Бэрэгъун Заур япэ йощ![]() Япэ каналым иригъэкIуэкI «Голос. Дети» макъамэ теленэтыным ди щIыналъэм щыщу хэт Бэрэгъун Заур етIуанэ Iыхьэм щыпхыкIащ. Бэрэгъун Заур игъэзэщIа «Небо» уэрэдыр къэпщытакIуэхэми нэтыным еплъхэми ягу зэрыдыхьар гуапэщ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ехъуэхъуащ «Голос. Дети» нэтыным республикэм и цIэкIэ кIуа уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ Бэрэгъун Заур и зэфIэкIхэр абы къызэрыщигъэлъэгъуамкIэ. - Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу Заур сохъуэхъу, дяпэкIи ехъулIэныгъэхэр иIэну си гуапэщ! - жиIащ КIуэкIуэм. КъыжыIапхъэщ, Заур илъэсиплI зэрырикъурэ уэрэд жыIэным зыхуегъасэ. УэрэджыIакIуэхэм я зэпеуэ, телепроект куэдым ар мызэ-мытIэу щытекIуащ. КъинэмыщIауэ, «Пэрытхэр» зэгухьэныгъэм хэт ныбжьыщIэ Iущыр жылагъуэ Iуэхухэми жыджэру хэтщ.
Поделиться:
Читать также:
26.03.2026 - 13:36 →
Хэку тхыдэмкIэ зэпоуэ
10.03.2026 - 16:02 →
ЩIэныгъэм лъагъуэхэр пхрашу
03.03.2026 - 13:16 →
ЩIалэгъуалэм я зэхэщIыкIыр къаIэт
02.03.2026 - 15:43 →
Япэ увыпIэхэр къыхуагъэфэщащ
02.03.2026 - 13:11 →
Кавказ тажым хэс налмэс лъапIэ
| ||





