КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьрэ ЕщIэнокъуэ Атэбийрэ я хъыбар

Абы фIэкIри, зы теуэгъуэфI икIуауэ, мэлыхъуэ пщыIэ хуэзащ. Абыи, жэщ хъуати, щыхьэщIащ икIи къыжраIащ кIуэн хуэмейуэ. АрщхьэкIэ къимыгъэзэжу тешэсыкIыжащ. Ари Дэгужьым и мэлт.
Абы фIэкIри, бжьахъуэ пщыIэ хуэзащ. Абыи, адрей тIум хуэдэ къабзэу, къыжриIащ. Къигъэзэжын щимыдэм, бжьахъуэ тхьэмадэм къыжриIащ:
– АтIэ, укIуэми, гъуэгу махуэ, ауэ абы узэрыбгъэдыхьэн хуей щIыкIэр бжесIэнщ. Дахэу, и пщIантIэм удыхьэнщи уепсыхынщ, уи шыр пхъэлъантхъуэм фIэбдзэнщи, уэ хьэщIэщым ущIыхьэнщ. А пщIантIэм дэт IуэхутхьэбзащIэхэм Дэгужьым хъыбар ирагъэщIэнщ. Абы унафэ ищIынщ уэри уишри фызыхуей фыхуэзэу фагъэхьэщIэну. Езыр зыкъом дэкIрэ къэтэджмэ, уи деж ныщIыхьэнщ. Уэ жепIэнур уэ пщIэжынщ, ауэ абы шы алъп зыкъом иIэщи, абыхэм ящыщ зыгуэрым уигъэшэсу щакIуэ щIыкIэ хуэдэу удишыну къыбжиIэнщ. «Мобы сышэсынщ, ар шы схуэхъунщ» – зэрыжыпIэу, тхьэ соIуэ, уи щхьэр фIихагъэххэкIэ. Ауэ умыдэ ухэдэн, – къыжриIащ.
– Захуэщ, – жиIэри ЕщIэнокъуэр шэсыжри ежьэжащ.
Ауэрэ щыкIуэкIэ, зэ нэсынтэкъэ, нэсащ. Дыхьащ Дэгужьым и пщIантIэм. Бжьахъуэ тхьэмадэм къызэрыжриIам хуэдэ дыдэурэ пщIантIэм Iуэхур щекIуэкIащ. ТхьэмахуитI хуэдизкIи абы щыхьэщIащ. ИужькIэ КъуийцIыкIуокъуэр къеупщIащ ЕщIэнокъуэм:
– Иджы, си хьэщIэ, дэнэ укIуэрэ, дэнэ укъикIрэ, хэтхэ уащыщ, сыт щхьэкIэ укъысхуэкIуа?
– Сэ мопхуэдэ хэкум сыкъикIащ, уи деж сыкъэкIуащ, си цIэр мыращ, си унэцIэр мыращ – жери, зыкъримыгъэцIыхун щхьэкIэ, псори пцIыуэ жриIащ. – Абы адэкIэ, – жиIащ Атэбийм, – сэ сыбылымыхьэкъым, сышхыныхьэкъым. Уи хъыбар дахэ зэхэсхырти, услъагъуну, уи хабзэхэм сыкIэлъыплъыну, сызыщIыбгъэгъумэ, пщафIэу зыкъомрэ сыпщIыгъуну, уи лIыгъэхэм ящыщ зыкъом зыхэслъхьэфмэ, зыхэслъхьэну аращ сыкъыщIэкIуар.
– АтIэ, захуэщ, куэду фIыщ, апхуэдэщ сэ схуэмыгъуэтыр. Ныжэбэ зыгъэпсэху, пщэдей дежьэнщи, зытплъыхьынщ, сэри зыбжанэ щIауэ сежьакъыми, ежьэныгу-къэкIухьыныгу сыхъуауэ щытщ, – жери зэбгъэдэкIыжащ.
Атэбий хьэщIэщым къыщIэнащ, КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьыр и унэм кIуэжащ. Нэху къекIри, ешхэ-ефэныр зэрызэфIэкIыу, КъуийцIыкIуокъуэм жиIащ:
– Уи шыр шы пхуэхъунукъым, сэ уэстынщ шы пхуэхъун. НакIуэ модэ шэщым, – жиIэри Атэбийр щIишащ.
Шэщым щIыхьэхэри, шибгъу щIэтт, зым нэхърэ адрейр нэхъ дэгъуэу.
 – Хэплъэ, хэдэ, къыхэх уфIэфIыр. Телъхьэ уанэ, дыдэкIынщ, – жиIащ Дэгужьым.
Атэбийр къэпсалъэри:
– Мыхэр псори шы хьэлэмэтщ, фIы защIэщ, дэгъуэхэщ, ауэ сэ уиш сышэсыну схуэфащэкъым. Уэ пхуэдэлIкъым зиш шэсхэр, хъер пхухъу. Сэ си алащэжьым сышэсыжынщ, – жиIащ.
Дэгужьыр нэпцIу куэдрэ еныкъуэкъуащ.
– Зыгуэрым шэс мыбыхэм ящыщу, армыхъумэ уи алащыжьымкIэ сэ укъысщIыхьэнкъым, – жери.
Сыт имыщIами, хуэшэсын щимыдэм, итIанэ жиIащ Дэгужьым:
– Уэ пщафIэ ухъуну къыщIэкIынщ, щхьищэ ирикъуным зы щхьэ фIэкIа мычэмыжу щхьэ пщIейрэ пщыкIубгъурэ пызупщIащ, сиш шэсыну зэрызыхуагъэфэщам щхьэкIэ. НакIуэ, уи алащэм шэс, щIэмыхьэ-щIэмынэурэ усщIыгъунщ.
Арати, шэсхэри дэкIащ. ЗыкъомыфIрэ кIуахэу, гъуэгум дадзыхри кIуэурэ, зы унэ хужь, и пщIантIэр лъагэу къэщIыхьауэ, хуэзащ. ЛIыхэр дыхьэри епсыхащ.
КъуийцIыкIуокъуэм:
– Иджы моуэ щыт уэ, сэ модэ сокIуэ, – жиIэри, шэсыжри пщIантIэм къыдэкIыжащ. Куэд дэмыкIыу, ныш пшэр и шыплIэм дэсу къыдыхьэжащ. Ар яукIащ, ягъэващ, яшхри ежьэжахэщ. Ауэрэ кIуэурэ, етIуанэ махуэм аргуэру апхуэдэ зы унэ гуэрым дыхьэхэри зыщагъэпсэхуащ, щешхащ, щефащ. Ещанэ махуэми – апхуэдэ къабзэу.
Иджы а махуищми къызыщыувыIа унэхэр абы и унэт, зекIуэ щыкIуэ-къыщыкIуэж сытхэм щыгъуэ зыщигъэпсэхуу. Махуищым гъуэгурыкIуэхэри, еплIанэ махуэм и пщыхьэщхьэм мэз лъапэм щIэсу зы къуажэ цIыкIу гуэрым и гъунэгъуу епсыххэри, нэху абдеж къыщекIащ. Нэху щыри, КъуийцIыкIуокъуэм жиIащ:
– Модэ плъэт, мо унэ хужьышхуэр плъагъурэ? Мис абы зы хъыджэбз дахэ гуэр яIэщи, си гъащIэм иужь ситщ – къысIэрыхьэркъым. Изохьэжьэ ар, ауэ, си шыр щIаукIыкIри, лъэсым сыкъызэрыхуэнэу, сIэщIокIыж. Ар иджы дымыхьу хъунукъым. А хъыджэбзыр пщы бей гуэрым ипхъущ. Махуэм зэрызиужьу, мо хадэм цIыхубзхэр и гъусэу къихьэнущ. Абы мопхуэдэ-мыпхуэдэ щыгъынхэр щыгъынущ. А цIыхубзхэр здэкIуэмкIэ закъыхуэдгъэзэнщ. Уэ епхъуи а хъыджэбзыр къащти, си шыплIэм къыдэдзэ.

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырарТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться: