандэрэ си псэм и щIасэщ дунейр гужьеигъуэ хэзыдзэ борэн IэубыдыпIэншэр, сыгуфIэу сыпожьэ абы, мафIэр къыпылъэлъми…
Уи пщыхьэщхьэ уэмхэм, уи шэджагъуэ жьауэм, уи борэнхэм, уи губгъуэ щхъуантIэхэм, пшэм къыпхыплъ уэсылъэ къырхэм сытыр пэхъун, Кавказ! Уи нэм илъагъум уетхьэкъу. Жыжьэ ущIэкIуэн щыIэкъым, мес си пащхьэ ит мывэ сыныжьыр къащтэ. Гува-щIэхами бгырысхэм къахэкIынщ абы и гукъеуэр пшыналъэ къабзэкIэ зыIуэтэфын усакIуэ. Шэч къыщIытепхьэжын щыIэкъым: Кавказым и дурэшхэм дэс лъэпкъхэр усэбзэ къабзэм и джэ макъым къыдэушынщ; мы лъахэм и уэрэдыжьхэр, ахэр зи гущIэм къиIукI джэгуакIуэ екIуэлIапIэншэхэр лъэужьыншэу кIуэдыжыну фIэщщIыгъуейщ, гупсысэрэ къарурэ я бэщ абыхэм…
Сэ сышэсыжри шым сыжьэдэуащ, мыгувэуи си лъэужьыр сабэм исеижащ.
Поделиться:
Читать также:
08.10.2024 - 12:33 →
Яхэти-яхэмыти
07.10.2024 - 14:30 →
Пэжыгъэ
03.10.2024 - 17:00 →
Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуозэж
03.10.2024 - 16:00 →
Сэ езыр
02.10.2024 - 16:01 →
ПАЩТЫХЬ ФIЫЦIЭ
|