Тхыдэм и лъабжьэр быдэщЖэпуэгъуэм и 8-м Алтай Республикэм щекIуэкIащ «Бгыщхьэ Алтайр тырку лъэпкъхэм я къежьапIэщ. Тырку цивилизацэм зэрызиужьам и IуэхукIэ» зыфIаща дунейпсо щIэныгъэ конференц. Алтай Республикэм и нэIэ щIэту, зи гугъу тщIы дунейпсо зэхуэсышхуэр къызэрагъэпэщащ УФ-м и Тхыдэ, Дзэ-тхыдэ, «ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэхэм, къэралым ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и КъуэкIыпIэ институтым. Зэхуэсышхуэм и лэжьыгъэм хэтыну къекIуэлIахэм хъуэхъу псалъэ къахуигъэхьащ УФ-м и Президент Путин Владимир: «Евразиер лъэпкъыжь куэдым я къежьапIэщ, тырку лъэпкъхэри яхэту. Иджырей щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм япкъ иткIэ, а псоми тхыдэкIэ я лъабжьэр пасэрей Алтайм и бгыщхьэхэрщ. Иужьрей зэманым ди щIэныгъэлIхэми археологхэми тырку тхыбзэм, ар зыIурылъ лъэпкъхэм я псэкупсэм, щэнхабзэм я фэеплъ куэд къызэIуахащ, абыхэм Алтайм тхыдэкIэ щаубыд увыпIэр къигъэлъагъуэу. Щхьэхуэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ тыркубзэми, абы ирипсалъэ лъэпкъхэм я хабзэмрэ псэукIэ хьэлымри Урысейм щызэфIэува къэрал-цивилизацэ къызэрымыкIуэм къыпхугуэмыхын и Iыхьэшхуэу зэрыщытыр». Конференцым къекIуэлIахэм хъуэхъу тхыгъэкIэ захуигъэзащ Урысейм и тхыдэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Нарышкин Сергей: «Нобэр къыздэсым Алтаишхуэм тырку лъэпкъхэм я щIэиныр ехъумэ, абы щызэфIэува пасэрей лъэпкъыжьхэм лъабжьэ быдэ зэраIэм икIи фIыуэ зэрызаужьам къыхэкIыу. Мывэм къыхэщIыкIа фэеплъхэр, рунэ тхыгъэхэр, шаман диныр, мыбы щагъэIурыщIа мэгъу къару зэмылIэужьыгъуэхэр ди къэралми хамэ къэралхэм щыщ щIэныгъэлIхэм я дежкIи къигъэхъуапIэ телъыджэщ, блэкIар ираджыну. Илъэсищэ бжыгъэкIэ зэфIэуващ славянхэмрэ тырку лъэпкъхэмрэ я зэпыщIэныгъэр. Ар ди къэралыр и пIэ иувэнми сэбэп хуэхъуащ, абы хиубыдэ дэтхэнэ зы лъэпкъми и зыужьыныгъэм гъуэгу зэригъуэтынум и щыхьэту. Сигу къокIыж КъуэкIыпIэ щэнхабзэм пщIэшхуэ хуэзыщIу щыта Рерих Николай и псалъэхэр: «Урысейр зы расэу зэхэткъым, и къарур къызыхихри аращ. Урысейр расэхэмрэ лъэпкъхэмрэ зэгухьэкIэрэ къэунэхуа къэралщ». Конференцыр къыщызэIуахым къэпсэлъа, Урысейм и Дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм и УнафэщI Мединский Владимир къыхигъэщащ Евразием лъэпкъ куэд къызэрыщыунэхуар: «Мыбдежым нобэ дунейм пщIэшхуэ щызиIэ тюрколог 70-м нэс къуэкIыпIэ тхыдэмкIэ щIэныгъэлIхэу къекIуэлIащ, хамэ къэралу щыт тырку щIыналъэхэм къикIауэ. Тырку лъэпкъхэр зэрызэбгрыIэпхъукIа щIыкIэм Урысейми нэгъуэщI лъэпкъ куэдми я щIыпIэр яригъэгъуэтыжащ. Евразиер дунейм щызекIуэ динхэм я мызакъуэу, лъабжьэ зиIэ цивилизацэ куэдым я къежьапIэщ. Ар дуней щIэныгъэлIхэр щIризэдауэ Iуэхущ, аращ мыбы нобэ къэрал зыбжанэм я лIыкIуэхэр къыщIедгъэблэгъар, щхьэж и еплъыкIэ къыщигъэлъэгъуэфын хуэдэу. Евразием и Ищхъэрэ Iыхьэм деж къыщежьэу, Алтаишхуэм зыщызыубгъуа тырку лъэпкъхэр континентым игуэша зэрыхъуамкIэ нэхъыбэр зэакъылэгъущ». Конференцым къыщыпсэлъахэщ тюркологхэр, къудамэ зэмыщхьхэм щылажьэ тхыдэджхэр, къуэкIыпIэм зэрызиужьам зи IэщIагъэр епха щIэныгъэлIхэу Урысейм, Беларусь Республикэм, Венгрием, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Узбекистаным, Монголием, Азербайджаным къикIахэр. УФ-м и ЩIэныгъэ Академием хыхьэ КъуэкIыпIэ институтым и унафэщI Аликберов Аликбер Урысейм щыпсэу лъэпкъхэр тыншу зэрыубыдын папщIэ, славянхэмрэ тырку лъэпкъхэмрэ я зэпыщIэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIам тепсэлъыхьащ: «Тырку щылъхухэм лъэпкъыбэу зэхэт Урысей Федерацэм мыхьэнэшхуэ щаубыд. Къэралым щыпсэу лъэпкъхэр быдэу зэрызэрыIыгъым и гугъу тщIымэ, Iэмал имыIэу славян-тырку зэпыщIэныгъэхэр къызэрекIуэкIари къыхэдгъэщыпхъэщ. Евразие Ищхъэрэм и закъуэм фIэкIа дытемыпсэлъыхьми, абдеж быдэу щызэрыубыдауэ щытащ славянхэмрэ тыркухэмрэ. Ахэр тхыдэкIэ зэлъэIэсу къызэрыгъуэгурыкIуам Евразием и бгыщхьэ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъ псори зэпищIащ». Тырку лъэпкъхэр къызэрыунэхуам теухуа конференцым мыхьэнэшхуэ зэриIэм и гугъу ищIащ Алтай Республикэм и губернатор Турчак Андрей. «Зы лъэпкъым адрейм пщIэ хуищIу, ди щIыналъэм щопсэу лъэпкъ 90-м щIигъу, дэтхэнэ зыми и хабзэр, и бзэр, къыдекIуэкI псэукIэ хьэлыр къыкIэлъыкIуэ щIэблэм зэралъигъэIэсыным елIалIэу», - жиIащ Турчак. Губернаторым фIыщIэ хуищIащ УФ-м и Президентым и дэIэпыкъуэгъу Мединский Владимир конференцыр щрагъэкIуэкIыну Алтай Республикэр къызэрыхихам папщIэ. Урысейм и Дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм щIэныгъэмкIэ и унафэщI Мягков Михаил екIуэкIа зэхуэсышхуэм теухуауэ пресс-конференц щрагъэкIуэкIыжым жиIащ: «Урысейм, КъухьэпIэ къэралхэм ещхьу, зэи щIыр зэрапхъуэн, цIыхухэр ягъэпщылIын, цIыхубэр я унафэ ткIийм щIагъэувэн IэмалкIэ зиубгъуакъым». Мягковым и псалъэхэм уигу къагъэкIыж журналист цIэрыIуэ Соловьев Владимир и нэтынхэм яз. «Урысейм щыщ хъуа лъэпкъхэм ящыщу зыри кIуэдыжакъым, дэтхэнэ зыми и щэнхабзэри, и бзэри, и динри къыхуэнэжащ, англо-саксхэм яубыдахэм елъытауэ», - жиIэрт Соловьевми, ар щабэу зэпиудауэ щытащ нэтыным кърагъэблэгъа политолог Сытин Александр: «А Iуэхум теухуауэ адыгэхэм феупщI». Илъэс блэкIам зэдауэшхуэхэр зращIылIа тхыдэмкIэ еджакIуэ тхылъхэр зыгъэхьэзырахэм язщ ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа Мединский Владимир. Балъкъэрхэмрэ шэшэнхэмрэ я хэкум щIраша щхьэусыгъуэр захуагъэм тету къызэрамыгъэлъэгъуар щраудэкIым, тхылъыр щIэрыщIэу къратхыкIыжри, зэрымыарэзы Iыхьэхэр яхъуэжауэ щытащ. Зи гугъу тщIы конференцыр зытеухуауэ щытар куэдкIэ нэхъ тхыдэ жыжьэщ. ФIы дыдэ хъунут апхуэдэ щIэныгъэ зэхуэс ди лъэпкъым и къежьапIэмрэ ар зэрызэбгрыIэпхъукIа щIыкIэмрэ теухуауи ирагъэкIуэкIамэ. ЧЭРИМ Марианнэ
Поделиться:
Читать также:
28.11.2024 - 15:00 →
Колле и тхыгъэхэр ди тегъэщIапIэу
28.11.2024 - 10:00 →
И къэунэхукIэм и бжьи и ныбжьи ухэзыгъаплъэщ
21.11.2024 - 16:30 →
Лъэпкъым зэрызиузэщIам щыщ
16.11.2024 - 16:52 →
Керенскэм и хъыринэхэр
13.11.2024 - 15:54 →
«Бабыгу» цIэм лъэныкъуитIымкIи дыщрохьэлIэ
|