Лъэпкъым зэрызиузэщIам щыщ

Дызэрыщыгъуазэщи, дэтхэнэ зы лъэпкъми къыдекIуэкI хьэлхэр, нэщэнэхэр иIэжщ. Абы и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, сыщыуэну къыщIэкIынкъым, ди адыгэ лъэпкъыр сыт и лъэныкъуэкIи нэхъ гумызагъэхэм ящыщ зыуэ къэслъытэмэ. Гуапэ пщохъу нэхъыбэ зрагъэщIэну, псом хуэмыдэу къызыхэкIа лъэпкъым и блэкIам нэхъ куууэ щыгъуазэ зыхуащIыну хущIэкъу щIалэгъуалэ уащыIущIэкIэ. Ахэрщ псом япэу мы тхыгъэр зыхуэгъэзар. Зытеухуар лъэпкъ зыузэщIыныгъэм и зы лъэхъэнэщ. 

Дызытетхыхьыну мурад тщIа 18-нэ лIэщIыгъуэм, зэрытщIэщи, Къэбэрдей щIыналъэр IыхьитIу гуэшауэ щытащ - Къэбэрдеишхуэрэ Къэбэрдей ЦIыкIурэ. Нэхъ иным исхэм я нэхъыбапIэр Бахъсэн псы Iуфэм Iусащ, нэхъ цIыкIум щыпсэуахэм Тэрчыпсым и ижьрабгъу Iуфэр я щIыналъэу щытащ. Зэбгъапщэмэ, Къэбэрдей цIыкIум яIыгъа щIыр, тхыдэтххэм я лэжьыгъэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, плIыкIэ - тхукIэ нэхъ мэщIащ Къэбэрдеишхуэм ейм нэхърэ. А зэманым, 1744 гъэм, щIым и щытыкIэр зыдж щIэныгъэлI Чичаговым къызэригъэлъэгъуамкIэ, жылэ бжыгъэу Тэрч Iуфэ Iусахэр 15, Бахъсэныпс лъэныкъуэкIэ, Псыхуабэ щIыналъэм нэс щыпсэуахэр 33-рэ хъууэ щытащ. КъэхутакIуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, абы щыгъуэ Къэбэрдейм къалэ щыIакъым. Бийм хэкур щахъумэжыну зауэлIу мин 30 иIащ. Абы и зэхуэдитIыр шууеихэт икIи уэркъ щылъхут. Нэхъыщхьэу адыгэхэм я лэжьыгъэу щытар Iэщ гъэхъунымрэ мэкъумэшымрэщ. 
Къэбгъэлъагъуэмэ Къэбэрдейм и экономикэм лъабжьэ хуэхъуар шы, мэл гъэхъунхэрщ, былым гъэшхэным апхуэдэу мыхьэнэшхуэ ирату щытакъым. ХъупIэфIхэр я куэдти, Iэщым ирагъэшхыным щхьэкIэ гугъу ехьыртэкъым - тыншу ягъуэтырт. Гъэмахуэм былымыр, мэлыр, шыр къущхьэхъу щыIэт, хъумым хэтт, щIымахуэм мэкъукIэ, хьэуазэкIэ, хукIэ ягъашхэрт. 
Iэщыр гъэмахуэм къэтыху цIыхухэр щIым телэжьыхьырт. Зауэ къэхъуауэ бийм пэщIэувэн хуей мыхъуамэ, къэбэрдей цIыхухъухэм Iэмал иIэу я щIыпIэр ябгынэртэкъым. А Iэмалыншагъэри илъэс зыбжанэм зэт къыщыхъур. Адыгэхэм я мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм ис адрей лъэпкъхэри апхуэдэут зэрыпсэур, зэрылажьэр. Нэгъуейхэм я закъуэт зэрыс щIыпIэр кIэщI-кIэщIурэ зыхъуэжхэр.
А зэманым ятхахэм къызэрыхэщыжымкIэ, Къэбэрдейр нэхъыщхьэу зэрыкъулейр IэщкIэт. 1777 гъэм Астрахань и губернатор Якоби И. В. итхыгъауэ щытащ мыпхуэдэу: «Мы къэбэрдей, уэркъ щхьэпэлъагэхэм уатекIуэныр тыншкъым, IэщкIэ къулейщи. Ар къаIэщIэбгъэкIыфмэ, зыри ябгъэдэмылъыжу икIи уатекIуауэ къэплъытэ хъунущ. Сыту жыпIэмэ аращ абы мылъкуу ябгъэдэлъу хъуар зэрыхъур». А псалъэхэр зэрыпэжым щыхьэт тохъуэ Броневский зекIуэлIым къигъэна тхыгъэр: «Шымрэ Iэщ яIэм и бжыгъэмкIэщ къэбэрдейхэм я къулеиныгъэр къызэрапщыр. 1769 гъэм къызэрахутамкIэ, нэхъ хуэщIауэ псэу уэркъхэм мэл къудейуэ 2500-м къыщыщIэдзауэ 7000-м нэс иIэт. Нэхъ хуэкъулейуэ къалъытэ цIыхуиблым яйр мин 22-рэ хъурт. Абыхэм якIэлъыплъыр, зыгъашхэр пщылIхэрт.
МащIэкъым, Къэбэрдейм щыIа зекIуэлIхэм, еджагъэшхуэхэм, тхыдэтххэм ди мэлхэм я лым и IэфIагъым, цы ятетым и къабзагъэмрэ щабагъэмрэ фIэтелъыджэлажьэу тетхыхьыжар. Апхуэдэу куэд мэхъу Iэщ пIащэрэ шыкIэ къулейхэм, ягъэщIагъуэу, ятепсэлъыхьыжахэри.
Тыркудзэмрэ кърым хъаным и зауэлIхэмрэ Къэбэрдейм къытеуэмэ, Iэщ куэд здахуурэ ахэр зейхэр  къулейсыз  мащ1эрэ ящIакъым.

Сыт щыгъуи пщIэ лей къыхуащIу къокIуэкI адыгэшым. КуэдыкIейщ абы щытхъуу хужаIар. Зауэ IэнатIэмрэ гъуэгуанэ кIыхьымрэ къыщыгъуэтыгъуейт абы къыпэлъэщын икIи арат нэхъыбэу къызэрагъэсэбэпыр.
Броневский С. 18-нэ лIэщIыгъуэм итхыгъат: «Апхуэдэу шы псынщIэ, лъэ быдэ зыщIэт, бэшэчрэ гъуэгу кIыхькIэ лъэрызехьэрэ слъэгъуакъым». Ахъшэшхуэ къратми, шыр ящэртэкъым зейхэм.
Кърымым щыIа, Франджым щыщ зекIуэлIым фIэтелъыджу итхыгъат: «И теплъэкIи, зэфIэкIкIи, лъэкIыныгъэкIи, бэшэчагъкIи слъэгъуакъым адыгэшым хуэдэ».
Къэбэрдейм щIым утелэжьыхьыну, къулей урихъуфыну Iэмал хъарзынэхэр щыIами, Iэщ гъэхъуным ират мыхьэнэм хуэдэ лъысыртэкъым. Нэхъыбэу цIыхухэр бгыщхьэхэм щыпсэурти, абы мэлрэ, былымрэ, шырэ щыпIыгъынырт зыхуэщIар. 18-нэ лIэщIыгъуэм икухэрщ къэбэрдейхэр тафэхэм тIысын щыщIадзар. 
Тыркухэр, кърымхэр, тэтэрхэр къатеуэмэ, я унагъуэр ябгынэу бгыщхьэм щихьэжи къэхъурт. Бийхэм адыгэхэм я лъапсэр зэхадыгъуэрт, мафIэ ирадзырт, зэхакъутэрт. 
Тхыгъэ къэнэжахэм къызэрыхэщымкIэ, 18-нэ лIэщIыгъуэм щIым телэжьэным псынщIэу зиубгъуу щIидзащ. ПхужыIэнукъым ар уэркъхэр дэзыхьэха лэжьыгъэу, атIэ абы зезытар мэкъумэшыщIэхэрт. Псом хуэмыдэу абы хуэщIа щIыр Къэбэрдеишхуэм щыкуэдт. Адыгэхэм мазэхэм зэреджэу щытари щыхьэт тохъуэ а лэжьыгъэм пщIэшхуэ зэригъуэтам. ВакIуэ дэкIыгъуэ, вакIуэ мазэ, вакIуэ къихьэжыгъуэ, мэкъуауэгъуэ мазэ, хэжыгъуэ мазэ, Iуэгъуэ мазэ. Ахэрт мазэхэм зэрахьэу щыта цIэхэр. Хамэ щIыпIэ къикIа зекIуэлIхэми я тхыгъэм къыхощыж къэбэрдейм нэхъыбэу ху, хьэ, гуэдз, къэб, бжьын, бжьыныху, нэгъуэщхэри къагъэкIыу зэрыщытар.
Къэбэрдейхэм щIым къытраха къэкIыгъэм щыщ къадэхуэм лейр ящэжырт, яхъуэжырт, ауэ я дзэр къатеуэу къагъэкIар щагъэси къэхъурти, щримыкъуи щыIэт. Зэрылажьэ Iэмэпсымэхэри зэрыхуэмыщIам гугъу иригъэхьырт. Абы щыгъуэ зэрылажьэу щыIахэр пхъэIэщэ, фIанэ, гъубжэ, шэмэдж хуэдэхэрщ. ИужькIэ лъэпкъхэр нэхъ зэпэгъуныгъу зэрызыхуэхъуам и фIыщIэкIэ нэхъ IэмэпсымэфIхэр яIэ хъуащ. 
Броневский С. и тхыгъэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, адыгэлIыр зекIуэ ежьэнумэ, и къэлътмакъым гъуэмылэу ирилъхьэр ху хьэжыгъэрэ щыхьыл е мэлыл гъэгъуарэт. Абы адыгэ щIалэр тхьэмахуищкIэ ирикъунут. Урыс зауэлIыр махуищкIэ абы ирикъунукъым».
Джэдкъаз гъхъунми адыгэхэм гулъытэ лей хуащIу щытащ. Я теплъэкIэ дахэ дыдэу, джэдкъаз лъэпкъыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр мыбы унагъуэкIэ ягъашхэрт.
Къэбэрдейм Iэщ гъэхъуным щыхуащI гулъытэм хуэдэ щIым телэжьыхьыным хухахыу щытакъым. Абы зэман мымащIэ текIуэдащ. 18-нэ лIэщIыгъуэм и кIэух илъэсипщIхэм гъавэхэкIым зэрытелэжьын Iэмэпсымэхэр иригъэфIэкIуа иужь ди лъэпкъым и зыузэщIыныгъэм зиIэтащ.

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: