Кавказ лъэпкъхэр къызытехъукIар

ЦIыхум и зыужьыныгъэмкIэ Планк Макс и цIэр зрихьэу Германием щыIэ институтым и щIэныгъэлIхэм яджащ иужьрей илъэс мини 6-м Кавказым щыпсэуахэм ящыщу хьэдэ къупщхьи 131-рэ. А къэхутэныгъэхэр тхыжауэ иджыблагъэ къытехуащ Nature журналым. 

Хы ФIыцIэмрэ Хъэзэр тенджызымрэ я зэхуаку дэлъ Кавказ щIыналъэм зэпещIэ Европэри, КъуэкIыпIэ Гъунэгъури, Азиери. Мы къэпщытэныгъэхэм къызэщIаубыдэ Кавказымрэ Иранымрэ я зэхуакум щыпсэуа лъэпкъхэр. 
- Кавказым и щIыуэпсымрэ географиемрэ зэхуэдэкъым. Апхуэдэ дыдэщ мыбы къыщагъуэтыж археологие щэнхабзэхэри. Аращ ар телъыджэ зыщIыжри, - жеIэ къэпщытакIуэ гупым и унафэщI Хаак Вольфган. 
Гупым ирагъэкIуэкI генетикэ къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Кавказ къуршым и лъэныкъуитIым (Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ) зыкIи зыщымыщ щакIуэ гупитI щыпсэуащ. А теплъэм зыщихъуэжар Меопотамием къикIыу, ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс 6000-хэм щIым телажьэ гуп къакIуэу къахэтIысхьа нэужьщ. ИгъащIэ лъандэрэ Кавказ Ипщэм щыпсэуа лъэпкъым и ныкъуэр къуршым къыщхьэпрыкIри, ищхъэрэ щыIэхэм яхэшыпсыхьащ. ИпщэкIэ къыщына гупым Месопотамием къикIахэр къахэтIысхьэри, ахэри зэхэшыпсыхьащ. 
КъыкIэлъыкIуэ илъэс мини 2-м къриубыдэу ищхъэрэкIэ щыпсэухэм домбеякъ лъэхъэнэу тцIыху щэнхабзэр къагъэщIащ. Хьэдэр щIалъхьэжа нэужь Iуащхьэ тещIыхьыжыныр жыпIэ хъунущ ипщэкIэ къраха хабзэу. ЩIэщыгъуэрэ хабзэщIэкIэ бейуэ мейкъуапэ щэнхабзэр апхуэдэущ къызэрыунэхуар. 
- Кавказ Ищхъэрэм щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ зыщиужьа, щэнхабзэкIэ зэфэгъуу, ауэ генетикэкIэ зэщымыщу лъэпкъ зыбжанэ щызэхэшыпсыхьа лъэхъэнэщ ар. Евразием и губгъуэ гъунэншэхэр зи щIэщыгъуэ, Iэщыхъуэ-Iэпхъуэшапхъуэ лъэпкъым и псэукIэр зымыцIыхухэм я дуней тетыкIэр яхъуэжын хуей хъуащ абы щыгъуэ, - жеIэ къэпщытакIуэхэм ящыщ Райнхольд Сабинэ. 
Пэж дыдэу, археологие къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Iэщ хъушэр зехуэнымкIэ, гъэшыр зехьэнымкIэ, ар хъумэнымрэ жылэр зэщIыгъуу IэпхъуэнымкIэ IэмалыщIэхэр къоунэху, шыр унагъуэ псэущхьэ зэрыхъуар, шыгу къагупсысу абы шэрхъ зэрыщIалъхьэжари ди нэгу къыщIагъэувэ щIэныгъэлIхэм. 
- Гъэш зехьэнымкIэ нобэ цIыхум къигъэсэбэп Iэмалхэр дызытепсэлъыхь домбеякъ лъэхъэнэм къикIащ зэрыщыту. Гуп щхьэхуэм хухэха, щакIуэхэм къамыгъэсэбэп а IэщIагъэм зрагъэубгъури, хамэ щIыналъэхэм къахьэсащ Iэпхъуэшапхъуэхэм, - къыхегъэщ профессор Уориннер Кристинэ. 
Куэдрэ щылъ ерыскъыпхъэхэм (псалъэм папщIэ, кхъуей, фо) я фIыгъэкIэ цIыхухэм Евразием зраубгъуащ, экономикэм зригъэужьащ. КъищынэмыщIауэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс 3000-хэм ирихьэлIэу Iэщыхъуэ-Iэпхъуэшапхъуэр куэд зэрыхъуари аращ зи фIыгъэр. Апхуэдэущ цIыхур нобэрей Монголиемрэ Карпатымрэ зэрыIэпхъуар. А псоми къыдэкIуэу, цIыхухэр къуршым икIри, Анадолэм, Ливаным, Иракым Iэпхъуащ. 
Гу лъытапхъэщ губгъуэрысхэмрэ бгырысхэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэмрэ хабзэхэмрэ зэхуэмыдэу зэрыщытам. Бгырысхэм благъагъэм пщIэ хуащIу, зэрыIыгъыу, хьэдэ зэрыщIалъхьэри зэхуэдэу къекIуэкIащ. Iэпхъуэшапхъуэхэр зэтеубла хабзэ ткIийхэм тетакъым, зэблагъэхэр зэрышэжырт, хэкум пэжыжьэу лIэжырт, фэеплъи къахуэмынэу дунейм щехыжа щIыпIэм деж щыщIалъхьэжырт. 
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 2000 гъэхэм ирихьэлIэу зыгуэр къэхъури, губгъуэрысхэр фIыуэ нэхъ мащIэ хъуат, цIыхур щIыуэпсым зэрыхуэмысакъым къыхэкIыу уэгъум зэрызиубгъуам щхьэкIэ. Ауэ щыхъум, илъэс мин бжыгъэкIэ «къэтахэм» Кавказым къагъэзэжурэ бгым итIысхьэжырт. Псори я пIэм изэгъэжа нэужь зэхэшыпсыхьыжри, ахэращ нобэрей Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр къызытехъукIыжар. 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: