Къуажэжьым ихъумэ хъугъуэфIыгъуэхэрХьэпцIейм нэхърэ нэхъ къуажэ зэгъэпэща Къэбэрдей-Балъкъэрым щыбгъуэтынкIи хъунущ, ауэ Тэрч псыхъуэм хуэдэу псэм зыщигъэпсэху щIыпIэ, абы къыщыхъуа цIыхухэм нэхърэ нэхъ псэ хьэлэл, ерыскъыр нэхъ щыберычэт, хьэщIэр нэхъ зыщымысхьыжу щагъафIэ жылэ зэрыгъуэтыгъуей дыдэм шэч къытевмыхьэ. А псом къадэкIуэу, къалэшхуэхэм япэIэщIэ къуажэжьым зэманым и Iэ щIыIэм зыIэщIримыгъэхауэ ехъумэ лъэпкъым къыдекIуэкI зэхущытыкIэ гумащIэри, псэукIэ зэпIэзэрытри, лэжьэкIэ жанри, цIыху IэпщIэлъапщIагъэри, пщэфIэкIэ гунэсри, иджыпсту ящыгъупщэжа бзэм и хъугъуэфIыгъуэхэри. «Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я аудио-теплъэ щIэнгъуазэ», - апхуэдэу пхузэдзэкIынущ иджыблагъэ къэралым Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и агентствэм кърихьэжьа проектыщIэм и цIэр. Лъэпкъыбэу зэхэт ди къэралым щыпсэухэр адрейхэм кърагъэцIыхуну мурад зыхуэзыгъэувыжахэр иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрми щыIащ. Ди псэукIэм и сурэт нэхъ IупщI къыщагъуэтар Тэрч щIыналъэм щыщ Хьэмидей (ХьэпцIей) къуажэрщ. Дэ десэжакIэщ къэрал утыкум щагъэлъагъуэ хабзэ «лъэпкъ цIугъэнэхэм» ди фащэмрэ шыгъупIастэмрэ япэ зэритым. А псор дауэдапщэ гуэркIэ щIэгъэбыдыхьыжарэ джэгурэ Iэнэ берычэткIэ иухыжу. Узрагъэува къупхъэм уикI щымыхъум деж, узэрыщымыту зыпхуэщIынукъым, уимыхьэли пхуэгъэлъэгъуэнукъым. ЦIыху къыпхыхьэху уцIыхущи, хьэпцIей жылэми хьэщIэм пщIэ зэрыхуащIыфыр нэгум щыщIагъэкIащ иджыпсту видеокIэщI пщIы бжыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэIэпах, бжьыхьэ пасэм и махуэ нэщхъыфIэхэм я зым хьэмидей псыхъуэм щагъэува шатырхэм я лъабжьэм щекIуэкIа гущэхэпхэ тхьэлъэIум. Дауи, ди цIыхубзхэм махуэ къэс шылэхъар хужь ятелъу дэткъым, мы сурэтхэм зэрыщыфлъагъум хуэдэу. Ауэ урысей цIыхубэм ирагъэлъэгъуа Темрокъуэ Ибрэхьим-цIыкIу и гущэхэпхэри, НэкIацэ Валентин и IэпщIэлъапщIагъым и Iэужьу утыку кърахьа хьэпшып дахащэхэри, хьэлыуэри, зэкIэрысри, джэдыкIэрыпщри, джэдлыбжьэри ХьэпцIей еблагъэм махуэ къэси щигъуэтынущ. ИтIани, Мэзкуу къикIа хьэщIэхэм нэмыщIамэ, дэ Iэмал диIэнутэкъым мазитI фIэкIа мыхъуа Темрокъуэ Ибрэхьим и гущэхэпхэм «дыхэтыну». «Нобэ мы тхьэлъэIур зращIэкI Ибрэхьим фIаща цIэр къызэрыгуэкIкъым, бегъымбарыцIэщ, - купщафIэу иришэжьащ и хъуэхъур къуажэм фIы дыдэу щалъагъу, и гъэсэнхэр адрейхэм къахэщу, илъэс куэдкIэ егъэджакIуэу лэжьа Хьэтыхъу (Ашыбокъуэ) Марие. – И цIэм хуэфащэу, къызыхэхъуа Темрокъуэхи зэрыадыгэ лъэпкъыуи ипэкIэ зыгъэкIуэтэн, гъуэгу захуэм тету псэун щIалэ Тхьэм ищI. Дыгъэм ещхьу хуауба мы хьэлыуэм хуэдэу и гъащIэр нэхуу, абы хуэдэу IэфIу псэуну Алыхьым жиIэ». Сурэтхэм IупщIу уи нэгум къыщIагъэувэ ХьэпцIей хуэмыху зэрыдэмысыр, гъэсэныгъэми зэхущытыкIэ гуапэми пщIэшхуэ зэрыщыхуащIыр. Хьэлыуэр зэIызыщIэ ТIэрэщ Анетэ бэлагъыр дакъикъэкIэ яIэщIелъхьэ тхьэлъэIум кърихьэлIа пщащэ цIыкIухэм. Мы теплъэгъуэхэр ди махуэкъэс гъащIэм зэрыхэмытым гур нэхъ лейуэ игъэхуабэрэ хьэмэ игъэупщIыIурэ?! Дауэ хъуми, нэхъыжьми нэхъыщIэми къатехуэр ящIэмэ, лъэпкъыр ипэкIэ мэкIуатэ, дыгъуасэм и ужьым нобэр къоувэ. ТхьэлъэIум цIыхухэм щаIэну гукъыдэжыр куэдкIэ елъытащ ар езыгъэкIуэкIым. ХьэпцIей жылэр апхуэдэ IуэхукIэ зэи насыпыншэ хъуркъым, сыту жыпIэмэ, Тамбовкэ къуажэм щэнхабзэмкIэ и унэм и режиссёр-постановщик, лъэпкъ дауэдапщэхэр езыгъэкIуэкI, Джылахъстэнейм фIыуэ щацIыху Щад (Тап) Марианнэ хьэпцIеипхъущ. ЖиIэр и цIыху щIыкIэ гуакIуэм езыр-езыру къыздихьу къыпфIигъэщIу, Марианнэ и адыгэбзэ щхъуэкIэплъыкIэм гулъытэ щагъуэтащ Ибрэхьим-цIыкIу къызыхэхъуа Темрокъуэхи, сабийм и анэш Щамырзэхи, тхьэлъэIум къекIуэлIа дэтхэнэ зы цIыхуми, абы къыщаIэта ерыскъыми. Къеблэгъахэм фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ зи къуэрылъхур гущэм хэзыпхэу флъагъу Темрокъуэ Ларэ: «Ди щIалэм и тхьэлъэIум кърихьэлIа дэтхэнэ зыми лъэбакъуэу къэфчар Тхьэм псапэу къывитыж. Алыхьым узыншэу укъытхуигъэхъу, гъащIэ кIыхь Тхьэм утхуищI, къекIуэлIахэми Тхьэр арэзы къыфхухъу. Мыпхуэдэ фIыгъуэ унагъуэкIэ зиIэн псори Тхьэм фищI». Адыгэм и цIэр лейуэ къраIуэным щхьэусыгъуэ хуэхъуа Темрокъуэ Ибрэхьим-цIыкIуи я зы махуэ гъащIэ ди нэгу щIэзыгъэкIа ХьэпцIей жылэми я хъыбарыфIхэр нэхъыбэж хъуну ди гуапэщ.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
24.04.2025 - 13:10 →
Iэпхъуалъэ лъащIэм уиплъэмэ…
24.04.2025 - 09:00 →
ЗэпыщIэныгъэхэр яIэщ
18.04.2025 - 13:24 →
Фэеплъхэм гулъытэ хуащI
17.04.2025 - 12:26 →
Урыс гъуазджэм и япэ музей
17.04.2025 - 12:26 →
Вагъуэ цIыкIухэм яхудэплъейуэ
|