Дерс къыхахыпхъэт…

 СССР-у щытами, иджырей Урысейми дунейпсо утыкум щрагъэкIуэкI политикэр псом япэу зыхуэгъэзар шыIэныгъэмрэ худэчыхыныгъэмрэт. Ди къэралыр щыгугъырт ар зэхащIыкIыным, езыхэри а щапхъэм ирикIуэным. АрщхьэкIэ зэманым къигъэлъэгъуащ США-ми «Европэ зэкъуэт» жыхуаIэми егъэщIылIауэ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр къызэремызэгъыжыр: ахэр нэхъри ди къэралым къытогуплIэ, и бийуэ сыт хуэдэ Iуэхури ялэжь хъуну къызыщагъэхъу. БлэкIами дерс къыхахыркъым. Абы щыгъуэми, Совет Союзыр куэдрэ къигъэлъэгъуащ къыкIэлъызэрахьэ дэтхэнэ щIэпхъаджагъэми жэуап зэрыритыжыфыр икIи зэрыритыжынур. Псалъэм и хьэтыркIэ, уеблэмэ, щытыкIэ хьэлъэ дыдэхэм щитами. Дигу къэдгъэкIыжыну ирикъунщ Хэку зауэшхуэм ехьэлIа зы теплъэ закъуэ.
… 1941 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-мрэ 22-мрэ я жэщым нэмыцэ авиацэр япэу бомбэхэмкIэ къеуащ Москварэ абы и Iэхэлъашэхэмрэ. Фронтхэм щытыкIэр щыткIий зэманым ар къатехьэлъащ совет цIыхухэм. Бийм етын хуейт хуэфэщэн жэуап. СССР-м и Дзэ-Тенджыз Флотым и авиацэм и унафэщI Жаворонков Семен къыхилъхьащ Берлин бомбэхэмкIэ еуэну. Ар жэрдэм хъарзынэт, ауэ дэнэ апхуэдэ къару къыздипхынур? Сталиныр арэзы техъуащ ВМФ-м и цIыхубэ комиссар Кузнецов Николай диIыгъа а мурадым. 2018 гъэм и гъэмахуэрщ вождым а зэманым къыдигъэкIа унафэр нахуэ къыщащIар: «Ныбжьэгъу Водопьяновым деж. 81-нэ авиадивизием и пщэ изолъхьэ шыщхьэуIум и 8-мрэ 9-мрэ я жэщым дуней щытыкIэм къыщезэгъмэ къыкIэлъыкIуэ махуэхэм Берлин еуэну. Бомбэхэм я мызакъуэу, мафIэсхэр къэзыгъэхъу лагъымхэри фIэкIыпIэ имыIэу ирадзыхын хуейщ»…
Ауэ унафэ пщIыныр куэдкIэ нэхъ тыншщ ар бгъэзэщIэным нэхърэ. Берлин жыжьэт, нэмыцэ ПВО-хэм уапхыкIыу абы уекIуэлIэфыныр уи нэгу къыщIэбгъэхьэн къудейр гугъут. Ар техникэ и лъэныкъуэкIи яхузэфIэкIынутэкъым. Ауэ унафэр тхылъымпIэм къинэ хъунутэкъым.                           
                                                          ХэкIыпIэ зимыIэ щыIэкъым
Ар къагъуэтащ. ЦIыхубэ комиссар Кузнецовым къыхилъхьащ Моозунд архипелагым и дзэ аэродромхэм ящыщ зыр къагъэсэбэпыну: нэгъуэщIкIэ Берлин улъэIэсыфынутэкъым. Псом хуэмыдэу къезэгъырт Балтие тенджызым хэт Сааремэ хытIыгум и аэродромыр. Ауэ абы бомбэзехьэ кхъухьлъатэ хьэлъэхэр телъэтыкIыфынутэкъым. ПIалъэ кIэщI дыдэм псори ягъэтэмэмащ.
 АрщхьэкIэ узрикъуну гъэсыныпхъэхэр уиIэу абы утелъэтыкIкIэ Iуэхур зэфIэкIыртэкъым. Фашистыгъуэм унэсыхукIэ лъэпощхьэпо куэд дыдэ къызэранэкIын хуейт. ИпэIуэкIэ Германием и ВВС-хэм я Iэтащхьэ Геринг тхьэ иIуат зэи зы бомби Берлин дэмыхуэну. Мурад ящIащ зэрахузэфIэкIкIэ нэхъ лъагэу дэкIуейуэ лъэтэну. Ар зыхуэгъэзар гурыIуэгъуэт: Километри 7 я лъагагъыу кIуэмэ, нэмыцэхэм я ПВО-хэри зэрызауэ кхъухьлъатэхэри къалъэIэсыфыртэкъым: ахэр километри 4-5-м фIэкIыфыртэкъым: Бомбэхэр дадзэу къагъэзэжыни хуейт, арщхьэкIэ абы ди кхъухьлъатэзехуэхэри егупсысыртэкъым: нэхъыщхьэр Сталиным и унафэр ягъэзэщIэнырт…
Мыри зыщыбгъэгъупщэ хъунутэкъым: метр мини 7-кIэ удэкIуеймэ, щIыIэр градус 35-40-м нэсырт. Кхъухьлъатэ кIуэцIми щынэхъ хуабэтэкъым. КIэщIу жыпIэмэ, апхуэдэ лъэбакъуэм утегушхуэн папщIэ жыру ущытын хуейт.
Апхуэдиз и лъагагъыу уэгум итми, фронтым зэрызэпрыкIыу нэмыцэхэм гу къылъатащ. АрщхьэкIэ къеуакъым: бийм и фIэщ хъуртэкъым урысхэр мыпхуэдэ Iуэхум тегушхуэну.
ДБ-ЗФ кхъухьлъатэ хьэлъэхэр 15 хъурт, гупищу гуэшауэ. Ягъэува зэманым ахэр Берлин нэсащ. Къалэр жей IэфIым хэтт, уэрамхэм дэтыр иужьрей трамвайхэм я закъуэт. НапIэзыпIэм нацист Германием и щыхьэрым щытыкIэм зыщихъуэжащ: абы тещэщащ килограмм 250-рэ зи хьэлъагъ бомбэхэр, щIыпIэ куэдыр мафIэсхэм зэщIищтащ. Къалэр плъыжьыгъэм ириIат. Кхъухьлъатэхэм ящыщ зым и радист Кротенкэ Василий Москва къыхуиIуэхуащ пщэрылъ щащIа къалэнхэр зэрагъэзэщIар.
ЦIыху гужьеяхэр я унэхэм къыщIэжырт. Нэмыцэ ПВО-хэм зыкъащIэжыхукIэ зэман дэкIащ. ИужькIэ ахэр мыувыIэу уафэм дэуейуэ хуежьащ, арщхьэкIэ къикIа щыIэтэкъым: уэгум совет кхъухьлъатэхэр къыщызылъыхъуэ прожекторхэр километри 7-м нэскIэ «дэплъеифыртэкъым», шэхэри нэсыртэкъым.
 Зыри яхэмыщIу кхъухьлъатэ псоми къагъэзэжащ зытелъэтыкIа аэродромым.
 ПцIы яупсын фIэкIа нэгъуэщI къахуэнэжыртэкъым
Нэху ща иужь нэмыцэ властхэм ялъэгъуащ къэхъуа узижагъуэныр. Абы щыгъуэм къагурыIуат совет кхъухьлъатэхэр дяпэкIэ къызэрыкIуэнур. ЦIыху гужьеяхэр зэтрауIэфIэн папщIэ зыгуэрхэр къагупсысын хуейт. УкIытэншэу пцIы яупсыну мурад ящIащ. Совет кхъухьлъатэхэр Берлин зэрытеуар ябзыщIащ. Фашист пропагандэм и зэфIэкI псори ирихьэлIащ хэщIыныгъэхэр мащIэу къыщагъэхъуным. СМИ-хэм жаIащ жэщым Берлин инджылыз бомбэзехьэу 50 къебгъэрыкIуауэ икIи абыхэм ящыщу 6-р «къаруушхуэ зыбгъэдэлъ нэмыцэ ПВО-хэм къраудыхауэ». АрщхьэкIэ нэмыцэ пропагандэм и адэ Геббельс мыбдеж и Iуэху къыщикIакъым. Абы пцIы зэриупсыр сэтей къищIащ Лондон и радиом: «Хьэлэмэтщ икIи телъыджэщ Берлин дызэрытеуам теухуауэ герман СМИ-хэм ягъэIуахэр. Абы щыгъуэми, шыщхьэуIум и 7- 8-хэм инджылыз авиацэр и аэродромхэм телъэтыкIакъым дунейр зэрыкIагъэпшагъэм къыхэкIыу».
Апхуэдэу щыхъум, фашист унафэщIхэм нэгъуэщI зыри къахуэнэжакъым урысхэр Берлин зэрытеуамкIэ заумысыжын фIэкIа. ИужькIи белджылы мызэ-мытIэу къэхъуащ нэмыцэ ПВО-хэр зэрызэфIэкIыншэр. 1941 гъэм шыщхьэуIум и 8-м къыщыщIэдзауэ фокIадэм и 4-р къэсыху совет кхъухьлъатэзехуэхэр Берлин куэдрэ еуащ. Абы кIэ щигъуэтар 1941 гъэм и бжьыхьэм фашистхэм Кагул аэродромыр зэхакъута иужькIэщ.  

 

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться: