Мэзытхьэ къыдэуи!Къуажэм дэкIри, Нэгей и къуэ Лъэпщагъуэ мэз лъапэм пщыIэ щыхисащ. Гъунэгъу пщыIэм зы мыщэ, зы дыгъужь, зы бажэ тест. Iэдакъэжьауэ ищIри, мыщэр ипщэкIэ плъащ: - Хэт мэз лъапэм пщыIэ къыщыхэзысар? - Нэгей и къуэ Лъэпщагъуэщ, - жиIащ бажэм. - Дзыгъуащэ къежьауэ зэхэсхащ. - Лы жьэрымэ къысщIехьэ, - жиIащ мыщэм, памэри. - КIуэ, бажэжь цIыкIу, игъэжьаIамэ, дызэдзэкъэн гуэр къытхуэхь. Бажэр Нэгей и къуэм деж кIуащ. - Нэгей и къуэ Лъэпщагъуэ! - джащ бажэр. Джэдур пщыIэм къыщIэкIащ. - Хэт ар? Сыт ухуей? - Ныщхьэбэ дызэдзэкъэн жери, мыщэм сыкъигъэкIуащ, - жиIащ бажэм. - Ди хьэтыр къэлъагъу. - Фи хьэтыр сымылъагъумэ, хэт и хьэтыр слъагъун! - жиIащ Нэгей и къуэ Лъэпщагъуэ. - Модэ зы бажэ кIэбдз фIэздзащи, пщыхьэщхьэшхэ фхуэхъунщ. - Бажи къэпщэкIурэ уэ? Дзыгъуащэ укъежьауэти зэрызэхэтхар, - и фэр пыкIащ бажэм. - Дзыгъуи сощэ, бажэлри си мыхьэмышхкъым. - Мэзытхьэ къызэуи! Жэщ нэщI итхмэ, нэхъыфIи! - жери, бажэр Нэгей и къуэ Лъэпщагъуэм и пщыIэм къытекIыжащ. - Уи хьэтыр къилъэгъуакъэ? - къеупщIащ мыщэр. - Къилъэгъуакъым. Хьэтырыншэ гуэрщ гъунэгъу къытхуэхъуар. - Уэ кIуэ, дыгъужьыжь, уэ уи хьэтыр къилъагъункIэ мэхъу, - жиIащ мыщэм. Дыгъужьыр Нэгей и къуэ Лъэпщагъуэ и пщыIэм техьащ. - Нэгей и къуэ! Джэдур пщыIэм къыщIэкIащ. - Хэт ар? Сыт ухуей? - Мыщэм сыкъигъэкIуащ: ныщхьэбэ дызэдзэкъэн гуэр къыдэт. - Модэ дыгъужь блатхьэ фIэздзащи, хьы, пщыхьэщхьэшхэ фхуэхъунщ, - жиIащ джэдум. - Уэ дыгъужьи къэпщэкIурэ? - Дыгъужьи къызощэкIу. - Мэзытхьэ къызэуи! И фэр пыкIауэ, дыгъужьыр пщыIэм къытекIыжащ. - Уэри уIэнэщIи. Уи хьэтыр къилъэгъуакъэ? - къеупщIащ мыщэр. - Къилъэгъуакъым, - жиIащ дыгъужьым. - Хьэтырыншэ гуэрщ ди гъунэгъур. - Сэ сыкIуэнщи, сеплъынщ, - жиIащ мыщэм. - Си хьэтыр къилъагъункIэ мэхъу. КIуэри, джащ: - Нэгей и къуэ! Джэдур пщыIэм къыщIэкIащ: - Хэт ар? Сыт ухуей? - Ди хьэтыр къэлъагъуи ныщхьэбэ дызэдзэкъэн гуэр къыдэт: дыныбэнэщIщ. - Фи хьэтыр сымылъагъумэ, хэт и хьэтыр слъагъун: модэ мыщэ дзажэ фIэздзащи, хьы, пщыхьэщхьэшхэ фхуэхъунщ, - жиIащ джэдум. - Уэ мыщи къэпщэкIурэ? - КъызощэкIу, - жиIащ джэдум. - Бажэлрэ дыгъужьылрэкIэ зызгъэнщIа нэужь, мыщэл тызошхыхьыж. - Мэзытхьэ къызэуи! - и фэр пыкIащ мыщэм. - Жэщ нэщI итхмэ, дыщэм хуэди! И псэр IукIауэ, мыщэр Нэгей и къуэ Лъэпщагъуэ и пщыIэм къытежыжащ: - Уэхьэхьей! Емынэр ди унэм къихьащ! Щхьэж и щхьэр зэрыхихын, маржэ! Мы мэзым дишх щыIэжкъым дэ! Нэгей и къуэм дыIэщIэмыкIуадэ щIыкIэ, лъэныкъуэ зевгъэз! Мыщэм, дыгъужьым, бажэм, щхьэж и занщIэр и гъуэгуу, кIэбгъу защIыжри, хьэрэкъуагъкIэ дыхьэжащ.
Поделиться:
Читать также:
21.10.2024 - 15:02 →
Акъылыншэр гъунэжщ
11.10.2024 - 11:01 →
КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьрэ ЕщIэнокъуэ Атэбийрэ я хъыбар
07.10.2024 - 14:30 →
Пэжыгъэ
03.10.2024 - 16:00 →
Сэ езыр
26.09.2024 - 16:54 →
Къуэдзокъуэр мазэм зэрыкIуар
|